Гъуэгуанэ хьэлъэ…ЗэрытщIэщи, лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр, цIыхубэм къадекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ музейхэм. Абы къыхэкIыу, республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр йогугъу музейхэм зегъэужьыным, хьэпшыпхэм къахэгъэхъуэнымрэ хъумапIэхэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэнымрэ. Дызэрыгушхуэнщи, апхуэдэу дэри республикэм щыдиIэщ Лъэпкъ музейр. Иужьрей илъэсхэм IуэхущIапIэм и экспонатхэм къахэхъуащ хьэпшып мини 7. Лъэпкъ Iуэхухэм япкъ иткIэ, мы музейм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ, къэбгъэлъагъуэмэ, экспонат мин 1,5-м щIигъу зыщIэт пэшищ щIэуэ къызэIуахащ. Мыбдеж зыщыщыбгъэгъуэзэфынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм зыхуэдам щыхьэт техъуэ хьэпшыпхэм, тхылъхэм, дэфтэрхэмрэ сурэтхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ XV-XIX лIэщIыгъуэхэм къриубыдэу яIа тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щыхьэт техъуэхэр яхъумэ. IуэхущIапIэм гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщ къудейкъым, атIэ щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри лекцэхэри щрагъэкIуэкI. Къыхэгъэщыпхъэщ и мыхьэнэкIэ мынэхъыбэмэ, мынэхъ мащIэу Хэку зауэшхуэм и фэеплъри мы музейм зэрихъумэр. ТекIуэныгъэр къызэрытхьрэ илъэс 80 зэрырикъум и илъэсу 2025 гъэр зэрагъэувам тету абы Iуэху зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщызэрагъэпэщащ. Сыт щыгъуи хуэдэу а илъэс лъыгъажэхэм щыщу гулъытэр зыхуэтщIыжыр зауэм хахуэу щызэуа 115-нэ шууей дивизэрщ. ЦIыху мини 5-рэ 550 хъу дивизэр зауэ IэнатIэ щыIухьа япэ тхьэмахуитIым бийм и лъэсыдзэ полкищ зэтрикъутауэ щытащ, ар икъукIэ бжыгъэшхуэт. Къыхэгъэщыпхъэщ: 51-нэ армэм хыхьэ 115-нэ шууей дивизэр 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 1 пщIондэ псэемыблэжу щызэуащ Мартыновкэ Иным, Несмеяновкэ, Денисовскэ, Батлаевскэ, Пробуждение, Новониколаевскэ жылагъуэхэм. Мартыновкэ Иным деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм ди дзэм бийм и танкыу 38, автомашинэу 7 щызэтрикъутат, лъэсыдзэу батальоным нэблагъэ хигъэщIат. 115-нэ шууей дивизэм и командиру, зауэлIу цIыху 50-м КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ хуагъэфэщауэ щытащ. Хэкупсэу, лIыгъэ яхэлъу дивизэр зэзыгъэуIуахэм, зауэлI хахуэхэм лъахэмрэ лъэпкъымрэ хуащIар, дауи, уасэ зимыIэщ. Лъэпкъ музейм кърашалIэ школакIуэхэри. Абыхэм Iэмал яIэщ 115-нэ шууей дивизэм хэта зауэлIхэм, зауэм и ветеранхэм я сурэт гъэтIылъыгъэхэм хэплъэну, мыхьэнэшхуэ зиIэ «Отчизны верные сыны», «Книга памяти», «Сталинградская битва» тхылъ лъапIэхэм абдеж зыщыщагъэгъуэзэну. ЩIэблэм ирагъэлъагъу зауэм лIыгъэ зэрахьэу хэта сэлэтхэм я щыгъынхэм щыщ, нэрыплъэ, адыгэ уанэ, бгырыпххэр, пыIэ, шыуан, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. Мыхьэнэ иIэщ 115-нэ дивизэм къикIуа зауэ гъуэгуанэм и схемэр сабийхэм нэрылъагъу зэрыщащIми. «Сталинград щекIуэкIа зауэр гуащIэт. Куэдым я щхьэ абы халъхьащ я Хэкум папщIэ. Ди зауэлI хахуэхэм я гъуэгуанэр, я лъэужьыр дэ хэдгъэгъуэщэж хъунукъым», - жеIэ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс. - Ди музейм гъэлъэгъуэныгъэ куэд щыдогъэхьэзыр, ауэ Хэку зауэшхуэм теухуахэм гулъытэ нэхъ хуэтщIу къыщIэкIынущ. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ. Зауэм текIуэныгъэр къыщытхьыным ди цIыхухэм я гуащIэшхуэ ирахьэлIащ, псом хуэмыдэу Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэм. ЖыпIэ хъунущ ТекIуэныгъэр дыдей хъуным а зауэр лъабжьэ хуэхъуауэ. Пэжщ, абы къыкIэлъыкIуащ Москва деж щызэхаубла зэпэщIэувэныгъэри, ауэ, дауэ мыхъуми, Сталинград зауэм мыхьэнэ ин дыдэ иIащ. А Iуэхугъуэхэр IупщIу къэзыгъэлъэгъуэж дэфтэрхэр, сурэтхэр музейм и гъунэжщ, апхуэдэуи мыбы щызэхуэхьэсащ зи гугъу тщIы зауэм хэта зауэлIхэм я щыгъын, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Ахэр зэгъэуIуным зи къару езыхьэлIар музейм и лэжьакIуэ зырызкъым, атIэ зым ищIам адрейм пищэу илъэс куэдкIэ зэфIэува Iуэхущ, - жеIэ Лъэпкъ музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Емельяненкэ Надеждэ. Тхыдэр ящIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ тхылъхэми. Хэку зауэшхуэм и ветеран Куэтэншы ТIалэ езыр зыхэта 115-нэ шууей дивизэм и гъуэгуанэмрэ зауэм къыдыхэта и лъэпкъэгъухэмрэ тепсэлъыхьыжу къыдигъэкIауэ щытащ «Правда о 115-ой Кабардино-Балкарской дивизии» тхылъыр. 2000 хуэдиз хъууэ дунейм къытехьа лэжьыгъэм лIыхъужьым къыщигъэлъэгъуэжар, дауи, и нэгу щIэкIарт. «Дивизэм теухуауэ жысIэнур зыщ: ди зауэлIхэр хахуэт, псэемыблэжт, псом я нэхъыщхьэжрати, хэкупсэт. 115-нэ шууей дивизэр зыпэщIэува къарумрэ, танкхэмрэ, кхъухьлъатэхэмрэ езым бгъэдэлъ лъэкIыныгъэмрэ, дауи, зэхуэдэтэкъым. ИтIани, абы хузэфIэкIащ нэмыцэм Сталинград иримыгъэубыдыну, зэхримыгъэфыщIэну… ЦIыхум я закъуэтэкъым зауэм хэкIуадэр, шы куэд дыдэ тфIэкIуэдащ абы щыгъуэм, - щитхащ абы ТIалэ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр советым хэт Зведре Владимир: «Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къыщыттеуам я гугъат мазэм щIигъум зэрыкъэралу яубыдыну, арщхьэкIэ ар къайхъулIакъым. Зыпэува къэралыр лъэщу къыщIэкIащ. 1941 гъэм и жэщ нэхъ кIэщI дыдэрт, мэкъуауэгъуэм и 22-рт, зэгурыIуэныгъэми ебакъуэу бийр ди лъахэм къыщизэрыгуар. МелуанитIым нэблагъэ армэр къаруушхуэт. Арами, текIуэныгъэр къэтхьащ, ди цIыхухэр зэкъуэувэри. Зауэм и япэ махуэхэм щыщIэдзауэ усэхэр зэхалъхьэрт, иужькIэ «Священная война» уэрэдри дунейм къытехьащ. Ахэр цIыхухэр къыщIэзыIэтэт. Дэ тхъумэн хуейщ ди адэжьхэм я фэеплъыр». 115-нэ шууей дивизэм и музейм, Налшык дэт курыт еджапIэ №7-м щылажьэм, и советым хэт Горуля Ксение ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм и гугъу ещI: «ЦIыху 5550-рэ зи бжыгъэ дивизэм и нэхъыбэр (4000-р) Сал псым деж щыхэкIуэдат, Мартыновкэ Иным ноби ди зауэлIхэм я фэеплъыр щахъумэ. 2009 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм дэ Мартыновскэ районым и администрацэм зыпытщIэри, абы я лIыкIуэхэр къытхуеблэгъауэ щытащ. Мартыновкэ Иным и уэрам нэхъыщхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр зэрехьэ, апхуэдэуи зауэлIхэм я кхъащхьэу пщIы щыIэщи, жылэм ахэр гулъытэншэ ящIыркъым, зэрахьэ. Къалэм дэтщ 115-нэ дивизэм и фэеплъ мыви. Мыхьэнэ зиIэ защIэщ мы Iуэхугъуэхэр. Илъэс къэс щэкIуэгъуэм и пэщIэдзэхэм фэеплъ пшыхьхэр, дерс зэIухахэр ди музейм щыдогъэкIуэкI». БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:41 →
Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин
24.11.2026 - 14:30 →
Зыужьыныгъэр я плъапIэу
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
19.11.2026 - 16:38 →
КъуажитI - зы тхыдэ
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
| ||




