Адыгэ уэрэдус, джэгуакIуэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан и фIыгъэ куэд хэлъщ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм и фIыпIэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр цIыхубэм я деж екIуу нэхьэса зэрыхъуам. Абы теухуащ Абазэ Албэч и тхыгъэр.
«ХьэхъупащIэ Амырхъан 1882 гъэм Аруан куейм хыхьэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. Зэманыжьым халъхуа Амырхъан и сабиигъуэм тыншакъым, уеблэмэ къуажэ школым щеджэну хузэфIэкIакъым. Пасэу лэжьэн щIэзыдза щIалэр и адэм и Iэпыдзлъэпыдзти, сабий щIыкIэ IэщIагъэхэм хэзэгъащ. И адэ Iэсхьэд джэгуакIуэу, хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ фIыуэ ищIэу щытащ. Абы и фIыгъэкIэ щIалэщIэм пасэу щIедзэ уэрэдхэр, гъыбзэхэр зэхилъхьэу. КъыдэкIуэтея нэужь, псэукIэщIэм цIыхубэм къыхуихьа фIыгъуэ псори къигъэлъэгъуэну хущIокъу. Адыгэ IуэрыIуатэм и нэщэнэхэр къызыхэщ, абы и жыпхъэхэм изагъэ уэрэдыжьхэмкIэ, усэхэмкIэ, гъыбзэхэмкIэ, жыIэгъуэхэмкIэ ХьэхъупащIэм къеIуатэ гъащIэм щилъагъу залымыгъэр, цIыхухэр зыгъэпуд Iуэхугъуэхэр.
Усэн щыщIидза япэ илъэсхэм ХьэхъупащIэм гъыбзэращ нэхъ къигъэсэбэпар. УсакIуэм и тхыгъэ ди деж къэсахэм ящыщу къызэтенар, зи мыхьэнэр мыкIуэдар «Дзадзунэ и уэрэд», «Яшам и тхьэусыхэ», «Мывэм нэхърэ нэхъ хьэлъэ», «Бохъшэ» уэрэдхэрщ.
Хэку зауэшхуэм и илъэсхэми зауэ нэужьми усакIуэм и къалэмыпэм тхыгъэ куэд къыщIэкIащ. Апхуэдэхэщ «ЛIыфI нэщэнэ», «Къардэн Къубатий», «Жамборэ Щэуал», «Наурыз Мамышэ», «ГъущIынэ Гъузер», «Щхьэтепхъуэ» усэхэр, нэгъуэщIхэри. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 60 - 70 гъэхэм ХьэхъупащIэм и творчествэм нэхъри зиужьащ. А лъэхъэнэм Амырхъан и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхыгъэ хьэлэмэтхэу «Щынэ хужь», «Къарэмырзэ и фалъэ», «Гъыбзэ», нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу дунейм къытехьащ усакIуэм и лэжьыгъэхэр зэхуэхьэсауэ зэрыт тхылъ щхьэхуэхэр. ХьэхъупащIэм и рассказхэр, поэмэхэр, усэхэр нэхъыбэу зытеухуар гъащIэжь блэкIар къэгъэлъэгъуэнымрэ совет лъэхъэнэм и фIыгъуэхэр Iэтынымрэщ
Зауэ нэужьым Амырхъан и къару щоплъыж поэмэ жанрми. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу къещI адыгэ IуэрыIуатэр. Аращ усакIуэм и эпическэ тхыгъэхэм IуэрыIуатэм и нэщэнэр щIахэплъагъуэр. И поэмэхэм щIыпIэ нэхъ ин щызыубыдыр блэкIа зэманыр къэгъэлъэгъуэжынырщ. ПсэукIэ щыIам абы триухуащ «Къэзанокъуэ Жэбагъы», «Андемыркъан», «Си сабиигъуэр», «Тхыдэжь» поэмэхэр. Езыр хэмытами, Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэхэри иIэщ ХьэхъупащIэм, псалъэм папщIэ, «Хэку зауэшхуэ», «Къэбэрдей партизанхэр» поэмэхэр.
И ныбжь хэкIуэтами, зауэ нэужь лъэхъэнэм Амырхъан хузэфIэкI ищIащ: уэрэджыIакIуэ гуп къызэригъэпэщащ, радиокIэ, телевиденэкIэ куэдрэ къэпсалъэу, лъахэм щекIуэкI зэIущIэхэм жыджэру хэту, нэгъуэщI щIыпIэхэм, лъэпкъхэм я деж кIуэуэ, я лIыкIуэхэм IущIэу. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъа усакIуэ гъуэзэджэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэхэр, орденхэр. Ар хахат республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и депутатуи. ХьэхъупащIэ Амырхъан «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэри зэрихьащ».