И къарурэ и зэфIэкIрэ емыблэжу

Къэбэрдей тхакIуэ гъуэзэджэ Къардэн Бубэ и IэдакъэщIэкI гъуэзэджэхэмкIэ лъэпкъ литературэмрэ щIэныгъэмрэ увыпIэ пыухыкIахэр щиубыдыныр хузэфIэкIащ. ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ къызэзынэкIа тхакIуэм и творчествэм теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей и тхыгъэр. 
 
«Къардэн Бубэ пасэу и творческэ лэжьыгъэм щIидзакъым, зэманкIэ ар зытехуэр пединституым иужьрей курсхэм щеджа илъэсхэрщ, езым къиIуэтэжу зэрыщытамкIэ, абы ар япэ къыхуэзыгъэушар а лъэхъэнэхэм ар цIыхугъэ зыхуэхъуа ЩоджэнцIыкIу Алийщ. Зауэм и пэкIэ зэридзэкIа урыс тхыгъэ зырызхэм я гугъу умыщIмэ, лъэпкъ литературэм япэ лъэбакъуэхэр абы щыхичар зауэ нэужь илъэсхэрщ. Адрей лъэпкъ тхакIуэхэм къащхьэщыкIыуи тхэн зэрыщIидзэрэ ар зыхуэпэжыр, зытетхыхьыр зы темэ закъуэщ – хэку зауае езыр и щхьэкIэ зыхэтарщ, абы и нэгу щыщIэкIахэрщ.
Хэку зауэшхуэм хэта цIыху куэдым я образ зэхуэмыдэхэр Къардэн Бубэ и тхыгъэхэм гукъинэжу щызэфIэгъэуващ. Абы и лIыхъужьхэм языхэзри къызэригъэлъагъуэр, ар зыхуэдэр зищIысыр зэрызыхигъэкIыр хамэ щIыпIэ къикIа зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIа зауэм зэрыхущытырщ, и лъахэм и щIыхьыр, и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжырщ, бий пащхьэм текIуэныгъэ къыщихьын папщIэ абы и щхьэкIэ илэжьырщ. Сыт хуэдэ лIэщIыгъуэми цIыхум и пэжагъыр, и фIагъыр къызэрапщытэр ар и адэжь щIыналъэм зэрыхущытырщ, лъагъуныгъэ абы хуиIэрщ, Iуэху щхьэпэ хуилэжьырщ. 
Къардэн Бубэ и повесть зыбжанэм щызэфIэгъэуващ хэкум къыщхьэщыж, абы и щхьэхуитыныгъэр хъумэжыныр зи гъащIэ къалэну зылъытэж лъахэ ныбжьыщIэхэм я образ щыпкъэхэр. Апхуэдэщ «Сэри сэлэт сохъу» повестыр.
Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм адыгэ щIалэгъуалэр зыгъэпIейтея гурылъ-гурыщIэхэр, я лъахэм лъагъуныгъэ къабзэ абыхэм хуаIэр, зылI и бынуэ абы и щIыхьыр яхъумэжыну ахэр къызэрызэщIэтэджар къэгъэлъэгъуэнырщ тхакIуэм и етIуанэ повесть «ЩIэдзапIэ хьэлъэ» жыхуиIэр зыхуэгъэпсар.
Япэ и тхыгъитIым Къардэн Бубэ къыщигъэлъэгъуэжыр зауэ емынэм и пэщIэдзэрщ, ныбжьыщIэхэм абы щача япэ лъэбакъуэ гугъухэрщ. Хэкум абы и цIыхухэм я дежкIэ тыншакъым зауэм и пэщIэдзэр, хъийм икIа бий хьэщхьэрыIуэ къызыфIэщIыжам пэрыуэншэу лъахэм и щIыпIэ куэдыр щиубыда махуэ псэзэпылъхьэпIэхэр. Ауэ цIыхухэм я гур мащIэ-мащIэурэ къызэрогъуэтыж, зэуэкIэм и щэхухэр къахутэ, лIыгъэкIэ, акъылкIэ, IэмалкIэ бийм ефIэкI мэхъу. ИлъэсиплI енкIэ а мафIэм хэта тхакIуэми ди зауэлIхэм я деж къыщыхъуа а зэхъуэкIыныгъэхэм гу лъимытэнкIи, и тхыгъэхэм абы и гугъу щимыщIынкIи Iэмал иIакъым.
I945 гъэм ди Хэку иным зыIэригъэхьа ТекIуэныгъэшхуэм и зы хэкIыпIэу щытар къэралым ис лъэпкъхэм яку дэлъа зэныбжьэгъуныгъэрщ. Щеджэ зэманхэми зауаем и махуэ хьэлъэхэми зэшыгъэ нэсым щIапIыкIа, абы и къарур пасэу зыхэзыщIа Къардэн Бубэ и тхыгъэхэми сытым щыгъуи ар щегъэлъапIэ, а Iуэху еплъыкIэ тэмэмым тетщ. Лъэпкъ зэшыгъэм ар зэрыхуэпэжым и щыхьэту къэпхь хъунущ тхакIуэм и къалэмыпэм къыщэкIахэу «Комбат», «Георгий Ликос» повестхэр. Япэрей и IэдакъэщIэкIхэм къащхьэщыкIыу мы тхыгъэхэм гъэщIэгъуэныгъэ гуэрхэр ядыболъагъу. Абы и лъэныкъуэкIи япэу гу зылъозыгъатэр мы повестхэм хэт лIыхъужьхэм зауэм и пэ къихуэ я гъащIэр нэхъ ехьэжьауэ къызэрыщыгъэлъэгъуэжахэрщ, етIуанэрауи, ахэр нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ зэрыщытырщ. ТхакIуэм ари къемызэгъыу къилъытэркъым, имылъэпкъэгъухэм темытхыхьыфыну, абыхэм я гурыщIэ, хьэл-щэнхэр нэсу къимыгъэлъэгъуэфыну къыфIэщIыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ зауэм зэрыхэта илъэсхэм ар лъэпкъ зэхуэмыдэ куэдым я лIыкIуэхэм ядэзэуащи, ныбжьэгъу щахуэхъуащи, я лIыгъэр, зэфIэкIыр здынэсыр зэхигъэкIащи.
Къардэн Бубэ Хэку зауэшхуэм рассказ зыбжани триухуащ. Абыхэм я нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъуар езы тхакIуэм и нэгу щIэкIахэрщ е нэгъуэщIхэм къыхуаIуэтэжахэрщ. И повестхэми ещхьу, абыхэми егъэлеиныгъэ яхэлъкъым, къыщыгъэлъэгъуар гъащIэм и пэжырщ, щIыпIэ нэхъ ин щызыубыдри ауэ къызэрыгуэкI цIыхум и лъахэм, къызыхэкIа и лъэпкъым къулыкъу нэс хуищIэрщ, лIыгъэ, хьэл-щэн къекIу, цIыхугъэ лъагэ а зэман хьэлъэхэм абыхэм къагъэлъэгъуахэрщ. Абыхэм ящыщу нэхъ гукъинэжхэр «Насыпыншагъэ», «Жэщ разведкэ», «ЗэхэгъэкIыпIэ», «ГуфIэгъуэ зэIущIэ» рассказхэрщ.
Акъыл, къару, зэфIэкI инхэмкIэ Тхьэр зыхуэпса Къардэн Бубэ гъащIэм къалэн зэхуэмыдэ куэд щигъэзэщIащ, абыхэм я гугъу умыщIынри ахэр гулъытэншэу къэбгъэнэнри къезэгъыркъым. Илъэс 40-м щIигъукIэ ар егъэджакIуэу пединститутымрэ университетымрэ щылэжьащ. Къардэным ехъулIэныгъэфIхэр иIэу кандидат, доктор диссертацэхэр пхигъэкIащ.
ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм щылэжьа илъэсхэм къриубыдэу Къардэн Бубэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр иригъэкIуэкIащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэхэм хэкум и еджапIэхэм папщIэ абы учебник, хрестоматие, куэд игъэхьэзыращ, анэдэлъхубзэм теухуа лэжьыгъэ Iэджэ къыдигъэкIащ. ЩIэныгъэлI гъуэзэджэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщщ «Урыс-къэбэрдей псалъалъэр», «Къэбэрдей-урыс фразеологием и псалъалъэр», «Къэбэрдеибзэм и глагол-сказуемэр», «Къэбэрдеибзэм и фразеологиер» лэжьыгъэхэр.
А псом и щIыIужкIи урыс литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм лъэпкъ тхылъеджэхэр щыгъуазэ щIынымкIи Къардэн Бубэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. БзитIри – и анэдэлъхубзэри урысыбзэри – нэгъэсауэ, Iэзэу зыщIэ щIэныгъэлIым и IэдакъэщIэкIхэр адыгэ литературэм и хэлъхьэныгъэ хьэлэмэтхэщ, ахэр ноби къыздэсым абы щапхъэу къыщонэ. ТхакIуэм зридзэкIахэм ящыщу зи цIэ нэхъ къиIуапхъэр Лермонтов Михаил «Ди зэманым и лIыхъужь» и романымрэ Шолохов Михаил и «ЩIыщIэ къэIэта» тхыгъэ цIэрыIуэмрэщ. 
Зыхилъхьэ щымыIэу псэкIэ илъагъу и хэкумрэ и лъэпкъымрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ еш имыщIэу, и къарурэ и зэфIэкIрэ емыблэжу хуэлэжьащ Къардэн Бубэ. И лъахэр псэзэпылъхьэпIэм щихуам абы япэу къыщхьэщыжахэм ар яхэтащ, абы и щхьэхуитыныгъэр пщIэрэ щIыхьрэ иIэу ихъумащ, а зыхэта зауаем и щытыкIэ пэжыр Iэзагъышхуэ хэлъу и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ, анэдэлъхубзэм лъэпкъ щIэныгъэм я зыужьыныгъэм, къэхъу щIэблэщIэм щIэныгъэ нэс етыным, ар гъэсэным и гъащIэ псор щхьэузыхь хуищIащ. Абыхэм языхэзми папщIэ Къардэн Бубэ къыдалъхуахэм я фIыщIэрэ щытхъурэ къелэжь. Ар абы икIи хуэфащэщ». 
Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться: