Хабзэр убзэнкъым…

Адыгэ хабзэр зыми хуэдмыгъадэ ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэщ. Ди япэ итахэм ялъэкIат псэуныгъэм и лъэныкъуэ псори абы къыщалъытэныр, щIэблэхэм ар зэIэпахыу къэгъэгъуэгурыкIуэныр. Мы тхыгъэм щызэхуэтхьэсащ адыгэ хабзэр зищIысым, ар къазэрыщыхъум тетхыхьа зыбжанэм я гупсысэхэр. Псом япэу щапхъэу къэтхьынщ мы Iуэхум ехьэлIауэ МафIэдз Сэрэбий итхыгъар.  

Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ. Ди хабзэм и фащэ нэ­хъыфI дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ­ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэ­зэщIэныр. Абы къызэщIе­у­бы­дэ цIыхум и щIыхьыр зэримыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щыты­кIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэ­лъэпIэныр, бзылъхугъэр лъы­тэныр, сабийм хуэса­къы­ныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр.

Адыгэхэм я нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ я лъабжьэр къыщежьэр я нэ­хъыжьхэм ябгъэдэлъ акъылырщ, Iущагъырщ, гупсысэрщ. Адыгэр нэ­хъыжьым зэи кIэлъыджэр­къым. Абы лъэщIохьэ, и сэ­м­эгурабгъур зрагъэгъуэт, фIэхъус ирахри, итIанэщ зыхуеймкIэ щеупщIыр. Нэхъыжьыр псалъэмэ, и псалъэ зэпау­дыр­къым. Уеблэмэ, зыгуэр жаIэну хуеймэ, абы хуит зыкъ­рагъэщI.

Нэхъыжь къахыхьамэ, гупыр мэтэдж, дэнэ и дежи, сыт щыгъуи. Ауэ мыбы гу лъы­тапхъэщ. ГуфIэгъуэ, хьэ­гъуэлIыгъуэ Iэнэм нэхъыжь къахыхьамэ е нэ­хъыжьым щхьэкIэ Iэнэм пэрысхэр тэджауэ зы бжьэ ефэ нэужькIэ, а Iэнэм и тхьэмадэр къэтэджыртэкъым, е къэ­тэджын хуей хъуамэ, и пIэ­кIэ зыгуэр Iэнэм пэрысу къэнэну унафэ хуи­щIырт. Ерыскъы зытелъ Iэнэм нэхърэ нэхъыжь щыIэкъым, абы пэрымысIауэ къэбгъэнэныр хабзэм къезэгъыркъым.

Зыхуэтэджыр нэхъыжьым и закъуэтэкъым. Къотэджри, нэмыс хуащI хьэщIэми бзы­лъхугъэми. Гъунэгъути хамэти – зэхэгъэж щыIэкъым. Я унэ исми губгъуэм итми зэхуэдэщ. Уеблэмэ, шым тесри тэджу щытащ: абы е уанэгум зриIэтыкIырт, е шым къепсыхыпэрт.

Унэми Iэнэм пэрытIыс­хьэ­ми нэхъыжьым езым и тIы­сы­пIэ иIащ. Ар зыхуэзэр жьан­тIэрщ. Унэм и жьантIэр зэ­хьэлIар къызэрахутэр жьэгум елъытауэщ. Ар унэм ущы­щIыхьэкIэ бжэм и сэмэгурабгъурт. Нэхъыжь щIэс хьэмэрэ щIэмыс щыIэтэ­къым, абы и пIэм зыри итIыс­хьэртэкъым, зри­гъэ­у­кIуриен дэнэ къэна. Я адэ щыту е щысу абы и къуэ балигъ, бынунагъуэ хъужами, тIысыртэкъым, тутын ефэу зыкърагъэлъагъуртэкъым, фадэ ефауэ, чэфу я адэ бгъэ­дыхьэн жыхуэпIэр - Iэмал закъуэ зимыIэт.
Нэхъыжьым щыхуэтэджыр ар щалъагъум и закъуэтэ­къым. Абы и цIэр зыгуэрым ириIуауэ зэхахми, пщIэ ящIу заIэтырт.

Унагъуэм, лъэпкъым я унафэр нэхъыжьхэм яIэщIэлът. Абы я арэзыныгъэ хэмылъу зыри къэхъуртэкъым. Адыгэ уна­гъуэр чэнджэщкIэ псэурт, зэгурыIуэмрэ зэдэIуэ­жым­рэ абы и лъабжьэт. Дауи, мэлищэ щIакъуэншэ хъуркъым, щыIагъэнщ зы­гуэр­хэри. ГъащIэ щыхъукIэ ап­хуэдэхэри къыхэхуэу щытагъэнущ. Ауэ лъэпкъыр лъэпкъ зэгъэпэщамэ, сыт хуэдэ Iуэхури зэтрауIэ­фIэ­жырт, Iуэхур пэжыгъэм, хабзэм тету зэIубз ящIырт. ЦIыху зэгурыIуэкIэм, лъэпкъ зэ­хэтыкIэм, хабзэм хуэунэ­тIащ адыгэхэм я лIы Iущу щыта Къэзано­къуэ Жэбагъы и псалъэ Iущу нобэхэми къыддэгъуэгу­ры­кIуэхэр, бэм я акъылкIэ псыхьа ди адыгэ псалъэжьхэр. Абыхэм куэдым урагъэгупсыс, нэхъыщхьэжыр аращи – хабзэм ухуагъасэ, ухуаунэтI, ухуаущий. Къызгу­рыIуа­щэ­рэт, зэхэсщIыкIащэрэт жы­зы­Iэм и дежкIэ куэд и уасэщ мы псалъэжьхэр: «Лъэп­къым и напэр зылIми трехыф, лъэпкъым и щIыхьыр зылIми еIэтыф», «ЛIыгъэ щIа­пIэ лIы икIуадэркъым». Абы яхуэдэщ Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэри. Абы зы къуэ закъуэ иIэу арати, мащIэIуэщ, жаIэу цIыхухэр къыщыхуэгузавэм, жэуапу яритащ: «Ар лIы хъумэ, сэ абы срикъунщ, мыхъумэ, зэрылъэпкъыу тхурикъунщ». Сыту фIыт ар дэтхэнэ зы адыгэми, дэтхэнэ зы щIалэми игу илъатэмэ. Къызыщыхъу щыIэщ хабзэ умыгъэзащIэу узэры­хуейм хуэдэу упсэумэ, нэхъ тыншу, нэхъыфIу. Дауи, узэрыадыгэр пщыгъупщэжауэ, уи ныбэрэ уи фэрэ фIэкIа нэгъуэщI къыпфIэмыIуэхуу щытмэ, упсэуху упсэунущ. Ауэ щхьэхуещагъэмрэ щхьэ­хуэфIыгъэмрэ псори щIеб­гъэ­­хъумэмэ, узэрыцIыхум къикIыж щыIэкъым.

Псэр ящэри, напэр къащэху

АбытIэ Айдар: УкIытэрэ напэрэ. Сыт щыIэ а псалъэхэм нэхъапэ? А псалъэхэм яхэлъ мыхьэнэрщ адыгэ хабзэм и пщIэр ину езыгъэIэтар.

Адыгэм и тхыдэр къызэрежьэрэ яIакъым пащтыхьи, парламенти, ену зэхэт дзэи, хьэпси, удынкIэ цIыхур гъэшынэн Iэмали. Адыгэ гъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэ псори зезыгъэкIуар адыгэ хабзэ телъыджэрщ, илъэс мин бжыгъэхэм къыкIуэцIрыкIауэ нобэми дызыгъэадыгэрщ.

Напэ зиIэу ябжыр укIытэ, нэмыс зыхэлъ цIыхуращ. ЦIыхур дунейм къытохьэри токIыж, ауэ къыфIащу дунейм ехыжыхукIэ зэрихьа цIэр къытонэ. Абы къыхэкIыу дэтхэнэ зыри хущIэкъун хуейщ лъэужь дахэ къызэригъэнэным. «ЦIыхугъэншэ», «хьэтырыншэ», «напэншэ» къыпхужаIэмэ, адыгэ лъэпкъым ущымыщыжу аращ, «зы къуажэ и уасэщ», «цIыху пэжщ», «напэ иIэщ» жаIэныр, дауи, лъапIэщ.

Адыгэ хабзэм къегъэув цIыхум напэр, укIытэр, зэхэщIыкIыр япэ иригъэщын хуейуэ. Ар IупщIу къыдигъэлъэгъуащ Нало Заур и «Псэм ипэ напэ» балладэмкIэ, Бемырзэ Мухьэдин и «УкIытэ» усэмкIэ. Нало Заур и рассказым къыщыгъэлъэгъуащ лIым и напэр ихъумэжыным папщIэ и бзэр, дунейм и дахагъыр зэрилъагъу и нэхэр, уеблэмэ и псэри удым зэрыритыр. Абы и цIыху напэр псэм нэхърэ нэхъ лъапIэу къелъытэ. Бемырзэм абы пэджэжу етх укIытэр псэухукIэ сыткIи зэримыхъуэжынур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, укIытэ пхэмылъмэ, умыпсэуж пэлъытэщ.

Напэ зиIэу ябжыр укIытэ зыхэлъращ. Иджырей зэманым куэдрэ дыщрохьэлIэ мылъку зэхуэхьэсыным дихьэхауэ напэр IэщIыб зыщIхэм. Абыхэм къагурыIуэркъым, уэсэпсым хуэдэу мылъкур зэрыкIуэдыжынур, къэнэнур напэр зэрыарар».

Бынжэ къуэпскIэ зэпыщIа

Шэрджэс Алий, Хьэкъун Барэсбий: «Адыгэ хабзэр - псалъэ зытIущкIэ жыпIэнумэ, цIыхум и напэмрэ и хуитыныгъэмрэ, цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэм, дуней къэзыухъуреихьым хуиIэ щытыкIэм и лъэныкъуэ псори къызэщIэзыубыдэ гъащIэ мардэщ. А псалъэм къарууэ кIуэцIылъыр гъунэншэщи, и гъэзэщIэнри псынщIэ цIыкIукъым, шыIэныгъэшхуэрэ акъыл зэтесрэ уиIэпхъэу къегъэув а зы закъуэр гъэзэщIэным. Адыгэ Хабзэм къыгуэпх мыхъуну сыт щыгъуи абы и гъусэщ, и щIэгъэкъуэнщ адыгагъэр.

Адыгагъэм пкъыгъуэу хохьэ: цIыхугъэ, щэн-Iэдэб, нэмыс, Iулыдж, шынэ-укIытэ, щыпкъагъэ, напэ, Тхьэ, лIыгъэ, Хэкум, цIыхум яхуиIэ IуэхущIафэ, хьэтыр, гущIэгъу, псапэ, зэхэщIыкI, цIыху хэтыкIэ мардэ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэрахущытыр, бынунагъуэ, лъэпкъ гупсысэкIэ жыхуиIэ гурыIуэгъуэхэр псори зэхуэхьэсыжауэ.
Адыгагъэр хабзэм къыщигъэщIыжкIэ, хабзэми адыгагъэм еныкъуэкъуу зыри хэтыпхъэкъым, ахэр зэтIолъхуэныкъуэхэм хуэдэу бынжэ къуэпскIэ зэпыщIащи, зэкIэрыпчмэ, кърикIуэнур хэткIи гурыIуэгъуэщ - тIури щымыIэжынкIэ зыри хуэIуакъым. Аращ ди Хабзэмрэ Адыгагъэмрэ къемыкIу гуэрхэр къыхаIуну щыхуежьэкIэ къыщIыхэщыр, гуемыIуу къыщIыхэпIиикIыр.

Лъэхъэнэ Iэджэми псэукIэми захъуэжурэ дунейр екIуэкIащ, ауэ Адыгагъэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыхэмыхъуамэ, кIэрыхуакъым. Хабзэми и нэхъ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэхэр зэримыхъуэкIыурэ, зэман къэунэхум деж лъахъэ къуза къыхуэхъухэр IуигъэкIуэтмэ, лъэпкъыр ипэкIэ зыгъэкIуэтэфынухэр къигъэщIурэ къекIуэкIащ. Мис апхуэдэ зыузэщIыкIэ иIащи, аращ Адыгэ Хабзэр къызэрымыкIуэу гъащIэ кIыхь зыщIар, сыт зэманми, сыт лъэпкъми зэрыхыхьэф фащэ дахэу Адыгагъэр къыщIэгъуэгурыкIуэр. Сыадыгэщ зыхужызыIэж дэтхэнэри псом япэу хуэкъабзэу щытыпхъэщ и лъэпкъым, абы и сэбэп зыхэлъхэм, Хэкум и щIыхьым. Адыгэ цIыхум хэлъын хуейщ нэмыс, Iулыдж… Ахэр Адыгагъэм нэхъыщхьэу къигъэувхэм ящыщщ.

Нэмыс жыхуиIэр - цIыху къэс гъэсэныгъэрэ Iэдэбу хэлъыр къэзыгъэлъагъуэ хьэл дахэщ.

Iулыдж жиIэмэ - цIыхум и нэгум укIытэу, джылу, щхьэзыфIэфIыншагъэу илъырщ, зэрихьэфырщ, и напэр зэрихъумэжыфырщ.
Адыгагъэм и пкъыгъуэхэу ищхьэкIэ къедбжэкIахэри хэту, мы иужьрей щыри зэкъуэпч мыхъуну зэпхыжащ. ТIэкIу уадыгэу, тIэкIу Хабзэри пIыгъ хуэдэу щыту, уи анэдэлъхубзэри къыумыдзащэу упсэун уи гугъэкIэ къикIын щыIэкъым. Е уадыгэщ, е уадыгэкъым! Е лъэпкъым урибынщ, е абы урищIыбщ! Псоми ящыщу зыми щымыщыр къызыхэкIар зымыщIэж манкуртхэрщ. Ар цIыху къэс езым зэрызилъытэжымрэ и щхьэм пщIэуэ хуищIыжымрэщ. Хуэмейр IумпIэкIэ къыщIыхэплъэфэни, хэтыр умыгъасэу ущIелъэпэуэни щыIэкъым. Уи лъэпкъ хабзэрэ уи лъэпкъ гупсысэрэ уимыIэжмэ, улъэпкъыжкъым, гуп щхьэрыутIыпщу укъызэхэнэ мыхъумэ. Абы Тхьэм дыщихъумэ!»

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: