ЩоджэнцIыкIу Алий теухуауэ…

ЩIэблэр бгъэсэнымкIэ сэбэпщ литературэм и Iэмалхэр. Баксанёнкэдэсхэм а Iэмалыр жыджэру къагъэсэбэп: адыгэбзэмкIэ ди тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ятеухуа пшыхьхэмрэ зэIущIэхэмрэ щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкI. Дауи, абыхэм хэт еджакIуэхэр еджэным нэхъ дехьэх щэнхабзэри литерутарэри щIэщыгъуэ ящохъу.

ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Баксанёнкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщызэрагъэпэщащ ныбжьыщIэхэр жыджэру зыхэта Iуэху дахэ - «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ. Ар къызэригъэпэщащ Бахъсэн щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и центрым и методист нэхъыжь, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэм, и IэдакъэщIэкIхэм, еджапIэ зэрыщыIам, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми теухуа упщIэхэм пэджэжынымкIэ, усэ къеджэнкIэ, теплъэгъуэ гъэлъэгъуэнкIэ зэпеуащ гупхэр.

ГупиплIым я зэфIэкIыр къапщытащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ псапащIэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид, Бахъсэн районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Къардэн Марат, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Гугъуэт Заремэ, Бахъсэн районым щэнхабзэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Къэрэмырзэ Людэ, Бахъсэн районым и библиотекэ системэм и методист ЛIыгуащIэ Эльвирэ. КъэпщытакIуэ гупым я унафэщIащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ.

НыбжьыщIэхэр унэтIыныгъиплIкIэ зэпеуащ: къэпщытакIуэхэм зыкърагъэцIыхуу я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ, гуп къэс ЩоджэнцIыкIу Алий теухуа упщIэ зыбжанэм жэуап зыубгъуа иратащ, абыхэм я пашэхэр щхьэхуэу упщIэ-жэуапкIэ зэпеуащ; ныбжьыщIэхэр гъэхуауэ усэ къызэреджэфыр наIуэ къащIащ; ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм тращIыкIа теплъэгъуэхэр ягъэлъэгъуащ. КъэпщытакIуэ гупым увыпIэхэр щагуэшым къалъытащ ныбжьыщIэхэм я утыку итыкIэр, я фащэр, гуп къэс игъэхьэзыра дамыгъэр (эмблемэ), усэр зэрызыхащIэр, теплъэгъуэм щагъэлъэгъуа артистизмымрэ утыкур зэпэщ зэращIамрэ, анэдэлъхубзэр зэраIурылъыр.

ТекIуэныгъэр (Гран-при) ялъысащ ПсыкIэху къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лIыкIуэхэм – «НыбжьыщIэ хахуэ» гупым. Япэ увыпIэр къахьащ «Лъэпкъым и макъ» зыфIэзыщахэм. Ахэр Баксанёнкэ къуажэм дэт курыт еджапIэ ещанэм щIэсщ. ЕтIуанэ хъуащ Кышпэк къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къикIа «Шыхулъагъуэ» гупыр. Баксанёнкэ къуажэ етIуанэ курыт еджапIэм щыщ «Нур» гупым ещанэ увыпIэр къахьащ. «Нур»-м гулъытэ хуащIащ къэпщытакIуэхэм я фIыщIэ тхылъкIи.

- НыбжьыщIэхэм зыкъызэрывгъэлъэгъуар дигу дыхьащ, ауэ гугъу дригъэхьащ увыпIэхэр гуэшыным. Псом нэхъыщхьэращи, адыгэбзэр дахэу фогъэшэрыуэ. Фэри, фызыгъасэ фи адэ-анэхэми, фи егъэджакIуэхэми фIыщIэшхуэ фхудощI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я союзым къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу нобэ екIуу зыкъэзырывгъэлъэгъуамкIэ.

Зэпеуэм хэта дэтхэнэ гупми фхуэфащэщ текIуэныгъэ, абы шэч къытевмыхьэ. Ауэ, къэпщытакIуэ гупым цIыху зытхух дыщыхэткIэ, балл бжыгъэхэр дгъэуващ, ахэр зэхэтлъхьэжу къэдбжыжын хуей хъуащ. Абы къикIыркъым псоми зы гупыр нэхъ къыхэдгъэщхьэхукIауэ, зэпеуэ Iыхьэхэм теухуауэ ди гупсысэ щызэтемыхуаи щыIэщ, - жиIащ Мэремкъул Ларисэ ныбжьыщIэхэм защыхуигъазэм.

Къардэн Марат марафон зэпеуэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъэгъуахэм ехъуэхъуащ, адыгэбзэр фIыуэ зэралъагъум хуэдэу, адэкIи щIэныгъэм и лъагъуэм гушхуауэ ирикIуэну чэнджэщ яритащ. Абы Зэгъэщтокъуэ Людэ фIыщIэ хуищIащ Iуэхур къызэрызэригъэпэщам, щIэблэм къызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ ялъагъуу къыдэкIуэтеиным хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ.

Зэпеуэм хэта гупым видеозэпыщIэныгъэкIэ чэзур иратащ Тэрч щыналъэм хиубыдэ Тамбовкэ къуажэм и ныбжьыщIэхэм. Иджы абы къыщызэрагъэпэщынущ ЩоджэнцIыкIу Алий теухуа зэпеуэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: