УсэкIэ къыщIидза пщэдджыжьЖэпуэгъуэм и 6-м редакцэм и хьэщIэщым щызэхэтащ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм дыщытепсэлъыхь хабзэ «Литературэ пщэдджыжь» зыфIэтща зэхуэс. Ар теухуат Гугъуэт Заремэ и усэхэм. ЩхьэщэмыщI Изэ игу къигъэкIыжащ ди лэжьэгъу зэчиифIэр Хьэх Сэфарбий тхэн щIэзыдзэхэм папщIэ илъэс куэдкIэ игъэлэжьа «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм къызэрыхэтэджыкIар. «Адыгэ псалъэм» щигъэзащIэ къалэнхэм къадэкIуэу, Изэ «Советская молодежь» газетым адыгэбзэкIэ къыщыдэкI «Псынэ» напэкIуэцIыр егъэхьэзыр. «Шыхулъагъуэм» хэтхэм я тхыгъэхэр абы къытрадзэу зэрыщытам и фIыгъэкIэ, Изэ пасэу гу лъитащ Заремэ и тхэкIэр адрейхэм къазэрыхэщым. Заремэ и усэхэм ящыщу, Изэ «Нэмэз щыгъэ» усэр нэхъыфIу илъагъуу къыщIэкIащ икIи къытхуеджащ. «АдыгэбзэкIэ яусахэр мин бжыгъэкIэ си пащхьэ къралъхьэу щытми, Заремэ ейхэр абыхэм къахэсцIыхукIыну къысщохъу, - адэкIэ пещэ уэршэрым НэщIэпыджэ Замирэ. - Сыту жыпIэмэ, ауэ сытми псалъэ къызэрыгуэкIкIэ тетхыхьу щыткъым ар лъагъуныгъэм. Замирэ лъагъуныгъэ уситI къытхуеджащ, езым гу зылъитахэм я щапхъэхэр къыхэщу: «Уэ си гъэмахуэпэм упэжыжьэщ», «Уи сурэт закъуэр къызощтэжри» жыхуиIэхэр. «Усэ куэд дыдэ сигу ирохь, гукIэ зэзгъэщIэну сыхуейуэ, ауэ мы къыхэсхахэм псалъэхэм къыщытрагъазэурэ уи гум зэрынэсымкIэ сыдахьэхащ», - жиIащ Замирэ. «Уэ зи гугъу пщIы тхэкIэ хьэлым хуэдэ зиIэр гупсысакIуэхэрщ, - Iэпихащ Замирэ и псалъэр Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ. – Сэ усакIуэхэр лIэужьыгъуитIу зэщхьэщызодз. Зы гупыр усэ ятхыну малIэ, ауэ бзэ къулей яIурылъкъыми, жаIэ псори блэкIа зэманым ит глаголкIэ фIэкIа къахуэIуатэркъым: «хъуащ-къэхъужащ, услъэгъуащ, сыкъэкIуащ, сыкIуэжащ» жаIэу, глагол зэфэзэщкIэ мэусэ. Заремэ бзэм зэрыриджэгум ещхьу, ириджэгуфыркъым ахэр. ТекIужь Заретэ гу лъитащ Заремэ и усэхэм и уи гукъыдэжыр къызэраIэтым, уигу хэщIу ахэр къапщтэмэ, псэуныгу узэращIыжым. Ар къытхуеджащ «Къалэкум псейр щагъэщIэращIэ» усэм. - Заремэ и усэхэм ятеухуауэ жысIэнуращи, образ лъэщ куэд зэрыхиухуэнэфым гу лъыботэ. ЩыIэщ усакIуэ, гукъыдэж уимыIэу уеджэмэ, уи гукъыдэжыншагъэр нэхъри ягъэбагъуэу. Мыбыхэм хуабагъ ящIэлъу, псысэ ущеджэкIэ дуней телъыджэ узэрыхашэм ещхьу, нэгъуэщI щIыпIэ укъыщагъэхутэ. ИтIанэ бзэ тыншкIэ зэрытхар. «Жэуапыншэ лъагъуныгъэ» жыхуаIэм и гугъу пщIымэ, апхуэдэ усэхэр нэхъ гъэщIэгъуэныххэщ, - жеIэ Заретэ. Багъэтыр Луизэ усэ къеджэкIэ Iэзагъ зэрыбгъэдэлъыр ди пщэдджыжьышхэм щIэрыщIэу щыдгъэунэхуащ. Ар къытхуеджащ «Згъуэтыжкъым» усэм. - УсакIуэм и насыпщ, - жиIащ Луизэ. – Дэ дигу илъыр тхужыIэркъым, абы зыхищIэр къеIуэтэф, Тхьэр абыкIэ къыхуэупсащи. Заремэ и усэхэр уи фIэщ щIэхъур, езым зэрыжиIам ещхьу, и гум щыщIэр кърехыфри аращ, и гум къызэрипсэлъыкIыр къыбгуроIуэ. Ди зэIущIэр щIэщыгъуэ дыдэ ищIащ Адыгейм къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым и журналист Ансокъуэ Иринэ интернет IэмалкIэ къызэрытлъэIэсам, уеблэмэ Гугъут Заремэ и усэм къеджэу тхуригъэтхыу, къызэрытхуигъэхьам. Езыр зэрыпсалъэр кIахэ къудамэм и бзэр арауэ зэрыщытым щхьэкIэ къэмынэу, Иринэ «Дунейр си пащхьэм щоуназэ» усэм дахащэу къытхуеджащ. Абы дигу къигъэкIаращи, Гугъуэт Заремэ и усэхэр кIахэ бзэ къудамэм изыгъэзэгъэн къыкъуэкIамэ, ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэж хъунут. - ГурыщIэ къэгъэлъэгъуэнкIэ къызэрымыкIуэ Iэзагъ бгъэдэлъщ Заремэ, - жиIащ Иринэ. – УсакIуэу къызэригъэщIар нэрылъагъущ и дуней зыхэщIэкIэмкIи, и гухэлъ къэIуэтэкIэмкIи. Зэхихахэр къызэщIикъуэжу, Зареми усэхэр езыгъэтх щытыкIэмрэ ахэр гъащIэм зэрыпыщIа лъэныкъуэхэмрэ я гугъу къытхуищIащ: - Тхэн зэрыщIэздзэрэ, «уи усэхэр нэщхъейщ, зэ угуфIэу утлъэгъуарэт» къызжаIэ. «СыщыгуфIэм деж, усэ стхын хуей хъуркъым», - яжызоIэж сэри. Иджыри къэс усакIуэ къалэн зыщысщIыжыртэкъым, си щхьэ Iуэху зесхуэу, спкърыузыкI гуэр кърисIуэтэн папщIэт усэр щIэстхыр. Абы къыхэкIыу, усэм и хабзэ гуэрхэри щызмыгъэзащIи къохъу. Сэ езым си псэр згъэтыншу арат. Зыгуэр къызоныкъуэкъури, ар згъэупщIыIун щхьэкIэ сотхэ, зыхужысIэжырт. Ауэ иджы цIыхухэр къыщеджэкIэ, «уэ уусакIуэщ, мыбдеж щыптхар къыдгурыIуэн хуейщ» щыжаIэкIэ, абыи зы къалэн гуэр къыпщещIри, егупсысын хуей къыщIэкIынщ. Сэ сфIэфIу схэлъ хьэлхэм ящыщщ критикэр сигу зэрытехуэр. ПщIэшхуэ зыхуэсщI Бещтокъуэ Хьэбас къысхуэзэри: «Критикэ уи гум щIэхуэу гу лъыстащи, уи усэхэм седжэнт», - къызжиIати, сIэщIэхужри, зэмани дэкIат. АрщхьэкIэ езыр ди лъахэхутэ къудамэм кIуэщ, си усэхэр абы къыщигъуэтри, еджащ. Ар пщIэшхуэт си дежкIэ, Бещтокъуэ Хьэбас стхам фIэгъэщIэгъэну зэрытепсэлъыхьыр. Езыр си жагъуэ ищI и гугъэурэ гузавэрт, сэ си гущхьи къэкIыртэкъым. ФIыгъуэр къыхуищIэ, фIы дыдэу схузэпкърихащ. Заремэ жэуап къритащ и тхэкIэм теухуауэ дызыщIэупщIахэми. - Усэр гурыIуэгъуэ щытын зэрыхуейм теухуауэ сызэгупсысыр жысIэнщ. Сэ сфIэфIщ усэм къеджэ цIыхум езым зыхуей мыхьэнэ усэм къыхигъуатэу щыщытым деж. Зыр зым иригъэгупсысу, адрейм нэгъуэщI зыгуэр игу къигъэкIыу. ЗэрыжаIэу, «интрига» хуэдэу хъууэ, езыхэм пащэжыну хуиту. АрщхьэкIэ цIыху зыбжанэм «уи усэхэр зэIуха хуэдэу къонэ, бгъэбыдэжыркъым» къызжаIэри, ари сызэгупсын хуейхэм яхэзгъэхьащ. «Авторым фемыгупсу, езы тхыгъэм фыкъеджэ», - жысIэу щытащ нэхъапэм. «Сыт уэркIэ усэр?» - щыжаIэм деж, «си хуитыныгъэщ» яжызоIэ. Абдеж зыращ сэ сыпсэлъэну хуитыныгъэ щызиIэри, ари и кIэм нэс къысхуэгъэсэбэпыркъым. СыкъэувыIэжын хуей мэхъу, зыгуэр къызэреджэнум щхьэкIэ. Си гурыфIыгъуэри, си мыгъуагъэри спкъроузыкI усэр стхыхукIэ. Тхын зэрыбухыу, уи гур мэпсэхужри, дакъикъэ ипэкIэ зыхэпщIа гугъуехьым гурыфIыгъуэ къыхыбох. Зыри къэхъуни хуэмейуэ, ауэ зыгуэрым сыпэплъэ хуэдэу къыщIедзэ, усэр къыщыкIуэкIэ. Ар и кIэм зэрынэсу, а щытыкIэр мэкIуэдыж, зыри къоузыжыркъым. Къэпсэлъахэм жаIахэр зэкIэлъыхьауэ ттхыжа щхьэкIэ, къызэрывгурыIуащи, псалъэр щызэпыдуди, адыгэ литературэр ефIэкIуэн папщIэ пщIэ хъунухэми, усакIуэ щхьэхуэхэм я тхэкIэ-щыIэкIэми дытепсэлъыхьащ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2025 - 12:26 →
Пастернак Борис илъэси 135-рэ ирикъуащ
11.11.2025 - 15:00 →
Унэхэр
10.11.2025 - 13:30 →
И лIыгъэр ноби ящыгъупщакъым
08.11.2025 - 12:52 →
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр
08.11.2025 - 11:51 →
МЭЗЫТХЬЭ КЪЫДЭУИ!
| ||



