ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ, щIэныгъэм и цIыху

«ЦIыху узыщI щIэныгъэ» - апхуэдэ фIэщыгъэщ иритар и адыгэ тхыдэдж цIэрыIуэ Нало Евгение и гукъэкIыжхэр, абы хужаIахэр, псэуху ишэча бэлыхьхэр гъуджэм ещхьу къызэрыщ дэфтэрхэр щызэхуихьэсыжа тхылъым Мэрзей Аслъэнбэч. 2018 гъэм къыдэкIа а тхылъыр напэкIуэцI 700-м щIегъу, «сыкъеджащ» жыпIа нэужькIи, щIэрыщIэу къыщIумыдзэжу мыхъуу. 
КъызэрыщIэкIымкIэ, тхылъым и япэ Iыхьэр а зэманым Евгение и студенту щыта Мэрзей (Къэзанш) Нателлэ кассетэм иригъэтхри, иужькIэ къритхыкIыжащ. КъыдэкIыгъуэр тедзэным хуэзыгъэхьэзыра Аслъэнбэч абы и пэублэри итхащ, егъэджакIуэм и гъащIэ Iыхьэ езыр зытемыпсэлъыхьыфахэм епха интервью зыбжанэ благъэхэмрэ цIыхугъэхэмрэ къаIихащ. А псори зэбгъэуIумэ, роман зыбгъупщI къызыхэкIын гъуэгуанэ гугъу къэзыкIуа бзылъхугъэм и цIыху щIыкIэри, и псэлъэкIэри, и теплъэри, и цIыху хэтыкIэри нэгум IупщIу къыщIоувэ. 
Пэжыр жыпIэмэ, тыншу узэджэ тхылъкъым «ЦIыху узыщI щIэныгъэр», ауэ и фIэщу гъащIэм хэт, къызыхэкIа лъэпкъыр, щыпсэу къэралыр, нобэмрэ пщэдеймрэ къызыфIэIуэху цIыхум дежкIэ гу къабзэкIэ къэIуэтэжа мыпхуэдэ гъэунэхугъуэхэр лъапIэ дыдэщ. Адыгэбзэри урысыбзэри зэрызэхэухуэнам къыхэкIыу, зи гукъэкIыжхэм «къуэлэн» фIэзыщIа Евгение илъэси 5-мрэ 85-мрэ я зэхуакум икIуа гъуэгуанэр абрэмывэм хуэдэу къэIэтыгъуейщ. «ФIыр нэхъыбэщ» зэрыжытIэ къудейм фIыр тригъакIуэркъым, ди жагъуэ зэрыхъущи. ЦIыхум къыдалъху къабзагъэри щIэгъэкъуэн лъэщ хуэныкъуэщ. Апхуэдэ дэIэпыкъуэгъу пхуохъу цIыху Iущым и Iуэху еплъыкIэмрэ бэлыхь мыухыжым къыхиха дерсхэмрэ. Аращ иджырей и юбилейм ирихьэлIэу, езы Женэ и псалъэ къэтхьыныр, и гукъэкIыжхэр адыгэбзэ зэфэзэщым идгъэзэгъэныр хэкIыпIэхэм я нэхъыфIу къыщIэтлъытар. Гушхуэ зыкIуэцIылъа а бзылъхугъэр къызэрытхуэцIыхуну Iэмалхэм я нэхъыфIыр арагъэнщ. 

Сабигъуэр

Сэ сыкъыщалъхуар 1920 гъэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Аруан районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм зыхуей зыгъуэту дэс Нало Жамырзэ Къубатий и къуэм и унагъуэм. Дыунагъуэшхуэт: къуитIрэ пхъуитхурэ драIэт ди адэ-анэм. Си шыпхъу нэхъыщIэр цIыкIу дыдэу дунейм зэрехыжар сощIэж. Сэри сыцIыкIут абы щыгъуэм, сыгъ хъунрэ мыхъунрэ сымыщIэу. 
Сабиигъуэ… Сытым деж щиухыр а ныбжьыр? СщIэркъым. Гугъусыгъуу зэхэтщ си гукъэкIыжхэр. Сабиигъуэ пасэр! Абы щыгъуэ хуэдэу насыпыфIэу сыщыщыта зэи къысхуихуагъэнкъым. Адэ-анэкIэ сехъулIат сэ. ИгъащIэм си адэр хъуанэу зэхэсхакъым, си анэм и гугъу умыщIыххэ. Ахэр игъащIэм зэфIэмынауэ къысфIэщIырт, зэщыIеяуэ зэи зэрызмылъэгъуам щхьэкIэ. 
Си адэр си анэм дежкIэ тхьэпэлъытэт. Ди адэр зыбгъэдэс Iэнэм бгъэдэтIысхьэу, шхэуэ слъэгъуакъым зэи. Ди адэр езым и пэшым щышхэрт. Абы и шхыныр хутедгъэувэныр пщIэшхуэт сабийхэм ди дежкIэ. Нэхъыбэм ди анэрат хуэзыхьыр. Сабий нэхъыжьхэр укIытэрти, щIыхьэххэртэкъым. Сэ сызэрынэхъыщIэм къыхэкIыу, сыщIэлъадэрт. Си нэгум щIэтщ ди анэр, шхыныр ди адэм хутригъэувэу, пхъуантэм и Iэр тегъэщIауэ, абы шхэн иухыху пэплъэу щыту. ИгъащIэм абы къилъагъуу тIысакъым. Апхуэдэу зым адрейм пщIэ хуищIырт. Сэ илъэсибл хуэдиз сыхъуми арати, «зэлIзэфыз» жыхуаIэм къикIри сщIэртэкъым. IэплIэ зэхуащIуи зэи слъэгъуакъым. 
 Ди адэр хьэщIэм хуэдэт: къокIуэж, йожьэж. КъыщыкIуэжхэр си махуэшхуэт. Ди адэр къыщыдыхьэжкIэ, ди анэм къыджиIэрт: «ИIэ, псынщIэу фыкIуэ, фыпежьэ! Фи адэ дахэр къокIуэж!» Псоми зитчырт. Сабий нэхъ инхэр къыстежырт, салъэщIэмыхьэу. Ди адэм ар къыгурыIуэрти, абыхэм заришэкIа нэужь, сэ IэплIэкIэ сыкъищтэрт. Сэри и жыпхэр къэсщырт, зыгуэр зэрысхуигъэпщкIуам шэч къытезмыхьэу. Адрейхэм щхьэж къылъысыр къищта нэужь, сэ жып щхьэхуэ сиIэти, абы схурилъхьар къыщыслъыхъуэрт. 
 Ди адэр унэм щыщIэс зэман кIэщIым егъэлеяуэ сынасыпыфIэт. ХьэщIэ щIэсу, абы и куэщIым уисыныр насып курыхт. Сэ сыхъыджэбз гъэфIати, зыгуэрхэр зэхэсщIыхьыху, ди анэм си пIэ сримыгъэзэгъэжу хъу къыщIэкIынтэкъым. Ди адэр щIэсмэ, абы сыкъызэрыригъэлынур сщIэрти, сыбгъэдэлъадэрт, зыри къызэIусэну хуимыту. Езыми жиIэрт: «Щхьэ хужьыр и хэщIапIэм къекIуэлIэжащи, фыкъемыIусэ». ЩтапIэ сихьэжым хуэдэт, зыри къызэцырхъыну хуимыту. 
 «ЗыщIыпIи сумыгъэхь, сэ уи гъусэу сыхэлъынущ», - жесIэрт, ди адэр щыгъуэлъыжкIэ. Си шыпхъур зыщIэлъ, сабийхэм я пэшым пщэдджыжьым сыкъыщIыщыхутэр къызгурыIуэртэкъым. Си жагъуэ дыдэ хъурт ар, ауэ зыми сеупщIыфыртэкъым. Сыкъэуша нэужь, аргуэру ди адэ-анэм я пэшым сахьыжырти, ди адэм жиIэрт: «Ныжэбэ гуэрым мыщэжь укъилъагъуну къакIуэри, зыгуэрхэр къыпхуихьащ». «Сытыт-тIэ сыщIыщIэмысыр мыбы?» - сеупщIырт сэри. «Ужейрти, укъэзгъэушыфакъым. Щхьэнтэ лъабжьэм зыгуэр къыпхущIимынауэ пIэрэ?» Арати, си Iэхэр щхьэнтэ лъабжьэм щIэзгъэлъадэрт, абдежым шоколад къызэрыщызгъуэтынур сщIэуэ. Абы щыгъуэ щыIа кIэнфетыр зыхуэдэр фщIэрэт? КIыхьу, и кIапитIыр бэлацэу, езыр зэпэплIимэрэ дэтхэнэ лъэныкъуэми цIыхубз дахэ гуэрым и сурэт хэгъэжыхьауэ. КIэнфетым нэмыщI, иджыри зыгуэрхэр щIэлъ хабзэт: щыгъэ, тхьэгъу, жьэ пшынэ, мажьэ къуаншэ, браныч хуэдэ гуэрхэр. Ди Тхьэ! ЗэрыхузэфIэкIыу дигъэгуфIэрт апхуэдэу ди адэм! 
 Си адэмрэ сэрэ хадэм диту си нэгум сурэт къыщIоувэж. Си Iэпэр иIыгъщи, мыпхуэдэу жеIэ: «Къыпыч, мес мо балий фIыцIэращ нэхъ IэфIыр!» Хъыринэ тхуищIын фIэфI дыдэт. Ди гуэщышхуэм хъыринэ кIэрыщIауэ апхуэдэт. Игу хэхъуэрт абы дызэрещIэм щхьэкIэ. 
 Дзапэ уэрэд къриш зэпытт ди адэм, псом хуэмыдэу Урыс-Кавказ зауэм зэхалъхьахэр. Иджыпсту слъагъу хуэдэщ ар: алэрыбгъум тету, и IитIыр и щIыбагъым щызэрыдзауэ, икIукI-къикIукIыу, и гум щIыхьауэ гъыбзэ жиIэу. Хъыбару жиIэжхэм седаIуэурэщ абыхэм къарыкIыр къыщызгурыIуар. Ди унэм хабзэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, тхыдэр зыщIэжхэр щызэхуэсырти, кIыхьу щызэдауэу, щыуэршэру щызэхэст. 
Урыс-Къэбэрдей зауэмрэ Урыс-Кавказ зауэмрэ къыздахьахэр гуузут ди адэм зэрызыхищIэр. Пащтыхьыр илъагъу хъуртэкъым, апхуэдэ къэрал ухуэкIэми гущыкI хуиIэт. Социалистхэм щIахыхьари аращ. Иджы а уэрэдхэр зэрызмыщIэжыр сигу къоуэ, ауэ зы едзыгъуэ закъуэ сигу къинащ: 
Сабий цIыкIухэурэ къыхэгъыкIым
Топыжь гъуэжьым и шэм я щхьэр фIех. 

 А псалъэхэр щыжиIэкIэ, сэри сыгъырт. Сабий цIыкIухэр къызыфIэзгъэщIырти, а «топ» жыхуиIэр Iэмал имыIэу щIыху-фIыцIафэут си нэгум къызэрыщIэувэр. Абы лъандэрэ зауэ жыхуаIэр слъагъу хъуркъым. Иджыпстуи шэч къытесхьэркъым абы нэхърэ нэхъ Iуэху икIэ, нэхъ гущIэгъуншэ, цIыхум нэхъ хуэмыфащэ зэрыщымыIэм. Iуэху зэхэзэрыхьар зауэкIэ зэхахыжыркъым. Щхьэ къущIитар Iэнэм убгъэдэтIысхьэу, ар акъылкIэ зэхэпхыжын щхьэкIэщ, къамэр къыумыпхъуэту. 
 Ди адэр макъамэ къызэрыкI Iэмэпсымэхэми еуэфырт. Мандолинэ, балалайкэ, шыкIэпшынэ, пианинэ диIэт. Ди анэр дахэ дыдэу пшыни шыкIэпшыни еуэрт. Иджыпсту слъагъу хуэдэщ ахэр: ди адэр гъуэлъыпIэкум исщ, и куэщIым шыкIэпшынэр итщи, бзэкъур абы ирегъажэ. Ди анэр шэнтым тесу, абы пшынэкIэ дожьу, тIуми лъагъуныгъэ уэрэдхэмрэ гъыбзэхэмрэ къраш. А концертхэр ди адэ-анэм зыгуэр щысу ирагъэкIуэкIыртэкъым зэи, сабийхэм тлъагъуу фIэкIа. Сэ апхуэдэм деж си псэр IукIауэ сыщыст. Сыту фIыщэу слъагъурэт тIури! Ауэ ди адэр, дауи, нэхъыфIу слъагъурт. Абы жиIамэ, зэфIэкIат. Ар зи фIыгъэр ди анэрщ. «Алыхьым апхуэдэ адэ къызэрывитам щхьэкIэ, фыгуфIэн хуейщ!» - къыджиIэ зэпытт. Абы дыхуэфащэу дыщытыну диущийрт. Куэд къыджиIэжырт ди адэм теухуауэ. А хъыбар псори зэщхьу иухырт: «Фи адэм фригушхуэн хуейщ: ар щабэщ, лIы къекIущ, фIыуэ фыкъелъагъу, нэхъ цIыхуфI уигъэлъыхъуэнщ». 
 Ди анэр ди адэм апхуэдизкIэ дахэу тепсэлъыхьырти, зы дагъуэ зимыIэ щихъыу си фIэщ ищIат. Унэм зэрыщIэсым ар апхуэмыдэу жызэзыгъэIын зыри щыдэслъагъуртэкъым. СыкъыдэкIуэтейуэ, сэри зыгуэрхэр къызгурыIуэ сыхъуа нэужь, дауи, къызгурыIуащ ди адэр зэрымыщихъыр, ауэ ди анэм ар апхуэдэу къытфIигъэщIыфат. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: