Дыщэ хьэмэ дыжьын?Абдулкафий Умар Мысырым щыщ щIэныгъэлIщ, динымрэ цIыхубэ гъащIэмрэ зэзыпх ущие хъыбархэр жиIэжрэ къедаIуэхэр фIым хуиунэтIу. ЩIэныгъэлIым и утыку псалъэхэм я зым адыгэхэм я лъэпкъыцIэр къызэрыхэхуар ди гуапэ хъуащ, зи гугъу ищIыр ди лъэпкъ нэщхъеягъуэрауэ щытми. Газэ къалэм леишхуэ щызышэча хьэрыпхэр я Хэкум ирахуа адыгэхэм яригъэщхьу, Абдулкафий ахэр къыхуреджэ пасэрей адыгэхэм ядэплъейуэ, гущIэгъу зыхагъэлъыну.
ЖеIэ Абдулкафий Умар: «1763 гъэм, илъэс 200 хуэдиз е нэхъыбэ ипэкIэ, Кавказ зауэ жыхуаIэм щIидзауэ щытащ. Илъэс куэд дыдэкIэ екIуэкIа а зауэр Кавказым щыщ «шэрджэс» лъэпкъым кIуэдыжыпIэ хуэхъуащ. Я щIыпIэр ябгынэну хагъэзыхьу, ахэр хы Iуфэм Iуахуэри, кхъухькIэ щызэпрысыкIым, я нэхъыбэр псым итхьэлауэ жаIэж. КъыкIэлъыкIуа илъэси 100-м и кIуэцIкIэ шэрджэсхэм бдзэжьей яшхыну хуит защIыжакъым. Сыт щхьэкIэ? «Бдзэжьей тшхымэ, ди къуэшхэр тшхым хуэдэу аращ», - жаIэрт абыхэм. Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, а Iуэхугъуэр апхуэдэ дыдэу тхыдэм къыхэнакIэ! Я къуэшхэмрэ я шыпхъухэмрэ хым зэритхьэлам къыхэкIыу, бдзэжьей яшхыныр хьэрэм зыщызыщIыжа лъэпкъ зэрыщыIар! Алыхьым щышынэхэрт, бдзэжьей яшхрэ пэт, я къуэшхэмрэ я шыпхъухэмрэ я лым щыщ яIухуэнкIэ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 12:12 →
Щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм я гъуазэт
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
| ||




