Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Пётр къызэралъхурэ щэкIуэгъуэм и 7-м илъэс 90 ирикъуащ.
Къэжэр Пётр Хьэиб и къуэр 1935 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м Арыкъ (Борыкъуей) къуажэм къыщалъхуащ. Борыкъуей къуажэм и курыт еджапIэм ебланэ классыр къыщиуха нэужь, республикэм и интернат еджапIэр 1954 гъэм щIэтIысхьащ. АдэкIэ ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэм. 1959 гъэм къиухри, 1961 гъэ пщIондэ Къэжэр Пётр щылэжьащ Налшык телестудием, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм. 1971 гъэм ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хыхьащ. 1982 – 1997 гъэхэм абы зэрихьащ «Нур» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ къулыкъур, иужькIэ щылэжьащ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм.
Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэхэм ящыщ Къэжэр Пётр и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ куэд, гупсысэ куукIэ гъэнщIауэ. Литературэм хилъхьа гуащIэм папщIэ, Пётр къыфIащащ «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, «Печатым и отличник» дамыгъэр, щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщащ.
Къэжэр Пётр и япэ усэ тхылъыр («Уэсэпс щыгъэ») 1961 гъэм къыдэкIащ. Абы иужькIэ, усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Шыхулъагъуэ», «Мыужьых мафIэ», «Гулъытэ» тхылъхэр; урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Налшык, Москва къыщыдэкIащ Къэжэрым и тхылъ зыбжанэ – «Газыри», «Чуткость», «Время жить», нэгъуэщIхэри. КъызэщIэпкъуэжмэ, Къэжэр Пётр и тхылъ 20-м щIигъу адыгэбзэкIи урысыбзэкIи Налшыкрэ Москварэ дунейм къыщытехьащ. ЦIэрыIуэ хъуа и усэхэр зи лъабжьэ уэрэдхэр, оперэ, музыкэ комедие зыбжанэм я либреттэхэр («Мэз таурыхъ», «Гум и щэхухэр», н.) абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Сабийхэм папщIэ итхащ «Албэч и къуэ Бекъан», «ЩIыхьэху» поэмэхэр.
Зи гуащIэр ин, куэд зылэжьа Къэжэр Пётр сабий литературэм зиужьыным хэлъхьэныгъэфI хуищIащ, IуэрыIуатэм къытрищIыкIыжами езым итхами. Ди литературэмрэ щэнхабзэмрэ зэи лъэужьыншэ щыхъунукъым абы и тхыгъэ купщIафIэхэр.
Къэжэр Пётр и усэхэм ящыщ зыбжанэ тыдодзэр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Лъагъуныгъэ
Бзухэм я псэр
Бзухэм я бзэщ,
Хэти ар зыхырещIыкI.
Уэщхьыркъабзэу,
Сэщхьыркъабзэу
ЯIэщ ахэм зэхэщIыкI.
Бзухэ, бзухэ,
Къуалэбзухэ,
Зи уэрэд фэ жыфIэр хэт?
Гъатхэ пасэр
Месыр, къосыр,
ЖыфIэ сэри си гухэлъ.
КъысхуогуфIэ зы дахащэ,
Зы дахащэ дахэкIей.
Сыбгъэдохьэ,
СодэхащIэ,
Ауэ ар къызэплъ къудейщ.
Бзухэ, бзухэ,
Къуалэбзухэ,
Си гум жеIэ псалъэ куэд,
Ауэ зыми и чэзукъым,
Зи чэзури сымыгъуэт.
Псэр зыщыщIэу
КъысхуэмыщIэ
Дахэр
Аруэ къыщIэкIынщ.
Арыншамэ,
Арыншауэ
ЩIым гъэгъа къыхэмыкIынт.
ЩыгумащIэм
ЖаIэр мащIэщ,
ЩыгумащIэм жаIэр пэжщ.
Пщащэм соплъыр,
Ар къызоплъыр,
– Сэ жесIэнут нэхъыбэж…
Гупсысэ
Гуауи гуапи
Щызэпылъ ди щIылъэм
МащIэкъым щагъэвыр щыгумэщIым.
МащIэкъым ягъафIэр щыгумащIэм…
Ауэ гъащIэр къызыщыпкI Iэгуауэм,
Лъыр щопкIатэ утыкушхуэ хуитым,
Уи щIэщыгъуэу!
Абы щыгъуи
КъыуащIэкIыжу «уитыр»!
Еуэ- хэтIэ!
Еуэ-хэсэ
Лъапэрисэ зыщIи,
Уэр фIэкIакIэ
А къэфэкIэр
Зым имыщIэ хуэдэ:
Ар уи дежкIэ куэдрэ!..
ХэтIэхэсэ
ЕщIыр щIалэм,
ЗеукIыж жыпIэну!
ЖьыдэхупIэу аращ иIэр
ХьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм…
Ари гъащIэм и зы теплъэщ,
Зы щIэщыгъуэ мащIэщ.
ГъащIэ щIыхуэ
Зыми ттелъкъым…
ТIэкIу дывгъэгумащIэ…
* * *
ЦIыхуфIым и нэгум
Гуапагъэр йокIупс,
ПщIэ ищIыр фIэмащIэу
Сыт щыгъуи къыпщохъу.
Псэ къабзэр дыхьэшхмэ,
Къуэладжэм ноIус,
И IэплIэм уикIуадэм,
Псалъэншэу къыпщотхъу.
Ар сощIэр фIы дыдэу:
Ныбжьэгъущ.
СоцIыхуж.
И плъэкIэ къудеймкIи,
Къопсалъэу къыпфIощI.
ЦIыху дахэм ифI жаIэм,
Сыт щыгъуи къокIуж,
НыбжьэгъукIи сыгушхуэм,
Си нэгум къысфIощ.