НыбжьэгъуТэнащ Хьэжымырзэ адыгэ литературэм балигъыу лъэ быдэкIэ къыхэбэкъуа тхакIуэщ. Абы и Iуэтэж зыбжанэ ди газетым къытехуащ, иджыблагъэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыдэ романышхуэми щыгъуазэ фытщIащ. Фи пащхьэ идолъхьэ абы и зы Iуэтэжым щыщ пычыгъуэ. Любэ Дохъушыкъуей къуажэм щыщт. Ебгъуанэ классым зэрыщIэс лъандэрэ я къуажэ щIалэ гуэрым фIыуэ къилъагъурт. Астемырт щIалэм зэреджэр, топ джэгухэм яхэтт. Астемыр Любэ къыщилъагъукIэ, дэпу плъыжь хъу фIэкIа, къыбгъэдыхьэу сэлам кърихын хузэфIэкIыртэкъым, дискотекэ школым щыщекIуэкIкIи, жыжьэу щыт мыхъумэ, зэи къепсэлъэфыртэкъым. Е и цIыху щIыкIэу ара, е укIытэр къытекIуэрэт, Тхьэм ещIэ ар къызэхэкIыр! НэгъуэщI щIалэ Любэ къепсэлъылIэмэ, Астемыр кIуэрти а щIалэр иубэрэжьырт, «ар сэ си хъыджэбзщ» жиIэрти. Ауэ езы тIур зэи зэгъусэу плъагъунутэкъым. Жыжьэу Любэ ихъумэрт. Апхуэдэурэ школыр къаухри, къалэм еджапIэ къэкIуащ. Любэ тыкуэнтет IэщIагъэр зригъэгъуэтри лэжьэн щIидзати, ар зыщIэува тыкуэным Астемыр кIуэрт, лъэныкъуэ зригъэзырти, хъыджэбзым еплъу махуэ псом щытт. Люби ищIэнур ищIэртэкъым. Махуэ гуэрым, Любэ тыкуэным щIэту, Астемыр къыщIыхьащ. Сэлам кърихри, здэщыт и хабзэм деж уващ. Зэгуэрым Любэ и щхьэр къиIэтри, Астемыр цIыхубз гуэр бгъэдэтт, гуфIэжу, и лъэныкъуэмкIэ къаплъэурэ унафэ гуэр ящI нэхъей. Астемыр зыри жимыIэу щIэжыжащ, цIыхубз мыцIыхур Любэ къыбгъэдыхьэри, сэлам кърихащ, зыкърикъэцIыхуащ. «Астемыр сырианэщ. СыкъыумыцIыхуми, сэ куэд щIауэ уи хъыбарыфI куэд зэхызох, ауэ ар си къуэракъым къызжезыIар, и ныбжьэгъу Хьэмелщ. Иджы, си хъыджэбз, сэ быдэу си фIэщ мэхъу уэ щIалэ узэримыIэр, Астемыр мобдеж къожьэри щытщ, уэ сызэрынопсалъэнум щхьэкIэ укIытэри щIэкIауэ. ТIури дыщIокIри, «сэ си нысэр къэзгъуэтыжащ, уэ дауэ ухуейми щIы», жысIэнщи ищIэм деплъынщ», - жеIэ цIыхубзым. Любэ щхьэхуимыту щIешри, Астемырым и пащхьэм ирегъэувэ: «Мис, си щIалэ, сэ си нысэр къэзгъуэтыжащи, и жагъуэ пщIыуэ здэнукъым. Унагъуэ ухъуну игъуэ хъуащ, уигу илъыр хуэIуатэ», - жеIэри. Арати Любэ тыкуэным щIыхьэжащ Астемыр и гъусэу. Псори гурыIуэгъуэт иджы, ауэ езы щIалэм зыри жиIэркъым, Люби ищIэнур ищIэркъым. «Нобэ кином дыбгъэкIуэн?», - щыжиIэм, Любэ и щхьэр арэзыуэ ищIащ. А пщыхьэщхьэм щыщIэдзауэ Любэрэ Астемыррэ зы пщыхьэщхьэ къэнакъым зэхуэмызэу. Хуэмурэ зэсащ, Астемыр и гухэлъхэри тIэкIу-тIэкIуурэ Любэ гуригъэIуащ, Люби щIалэр игу зэрырихьыр жиIащ. Астемыр и анэр тыкуэным щIыхьэрей хъуат, и нысэ хъуну зыщыгугъ хъыджэбзыр нэхъыфIу зригъэцIыхумэ нэхъ къищтэу. Щымылажьэ махуэ гуэрым зэгурыIуэри, Любэ хэкъущыкъу щащэм ишэри, нэхъ лъапIэ дыдэу яIэ сервизыр къыхуищэхуащ. ЕтIуанэ махуэм - дыху, Iупэлэ, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. Апхуэдэурэ зы илъэс ныкъуэ дэкIауэ, ныбжьыщIэхэр зэрышэну загъэхьэзырауэ, Астемыр военкоматыр къоджэ, армэм дашыну. ЯмыгъэкIуэн я гугъэу ямыгъэлъэIуа щыIэжкъым, ауэ зыри къикIакъым. ЩIалэм егъажьэ пшыхь хуащIыжри, армэм дашащ. А пщыхьэщхьэм хъуэхъуу жаIам щIэи гъуни иIэтэкъым, Астемыр и Iыхьлыи благъи Любэ зымыцIыхуа яхэттэкъым, тэкIу укIытэми, Люби есэжат икIи фIэфIт фIыуэ илъэгъуа щIалэм и унагъуэм ихьэну. «Iуэхур уэ узэрыгугъэм хуэдэу хъумэ, уунэхъурэт» - жыхуаIэм хуэдэщ иужькIэ къэхъуар… Любэ и дэлъху Хьэсэнбий армэр къиухри къигъэзэжащ. Хьэсэнбий Любэ нэхърэ илъэсихкIэ нэхъыжьт. ЩIалэр армэм къызэрикIыжам теухуауэ тхьэлъэIу хуащIыжырти, къуажэм щIалэгъуалэу дэсыр къекIуэлIащ. Хьэсэнбий и гъусэу армэм щыIа щIалитIи къеблэгъат. Ахэр къызэрысу Любэ ирагъэцIыхуащ. Залымрэ Алийрэ гукъыдэж яIэу гупым яхэсащ, джэгуащ, къэфащ. Алий Любэ иужь икIыртэкъым. ХьэщIэти, и жагъуэ имыщIыну хэтт, щымыхъужыххэм и дэлъхум елъэIуащ и ныбжьэгъур тIэкIу игъэсабырыну. Хьэсэнбий зыри хищIыкIыртэкъым и шыпхъум пIалъэ зэритам. Алий щыкIэрымыкIым, ирихулIэри, гуригъэIуащ езыр къыздикIыжам и щIалэр зэрыщыIэр, къызэрыкIуэжу хьэгъуэлIыгъуэ зэращIынур. ЩIалэ тIэкIу еIубам ар игу ирихьакъым. Хьэсэнбий зыхуигъазэри, зэрыпцIыупсыр жриIащ. Къэхъуар дэлъхум къыщыгурыIуэм, «Уэ абы щхьэкIэ умыгузавэ, сэ бжесIар згъэпэжынщ», - жиIэри, и ныбжьэгъум и гур фIы хуищIыжащ. Зы тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу Хьэсэнбийрэ Алийрэ Любэ зыщIэт тыкуэным кIуащ. А махуэм щегъэжьауи, сыт щхьэусыгъуэ ямыщIами дэлъхумрэ Алийрэ Любэ деж кIуэрей хъуащ. Астемыр и анэми абы гу лъимытэу къэнакъым, ауэ «и дэлъхущ, зыри къэхъуакъым», жиIэурэ, гузавэми закъримыгъащIэурэ якIэлъыплъащ. Iуэхур куу щыхъум, Любэ и дэлъхум елъэIуащ афIэкIа Алий и гъусэу лъэжьапIэм Iумыхьэну, арщхьэкIэ Хьэсэнбий ерыщт. Щымыхъужым, жриIащ армэм щыIэу щIалэ зэриIэр, къэсыжмэ, ахэр зэрызэрышэнур. Ари дэлъхум зыуи къыщыхъуакъым. Алийри ерыщ екIуащи, и шыпхъур щхьэгъусэу къезытыну къэзыгъэгугъа щIалэр зэрехуэ. Тхьэмахуэ махуэу унэм щыIэну къэкIуэжа шыпхъур и закъуэу Хьэсэнбий къиубыдри епсалъащ: - Сэ иджыри къэс лэжьапIэ сыщIэмыувар уэращ, си напэр тепхащ, пцIыупсу сыкъыщIэбгъэкIащ, сэ жысIэр умыщIэнумэ, армэм зэгурыIуэныгъэ есщIылIэнурэ згъэзэжынущ. Сэ апхуэдэу мы щIыпIэм сисыжыфынукъым. Е удэкIуэнщ, е згъэзэжынщ – хэдэ, - жиIэри. Хъыжэбзым нэпсу щIигъэкIам ущIэмыупщIэ… Дэнэ кIуэнт, и дэлъхур аргуэру Сыбырым нэс имыгъэкIуэн щхьэкIэ «ерэхъу» жиIэри, Любэ яшащ. И гуащэ хъун хуеям псори лъэIэсыжащ, дауи. Сыт хуэдэ упщIэ Любэ ирамытами, залымыгъэ хэмылъауэ, езыр фIэфIу дэкIуауэщ зэригъэIуар. Псори зэрызехьэри сабырыжащ, ауэ цIыхухэм я фIэщ хъуакъым Любэ фIыуэ илъагъу Астемыр апхуэдэ лей фIырыфIкIэ ирихауэ. Къэхъуар къэхъуащ, адэкIи псэун хуейт. Мазий нэхъ дэмыкIыу Астемыри армэр къиухри къэкIуэжащ. Мы дуней гуфIэгъуэр иIэу щIалэр къэсыжри, унэм дэмыхьэж щIыкIэ Любэ щылажьэм занщIэу кIуащ. ЛъэныкъуэкIэ щыту хъыджэбзым зэрыкIэлъыплъу щытам хуэдэу мэуври, Астемыр Любэ йоплъ. Арыххэу щIалэжь гуэр къосри, Любэ зрешэкI, и нэкIущхьэм ба хуещI… И нэгу щIэкIар и фIэщ хуэмыщIу Астемыр Iэнкун къохъу, и тхьэкIумэми къоцырхъэ щIалэм и псалъэхэр: - Ныщхьэбэ къуажэм дехыжынущи, зыгъэхьэзыр. Ар жеIэри, щIалэр тыкуэным къыщIокIыж. - Хъунщ, - жиIэу Любэ абы щыкIэлъыплъым, бжэм пэмыжыжьэу лъэныкъуэкIэ щыт Астемыр и нэр тохуэ. Астемыр хуэмурэ Любэ бгъэдыхьэри и Iэм Iэрылъ Iэлъыныр илъэгъуащ. Сыт ищIэнт Любэ?! ГуригъэIуэнути, и напIэр къыхуэIэткъым, сэлам ирихынути, ари хъунукъым, щыгуфIыкIынущи, ари пэжкъым. Астемыр унэм кIуэжащ, и анэр Iуэхум зэрыщыгъуазэр къыгурыIуати, къэхъуар жригъэIэну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




