ЩIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр щахъумэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэщ тхыдэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр, тхылъхэр, хъыбар зиIэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщI куэди щызэхуэхьэса Тхыдэ-лъахэхутэ музей. Музейр Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщIу щыта Джатэ Руслъан и жэрдэмкIэ 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м къызэIуахащ. Тхыдэ къулей зиIэ, цIыху щэджащэхэр зи куэд Дзэлыкъуэ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр музей уимыIэу зэрыпхуэмыхъумэнур къилъытащ абы. Музейр къызэгъэпэщыным республикэ мылъкуи текIуэдакъым, езы щIыналъэм иIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпыжри зэфIигъэуващ. Музейр Дзэлыкъуэкъуажэ дэтщ.

 Дзэлыкъуэ щIыналъэм теухуауэ щыIэ архивыр, тхыдэ хъыбархэр, щIыпIэ телъыджэхэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэт гъэтIылъыгъэхэр, хьэпшып зэхуэмыдэхэр зэхуэхьэсыныр, хъумэныр, цIыхухэм егъэлъэгъуныр - аращ музейм и къалэныр. Республикэм, щIыналъэм, дуней псом цIэрыIуа щыхъуа цIыху и1эщ щIыналъэм. Хэт гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ, хэт литературэм хэлэжьыхьащ, хэт щIэныгъэм гъуэгу щыпхишащ, хэт Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэтащ. Абыхэм гулъытэ хуащI. Музейм щIэлъщ Адыгэ хабзэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм теухуа гъэтIылъыгъэ къулеи. Ахэр, псалъэм папщIэ, егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми я лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэп. Музейм куэдрэ щрагъэкIуэкI республикэмрэ къэралымрэ щагъэлъапIэ махуэшхуэхэм я пшыхьхэр. Ахэр псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэм я дежкIэ щхьэпэщ.

КъызэрымыкIуэу хьэпшып лъапIэхэр щахъумэ музейм. ИкIи абыхэм я лъапIагъыр къызэралъытэр ахэр къызыхэщIыкIаракъым, я уасэнкIэ хъунуракъым. Ахэр лъапIэ зыщIыр зэрытIорысэрщ. Зэманыжьым къыпхыкIа хьэпшыпхэм Iэмал имыIэу хъыбар телъыджэхэри ящIыгъущ. Псалъэм щхьэкIэ, абы щIэлъщ Къармэхьэблэ деж къыщыщIатIыкIыжа хьэпшып тIорысэ дыдэхэр: мывэ уадащхьэр (мывэ лъэхъэнэм и зэманщ), илъэс миниплIрэ ныкъуэрэ зи ныбжьу хуагъэфащэ пасэрей кхъуэщыныжьхэр, илъэсищэрэ ныкъуэрэ зи ныбжь фащэ Iэщхьэпылъ, быргуэ-быргуэ тIорысэ дыдэр, гуэншэрыкъыр, шыгун етур, гуэгуэныжьхэр, жыр пыIэхэр. Адыгэм и псэукIэу щытар, IуэхущIафэу зэрихьахэр, щIым зэрытелажьэу иIэ Iэмалхэр, Iэщым зэрыкIэлъыплъу щытахэр – куэд къаIуатэ абыхэм.

ГъэщIэгъуэнщ зауэ зэман лъандэрэ яхъума сэлэт письмо щимэ цIыкIухэри абы зэрыщIэлъыр. Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуауэ куэд щахъумэ музейм, къапщтэмэ. Зауэр зи нэгу щIэкIахэм хухахащ зы плIанэпэ. Дзэлыкъуэкъуажэ зэрыпхъуакIуэхэм щаубыдам щыгъуэ, Бабыгуей Жан къуажэ советым фIэлъ нып плъыжьыр къыфIихри, и унэ пкIэунэм щигъэпщкIуащ. Къуажэр хуит къэхъужыху ихъума ныпыр нэмыцэхэм къагъуэтамэ, езыри и унагъуэри ягъэкIуэдынут. А шынагъуэм ебэкъуа бзылъхугъэр зы щапхъэщ. Илъэс 14 фIэкIа хъуртэкъым Ташло Мурадин зауэм щыгъуэ лIыхъужьыгъэ щызэрихьам. ЗэрыпхъуакIуэхэм Малкэ къуажэр щаубыдам, нэмыцэ офицерым Малкэ шэщым адыгэшу щIэтыр Германием яхуну унафэ ищIат. Мурадин щIалэ цIыкIуитI и гъусэу ди зы партизаным щэхуу зыбгъэдишэри къелъэIуащ: шэщыбжэр ямылъагъуу Iуахыу, шыхэр яутIыпщыну. Мурадин щIыгъу щIалэ цIыкIуитIым дзыхь ящIакъым – шынащ. Мурадиным шыхэр жэщым игъэкIуасэри, Куржым ихуащ. Мазитхум нэблагъэкIэ (нэмыцэхэр дахужыху) абы шыхэр щигъэхъуащ. ЩIалэм къигъэзэжа нэужь, шы спортым хыхьащ, спортсмен хъуащ. Ари нэгъуэщI зы щапхъэщ.

НэгъуэщI щIыналъэхэм, къалэхэм къикIыу музейм зыплъыхьакIуэ кIуэхэм япэ дыдэу ирагъэлъагъу Дзэлыкъуэ щIыналъэм и ныпыр, гербыр, ирагъэдаIуэ гимным.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: