ЩыIащ-псэуащ УэсмэнкIэ еджэу пщы къулеижь гуэр. Псом хуэмыдэу ар къулейт IэщышхуэкIэ. Абы и Iэщ хъушэшхуэм Къущхьэхъу хъупIэм и нэхъыбэр яуфэбгъурт. Уэсмэн и хьэлт и лIыщIэхэр гъэ къэс зэрихъуэкIыу, абы къыхэкIкIэ, и Iэщэхэр Къущхьэхъу дэзыхухэр сыт щыгъуи нэгъуэщIт. Псоми зыгуэр ядигъуэрт, ауэ зэи дагъуэ хуимыщIу пэжу хуэлажьэу иIэт Таукъан. Къущхьэхъу щыкIуэкIэ и щхьэгъусэ Таужани къыздищтэрти, ахэр зэдэIэпыкъуурэ Iэщыр зыхуей хуагъазэрт.
Таукъанрэ Таужанрэ зы хъыджэбз цIыкIу закъуэ яIэу арати, я хъуэпсапIэт щIалэ цIыкIу ягъуэтыну. Абыхэм я хъуэпсапIэр къайхъулIауэ сабийхэри я гъусэу Къущхьэхъу здэщыIэм, Уэсмэн пщыIэм техьащ. ЩIалэ цIыкIур къалъхуа къудейуэ арати, пщыр ехъуэхъуащ и лэжьэкIуэжьым, я гуфIэгъуэри ядиIэтащ.
- Хуабжьу си гуапэ хъуащ щIалэ къызэрыфхэхъуар, - жиIащ пщым. – Фэ фхуэдэу лэжьэкIуэфI хъуну сыхуохъуахъуэ дунейм къытехьа цIыкIум. Хуит сыкъэфщIымэ, сэ цIэ фIэсщынт абы.
Зэщхьэгъусэхэм я дежкIэ щIыхьт я къуэм пщым цIэ къыфIищыныр. Пщыми Таукъанрэ Таужанрэ пщIэ яхуищIырти, къахэхъуа цIыкIум Пщыкъан фIищащ.
Я нэр къызыхуикIа щIалэ цIыкIур хуэсакъыпэу япIырт адэ-анэм. Езы щIалэ цIыкIури узыншэт. Таукъанрэ Таужанрэ хуабжьу щыгуфIыкIырт я щIалэм и зыужьыкIэм. Лъэпкъ тхуэхъун диIэ хъуащ жари, я гуфIэгъуэм гъуни нэзи иIэтэкъым унагъуэм.
Ауэ абыхэм я гуфIэгъуэр кIыхь хъуакъым. Таукъан Iэщхэр тригъэкIауэ джабэшхуэ нэкIум щигъэхъурт. Къущхьэхъум куэдрэ къыщымыхъу махуэ уэфI дыдэт. Я пщыIэ бжэIупэм Iут жыгыжьым и лъабжьэм Таукъан и щIакIуэ ныкъуэлажьэр щIиубгъуэри, Таужан сабийхэр абдеж щIигъэтIысхьащ.
- Сэ сыкъэкIуэжыху сабийм тIэкIу хуэсакъ, - жиIэри и хъыджэбз цIыкIу ХуаркIэ унафэ хуищIри, Таужан къуэм псыхьэ дыхьащ. ХуаркIэ джэгуу здэщысым гу лъимытэу и дэльху цIыкIур жыгым къыкIэщIэпщащ. Абдежым бгъэжь гуэрым зыкъридзыхри, жыгым къыкIэщIэпща щIалэ цIыкIур ипхъуэтащ. ХуаркIэ кIий-гуоууэ къыщылъэтат, арщхьэкIэ зыри къикIакъым, бгъэжьым лъагэу зиIэтри, мэзымкIэ ихьащ. Куэд дэмыкIыу псы пэгунитI иIыгъыу къэсыжащ Таужан. Гъуэгыу пежьа хъыджэбз цIыкIум къоупщI ар:
- Сыт къэхъуар? Щхьэ угърэ? - Бгъэжьым Пщыкъан мобыкIэ ихьащ, - жи.
- А дунэхъужа мыгъуи, - жиIэри псы пэгунитIыр Iэпыхури Таужан етIысэхащ. Пщыхьэщхьэм Iэщхэр пщыIэм къытезыгъэхьэжа Таукъан гъыным нэплъ ищIа зэанэзэпхъур щилъагъум, хуабжьу къэщтащ, къэхъуар щыжраIэм и щхьэр кIэрахъуэри ехуэхат, ауэ зиIыгъащ.
- Фымыгъ, пщэджэыжь мэзым сыкIуэнщи, сылъыхъуэнщ, - жиIэри зригъэщIащ зи гур къикIэзызыкI лIым.
Жэщыр уэху-уэхькIэ зыгъэкIуа Таукъан и Iэхъуэ башыр къищтэри, нэхущым мэзым кIуащ. Махуэ псом къызэхикIухьащ абы мэзыр, зыщиплъыхьащ бгыхэм, арщхьэкIэ зыри игъуэтакъым. Ешауэ пщыIэм къытехьэжащ. Унагъуэм къатепсыха гуауэ хьэлъэм зэлIзэфызым я фэр пихуауэ, я дунейр къатеункIыфIауэ махуэхэр блэкIырт. Дыхьэшх макъым хуэхей хъуа губгъуэ пщыIэжь цIыкIур нэщхъейт, гу зыщамыхуа я сабий цIыкIум и кIуэдыкIэр зыгъэв зэщхьэгъусэхэр фэншэ хъуат. Гуузт абыхэм уаIуплъэну. Апхуэдэурэ мазитIым щIигъу дэкIауэ зы махуэ гуэрым кIапсэрэ джыдэрэ къищтэри, Таукъан мэзым кIуащ, унагъуэр зэрыпщэфIэн пхъэ гъур тIэкIу дамэкIэ къихьыну. Пхъэ гъур лъыхъуэу мэзыкум иIэ къуэ куу гуэрым щхьэщыту, Таукъан сабий дыхьэшх макъ къызэхех. Ар къэщтауэ зеплъыхь, мэдаIуэ: сабий дыхьэшх макъыр езыр зыщхьэщыт къуэ куум къыдэIукIырт. Къуацэ-чыцэхэр зэлъыIуигъэкIуэтрэ дэплъэмэ, илъагъу гъэщIэгъуэным лIым и щхьэр игъэунэзащ: бгъэм ихьа щIалэ цIыкIур мыщэ шыритIым я зэхуакум дэльщ, - зы мыщэ къушым и жьэм щIалэ цIыкIум и лъакъуэ пцIанэ цIыкIур жьэдэльщи, къедзакъэ хуэдэу зещI, ауэ хигъэхьэркъым, етIуанэ мыщэ шырым и пщэм сабийм и IитIымкIэ зыкъришэкIау иIыгъщ, адрейри абы къобзей. И ныбжьэгъухэр къызэрыдэгушыIэр фIэгъэщIэгъуэну Пщыкъан цIыкIу зэрылъэлъу мэдыхьэшх, и ныбжьэгъухэри я макъ зрамыгъэIэтыщэу мэгурымхэри зэхэлъщ.
Илъагъу гъэщIэгъуэныр и фIэщ мыхъуу здеплъым, Таукъан и щхьэм упщIэхэр щызэблокI: «Сабийм мы мыщэ шырхэр щхьэ и гъусэ? Дауэ къаIэщIэсхыжа хъуну? Мыщэхэм я анэр къыкъуэкIмэ-щэ?». Езыр хэкIуадэми, мыщэхэм къахимынэным тегушхэри, и джыдэ жаныр Iэ ижьымкIэ иубыдщ, къуэ куум дыхьэри мыщэ шырхэр лъэныкъуэ зырызымкIэ зэбгыридзри, щIалэ цIыкIур къуэм къыдихыжри, унэм ихьыжащ. А махуэм Iэхъуэхэм гуфIэгъуэу яIар пхужымыIэным хуэдизт. Сабэм иуэжауэ блыным фIэлъ шыкIэпшынэр къыфIихауэ Таукъан еуэурэ зэщхьэгъусэхэр къызэдэфэрт. Апхуэдэу пщы Уэсмэн кърихьэлIати, хуабжьу игъэщIэгъуащ щIалэ цIыкIум и Iуэхур къызэрекIуэкIар.
- Аращ, зи ажал къэмысар псэунущ, мыр сабий насыпыфIэу къыщIэкIащ, и гъащIэр мыщэм ихъумащ. Сэ абы Пщыкъан фIэсща щхьэкIэ, зыри хуэсщIэфакъым, псори къыхуэзыщIар мыщэ анэжьращи, сэ сфIэкъэбылщ си къаным и цIэр МыщэкъанкIэ зэсхъуэкIжыну, - жиIащ пщы Уэсмэн.
Пщым жиIар унафэти, щIалэ цIыкIум и цIэр Мыщэкъаным къытенащ. Мыщэ анэм и шэр сэбэп къыхуэхъуауэ къалъытэу абы мыщэ къару хэлъ хъуат: витIым джабэм къахудэмыш гум Мыщэкъан щIэрыIамэ, напIэзыпIэм къыдэкIырт. Езым хуэдэ щIалибгъум къарукIэ япэщIэувэфырт.