Псалъэм и мыхьэнэр

Адыгэбзэм, адрей бзэ псоми хуэдэу, хамэ псалъэхэр къыхэмыхуэу къэнакъым. Уеблэмэ ахэр бзэм къищтащи, шэч къыщытумыхьэни къэхъункIэ хъунущ. Мы тхыгъэм жылагъуэ лэжьакIуэ, публицист, зэдзэкIакIуэ Хъуажь Фахъри щытхузэпкърех адыгэ ныпым и тхыдэмрэ абы къыдэгъуэгурыкIуа псалъэхэм я мыхьэнэмрэ.

- Адыгей жьабзэм «быракъ», къэбэрдей жьабзэм «бэракъ» жаIэу щызэрахьэ псалъэр зэрымыадыгэбзэр наIуэщ. Абы ипIэкIэ адыгэ псоми ди зэхуэдэу зетхьэр икIи зетхьэн хуейр «нып» псалъэр аращ.

Адыгей жьабзэмкIэ «ны» жиIэмэ, «анэ» жиIэу аращи, «нып» псалъэм сэ си гум къигъэкIыр анэрщ, хэкурщ, хэку анэр псом нэхърэ зэрынэхъапэрщ, зэрынэхъ лъапІэрщ. Лъэпкъым и бын псоми ныпым ар дигу къигъэкIыу щытмэ, лъэпкъымрэ хэкумрэ зэрыгъэгъуэтыжынымкIэ, абы гугъэ-гупсысэ къару лъэщ къызэрытхилъхьэнум шэч хэлъкъым.

Быракъ/бэракъ псалъэр, персыбзэм «щхьэц, сэку, цы налъэ» хуэдэ мыхьэнэ щызиIэ «бейракъ» псалъэм къытехъукIагъэнкIэ хъуну хуагъэфащэ. Ар дыдэр апхуэдабзэу хьэрыпыбзэми хэтщ. Тыркубзэм «байрак» жаIэу щызэрахьэри, абы къытехъукIагъэнкIэ хъунущ, ауэ езыхэм а псалъэр 1000 илъэсхэм къыщыщIэдзауэ тыркубзэжьым (е Iуйгурыбзэм) хэта «бадрук» е 1070 илъэсхэм «щIым хэтIэн, хэукIэн» мыхьэнэ иIэу зэрахьэу щыта «батрак» псалъэм къытехъукIагъэнкIэ хъуну хуагъэфащэ. Пасэрей тыркухэм Iэщэ папщIэу бжэгъу папцIэ зэрахьэу щытащ. Адыгэм дэ абы дызэреджэр «бжы/пчы»-щ. АбыкIэ зыгуэрым уепыджынми «санчмак» хужаIэу щытащ пасэрей тыркухэм, иджы апхуэдэ псалъэ зэрахьэжкъым. Псори зэгъусэу бийм зэдебгъэрыкIуэн, зэдепыджын папщIэ зы гуэрым (е пашэм) унафэ ищIын хуейти, унафэщIым и бжэгъупэм хъыдан, цы хъар хуэдэ гуэр пащIэн хуей хъуащ. Бжэгъу папцIэм и цIэр, иужькIэ абы папхэ хъыданым, хъым цIэ хуэхъужау аращ зэрыжаIэр.

 «Сэнджакъ» псалъэри а «санчмак» псалъэм къытехъукIагъэнкIэ хъуну хуэзыгъэфащэ щыIэми, ар зэрыхьэрыпыбзэ псалъэр наIуэщ. Пэжщ, хьэрыпхэм абы къищынэмыщIауэ «алэм/гIэлэм», «лиуаI», «рает» хуэдэ нэгъуэщI псалъэхэри яIэщ.

Ныпыр зищIысыр

Нып жыхуаIэр, нобэ зэрыгурыIуэгъуэщи, щэкIым къыхэщIыкIа къэрал фэеплъу аращ. Ныпыр къэралым и паспорт пэлъытэщ, ущеплъкIэ зей къэралыр, лъэпкъыр, щIыналъэр кърипцIыхуу, пкъом дэгъэжеяуэ е нып бжэгъу кIыхьым пыщIауэ зэрахьэу. Ауэ къэрал мыхъупа лъэпкъхэми нып зиІэ яхэтщ. Мис дэ ди адыгэ ныпыр, къэрал мыхъуу лъэпкъ ныпщ. Пэжщ, абы и къежьапIэри къэралу жыпІэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ, нобэрей адыгэ ныпыр къыщащта лъэхъэнэм ЧеркесиекIэ зэджэу щыта щIыналъэр зы къэралу яухуэн ягугъэу щIыпIэ 12-у ягуэшат. Ар Адыгэ къэралым и къежьапIэт, иужькIэ икIэм нагъэсыжыну хущIэмыхьэжами. Абы имызакъуэу, мис иджыпстуи адыгэ ныпыр Адыгей Республикэм и къэрал ныпщи, абы къыхэкIкIи ди лъэпкъ ныпыр къэрал ныпщ.

Ныпым къегъэлъагъуэ ар зей къэралыр, лъэпкъыр, абы и щхьэхуитыныгъэр, и напэр, щIыхь, пщIэ зэрызыхуищIыжыр, зэрыхуэщІыпхъэр.

Ныпыр (е нып папщIэу зэрахьэ зыгуэрыр) япэ дыдэ зезыхьар пасэрей Китаир (2100 илъэсхэм) арауэ зэрыжаIэр пэжынкIэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ, китайцхэр зэщхьыркъабзэти, дзэлI фащэ щатIэгъэжамэ, езыхэми зыкъамыцIыхуж, зэрымыцIыхуж хъурт. Псом хуэмыдэу, зэуапIэм щыIутым деж, дзэлI къызэрыкІуэм езыр зыхэт дзэ гупыр къигъуэтыжыфыртэкъым. Арати, дзэлIхэм, зыхэт дзэ гупыр тыншу къагъуэтыжын папщIэ зэмыфэгъуу, зэхуэмыдэу щэкI кIапэ гуэрхэр зыпыщIа бжэгъухэр зэрахьэн хуей хъууэ нып зехьэныр абы къыщежьауэ хуагъэфащэ.

Пасэрей адыгэхэми нып зэрахьагъэнущ

Iэпхъуэрыпсэууэ щыта япэ цIыхухэр, хъупIэр яухмэ е зыгуэр къатеуэмэ нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуэхэт, щIэпхъуэхэт. Ауэ хуэм-хуэмурэ щIыпIэрыс мэкъумэшыщIэ хъууэ щIадза иужькIэ, бий къатеуэмэ, щIэпхъуэ хъужынутэкъыми, я мэкъумэшыр яхъумэжын папщIэ зэрыIыгъын, зэдэщIын хуейт. Iэпхъуэрыпсэухэр къакIуэуэ щIыпIэрысхэм я мэкъумэшыр Iэщым, мэл-былымым ирамыгъэшхын, щIыр зыгуэрым зэрызэрихьэр, Iэщ-былым хъупIэу зэрыщымытыр къагъэлъэгъуэн папщIэ, щIы хащIам и зы къуапэ е къуапэ зырызхэм бжэгъу хаукIэрт. ИтIанэ абы зы щэкI кIапэ пащIащ нэхъ къыхэщын, жыжьэу гу къылъатэн папщIэ.

ЛIакъуэм, унагъуэм, цIыхум я унейуэ щIы яIэ хъуа нэужьи а хабзэр зэрахьащ, нып хатIэрэ щIыр зэрызэрахьэр е зейр кърипщIэу. Апхуэдэу зэрахьам нып хужыпIэну къемызэгъыпэнкIи хъунщ, ауэ ахэр ныпым и къежьапIэу хуэбгъэфэщэнри щыуагъэкъым.

Адыгэр дуней псом тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. АдыгэцIэ щыдимыIа лъэхъэнэ жыжьэхэм уриплъэжу щытмэ, Хьисэ ипэ минибл (ХьИ.7000) илъэсхэм икIэхэм, миних (ХьИ.6.000) илъэсхэм и пэщIэдзэхэм щIыпIэрыс хъуауэ, хьэ, шы, вы хуэдэ псэущхьэхэр ягъэIэсэу, Iэщ-былым зэрахуэу, щIым зыгуэрхэр хащIэу, къыщагъэкIыу щытауэ тхыдэжьхэм къыхощыр. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэри а бжэгъу нып папщIэхэм хуэдэ зедмыхьэнкIэ Іэмал иIакъым.

МыдэкIэ дыкъэIэбэнщи, дэ, адыгэ лъэпкъыр дызищIэблэ хьэтхэми нып яIэт. ТхьэлъэIу щрагъэкIуэкIкIэ а хьэгъуэлIыгъуэр езыгъэкIуэкI динрылажьэ нэхъыжьым ХьэтиякIуэкIэ еджэхэт. Абы жыг лъапIэ лIэужьыгъуэ гуэрым къыхэщIыкIауэ баш иIыгът, и щхьэр гъэщIэрэщIауэ е щэкI, цы хъар хуэдэ гуэр пыщIауэ, иджы ди джэгухэр езыгъэкIуэкI хьэтиякIуэхэм дэжьей баш зэрызэрахьэм хуэдэу.

Хьэтхэм зауэ утыкуми, зэуапIэми нып щызэрахьэу я хабзэт. А ныпыр сытым щыгъуи лъагэу Iэтауэ щытын хуейт. Армырамэ, къытекIуауэ, къыхагъэщIауэ къикIырт. Иджырей ди лъэпкъ ныпри абыхэм зэрахьэу щыта, дыгъэ теплъэ зиIэ ныпым къытращIыкIагъэнкIэ хъуну хуэзыгъэфащэхэри щыуэу пхужыIэнукъым икIи, фIыуэ зэбгъапщэмэ, ар уифIэщ щІэмыхъун щыІэкъым.

Адыгэ лъэпкъ ныпым тет вагъуэ 12-мрэ шабзэшищ зэблэдзамрэ пасэрей адыгэ къэралыгъуэу Синдикэ пащтыхьыгъуэм къыдигъэкIа дыжьын ахъшэм и щІыбагъым зэрытетри гъэщIэгъуэнкъэ!? Илъэс минитIрэ щихрэ нэблагъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, иджырей хы ФIыцIэ Iуфэм – ХьэтырамтIыгу, Тамань, Iэнапэ, ЦIэмэз, Щачэ (Сочи) Iэшэлъашэхэм - зыужьыныгъэшхуэ щищIыгъат, къаруушхуэ щиIат Синдикэ пащтыхьыгъуэм. Ар илъэс щищым щIигъукIэ псэуа нэужь илъэс минитIрэ щищрэ ипэкIэ Боспор къэралыгъуэм хыхьэжыгъащ.

Иджырей лъэхъэнэщIэхэмкIэ дыкъэкIуатэмэ…

Европэм япэ дыдэ нып щызезыхьар Урым пащтыхьыгъуэр аращ. Европэ лъэпкъхэм япщ, я лIакъуэлIэш, я уэркъ нэхъыщхьэхэм езым я унейуэ нып зэрахьэу щытащ, псом хуэмыдэу, зауэлIхэм дзэпашэр, унафэщIыр гугъу емыхьу къацIыхун, и унафэр тыншу къалъэгъун, хуэмыбэлэрыгъыу езыри къахъумэн папщIэ.

Франджым къэрал нып иIэ щыхъуар 1789 гъэм къэхъуа революцэм иужькIэщ.

Уэсмэн империеми къэрал нып къыщищтар 1793 гъэр аращ. Иджы зэрахьэ нып плъыжьу мазэныкъуэ хужьрэ вагъуэ хужьрэ зытетырщ абы щыгъуэ къыхахари, ауэ абы и вагъуэр къуапий хъурт. 1842 гъэм СулътIан Абдулмэжид и унафэкIэ а вагъуэр къуапитху ящIыжащ.

Урыс ныпри къыщагупсысар, кхъухь Iуэху зэрихуэу Пётр І-нэр Голландием щыкIуа 1699 гъэр арауэ хуагъэфащэ пэтми, ар япэ дыдэ щащIар 1799 гъэр аращ, кхъухьхэм пащIэн папщIэ, Нидерланд ныпым къытещIыкIауэ. Ар къэрал нып щыхъупари 1883 гъэрщ.

Адыгэ ныпым и гъуэгуанэр

Адыгэ лъэпкъыр нып зидгъэIэнымкIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм дыкъакIэрыхуауэ пхужыІэнукъым, къызэрыхэдгъэщауэ, ижь дыдэкIэ узэIэбэкIыжми нобэрей лъэхъэнэщIэхэм укъэIэбэжми.

Нобэрей адыгэ ныпым и къежьапIэр 1800 илъэсхэм и пэщIэдзэхэм носыр.

Дауи, куэд щIауэ яIащ адыгэ лIакъуэхэм, унагъуэхэм апхуэдэ нып папщIэхэр щэкIыфI дахэм къыхэщIыкIауэ, я цIыхубзхэм хадыкIауэ, я пхъуантэхэм щагъафIэу, я щIы кIапэ деж хаукIэмэ, щIыр а унагъуэм, лIакъуэм зэрейр кърагъэлъагъуэу, джэгу яIэ хъумэ зэныкъуэкъу-зэпеуэхэм щытекIуэм тыгъэ хуащIу...

Ди адэшхуэхэр хэкум щрахуам щыгъуэ апхуэдэ ныпу я пхъуантэхэм щагъэфIахэр здыраха хъунти, абы псалъэмакъ трагъэIукIауэ жаIэу ирогушыIэжхэр, зи пхъуантэ апхуэдэ нып хэдыкIа къыдагъуэтахэр, «адыгэ Iуэху зывохуэ, къэрал фыухуэну фыхэт хъунщ фэ» жаIэрэ хагъэзыхьу, суд Iуэху ящIу гугъу ирагъэхьу щытауэ къыхэщу.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также:

14.11.2025 - 12:05 Хабзэр убзэнкъым…
12.11.2025 - 15:10 Сыт и щхьэусыгъуэр?
11.11.2025 - 10:30 ИщIэм деплъынщ
10.11.2025 - 12:00 Щхьэусыгъуэ иIэщ