Дыгъэм и тыгъэр

Интернетым дыкъыщоджэ

Зэгуэр дыгъэм и бзийм жиIащ:
- Сэ махуэ къэс щIылъэм сокIуэри, псори согъэхуабэ. Ауэ иджы сыхуейт цIыхугу згъэхуэбэну. 
- Хъунщ, сэ си хуабэм щыщ цIыхугум ептыну хуит узощI,- къыжриIащ абы дыгъэм, - а хуабэр зэпта цIыхур цIэрыIуэ хъунущ, куэд хузэфIэкIынущ. Ауэ сынолъэIу, си хуабэм щыщ зылъэбгъэIэсыну цIыхур нэхъыфIу къыхэпхыну, - жиIащ дыгъэм. 
Бзийр щIылъэм къехырт егупсысурэ, «дауэ къахэсцIыхукIыну цIыхум я нэхъыфIыр» … 
Абдежым зэхихащ зыгуэрым и макъ нэщхъей дыдэ. 
- Зы хъуапсапIэ зэзгъэхъулIэфыркъым. СурэтыщI сыхъуну сыхуейти, унэ зесхьэу сыдэувэжащ. Зы хъыджэбз фIыуэ слъэгъуати, ари къысхудэхьэхакъым, - жиIэу и щхьэм хуэпсэлъэжырт зы щIалэ. 
- Уэ зэфIэкI уиIэщ, уIэпщIэлъапщIэщ икIи ущIалэщ, - жиIэри, дыгъэ бзийр къэцIууащ, дыгъэм и хуабэм щыщи щIалэм и гум ирилъхьащ. ЩIалэм и щхьэр къиIэтри, дунейр зэрыдахэм гу лъитэу къызэхиплъыхьащ. Лэчхэр къищтэри, удз гъэгъа Iэрамэ дахэ хуищIащ фIыуэ илъагъум. Ар хъыджэбзым щригъэлъагъум игу ирихьащ икIи къыщыгуфIыкIащ. 
ЩIалэм пщIэкIэ унэ зэрихьэрти, дыгъэм и бзийр и гум къытепса нэужь зэрихьа зы унэ егъэлеяуэ екIу хъуат. Ар зейр гуфIащ: «Сэ си гугъат уэ унэ зепхьэу улажьэ къудейуэ. Хьэуэ, уэ усурэтыщI Iэзи!» - къыжриIащ абы. 
Бзийр къэкIуэжри, дыгъэм зыхуиумсыжащ, щIым кIуа нэужь, цIыхум я нэхъыфIыр къызэримылъыхъуар, атIэ япэу къилъэгъуам бзийр зэрыритар. 
- Уэ уи фIэщ хъуащ а узыIущIам хузэфIэкIынур зыхуэдизыр! А уи фIэщхъуныгъэми ар нэхъыфI ищIащ! – къыжриIащ дыгъэм.

Мывэ хьэлъэхэр

Бзылъхугъэ гуэрым бэзэрым гъавэхэкI къыщищэхуат. Къэсыжрэ хъуржыныр къиунэщIмэ, и щхьэм гъавэхэкIым щыщ телъми, и лъабжьэм мывэ щIакIутат. Бзылъхугъэм и жагъуэ хъуащ къызэрагъэпцIар, ауэ щIэх дыдэ теужри, и Iуэху иужь ихьэжащ. Илъэс тIощI дэкIауэ и унэм зыгуэрхэр къытеуIуащ. Бжэр Iуихмэ, лIыжьитI щытт. 
- Зэгуэр укъэдгъапцIэри, гъавэхэкIым и пIэкIэ мывэ уэтщауэ щытащ. Къытхуэбгъэгъуну дынолъэIуну дыкъэкIуащ, - жаIэ. 
- СощIэж. Зыри къэхъуакъым. Мывэхэр а махуэ дыдэм щIэсхри искIутыжащ сэ. Ауэ фэ илъэс тIощIкIэ фи плIэм илъащ ахэр! - къажриIащ абы.

ФIы, хьэмэрэ Iей?

ЛIы гуэрым мэзым шы къыщигъуэтри, унэм къихуащ. И гъунэгъухэр къехъуэпсащ «сыту уехъулIа!» - жаIэри.
- СщIэркъым. СехъулIагъэнкIи семыхъулIагъэнкIи хъунщ, - жиIащ лIым.
Шыр мыгъасэти, махуэ гуэрым лIым и къуэр къридзыхри, и лъакъуитIыр къутащ.
- Еууей. Сыту Iейуэ къыпщыщIа, уи къуэм и лъакъуэхэр Iейуэ хилъхьа? - жаIащ гъунэгъухэм.
- СщIэркъым, - жиIащ лIым, - Iейуэ къыщIэкIынкIэ хъунщ, фIыуи къыщIэкIыфынущ.
Куэд дэмыкIыфу зауэ къэхъури, гъунэгъухэм я къуэхэр абы дашащ, хэти хэкIуэдащ. Зи лъакъуэхэр къута щIалэр къэнащ дамышу. 
- Сыту уехъулIа, уи къуэр зауэм дашакъым! - жаIащ гъунэгъухэм. 
- СехъулIагъэнкIи хъунщ, семыхъулIэгъаххэнкIи хъунщ, хэт ищIэрэ ар? - жиIэрт аргуэру лIым.

Дунейм и щытыкIэнур

ХьэрычэтыщIэ гуэрым и тыкуэным щIыхьаIауэ, бжэм тетым къоджэ: «ШыщхьэуIум и 27 махуэм дунейм и щытыкIэнум и щхьэусыгъуэкIэ тыкуэныр лэжьэнукъым». Абы къеджа лIым егъэщIагъуэ ар икIи щIоупщIэ:
- Нобэ шыщхьэуIум и 11 къудейщ, 27-м дунейм и щытыкIэнур дэнэ щыпщIэрэ?
- Еплъыт! Уэшх мащIэ къепсэпсауэмэ, сэ бдзэжьеящэ сыкIуэнущ. Ину кърикIыхыу щытмэ, унэм сыщIэсынущ, Iуэху гуэрхэр щысщIэу. 
- Iэмал имыIэу уэшх къешхыну щхьэ уи гугъэ?
- Си гугъэкъым. Уэшх къешхми къемышхми си дежкIэ мыхьэнэ щIагъуэ иIэкъым. Дыгъэ къепсрэ – бдзэжьеящэ сыкIуэнщ… е унэм тIэкIу сыщыIэуэлъэуэнщ. ИтIани, псори зэлъытыжар дунейм и щытыкIэнурщ.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться:

Читать также: