Куэдым фIыуэ ялъагъу уэрэджыIакIуэ

УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирикъуащ. 
90 гъэхэм къэунэхуа уэрэджыIакIуэ Нэхущым и уэрэдхэр зымыцIыху, ахэр фIыуэ зымылъагъу зы адыги дуней псом тебгъуэтэну фIэщщIыгъуейщ. АдыгэбзэкIэ, адыгеибзэкIэ, абазэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, осетиныбзэкIэ уэрэдхэр зыгъэзащIэ Нэхущыр нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми ягу нос. Илъэс 30-м щIигъуауэ утыку ит уэрэджыIакIуэм Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я гуфIэгъуэ махуэм, ИлъэсыщIэм, ЦIыхубзхэм, Адыгэ фащэм я махуэшхуэхэм ирихьэлIэу ит концертхэм цIыху куэд къезышалIэр абы хэлъ адыгагъэмрэ и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэ мыкIуэщIымрэщ. И концертхэр ягъэдахэ «Кабардинка» къэрал академическэ, «Каллисто» къэфакIуэ ансамблхэм, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм. Адыгэ фащэ дахэхэмкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэ къуданхэмрэ пщащэ лантIэхэмрэ удэзыхьэх я къэфэкIэр Чэрим и уэрэдым щIыбгъужмэ, ар пылъхьэншэу икIи уасэншэу къазэрехъулIэр наIуэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Москва и «Крокус-Сити Холл» залышхуэм ехъулIэныгъэхэр иIэу концертхэр мызэ-мытIэу щитащ. Апхуэдэу, Краснодар, Мейкъуапэ, Налшык, Черкесск, Владикавказ, Тырку Республикэм и Анкара, Къайсэр къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм ехъулIэныгъэ инхэр къыпэкIуэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, ар щыцIэрыIуэщ адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэми. Концерт гукъинэжхэр абы щригъэкIуэкIащ Сирием, Тыркум, Германием, Израилым, Голландием, Великобританием, нэгъуэщI щIыналъэхэми. Абыхэм екIуалIэхэм ягу дохьэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм игъэзащIэ уэрэдхэр. Куэдым фIыуэ ялъэгъуа и уэрэд дахэхэм къадэкIуэу, Чэрим и уэрэдыщIэхэри зэрапхъуатэм и щыхьэтщ ахэри дзапэ уэрэд зэрыхъур. ЦIыхубэм я гум къишхыдыкIа, псэм и лъащIэм щыгъэпщкIуахэр къэзыIуэтэфа гъыбзи щоIу и пшыхьхэм. Ар зи фIыщIэу къилъытэр адыгэ уэрэдыжьыр зэи IэщIыб имыщIыну уэсят къыхуэзыщIа и адэращ. Псалъэм папщIэ, Чэрим игъэзащIэхэм ящыщу куэдым яфIэфIщ «Мыхьэмэт и гъыбзэр». Уэрэдым дыщIыгъу хъыбар гуузри Нэхущым удихьэхыу къеIуэтэж.
Адыгэ хабзэм, нэмысым щIапIыкIа Чэрим хьэл-щэн дахэ, дуней тетыкIэ екIу дыболъагъу. Аращ абы цIыхухэм пщIэ лей къыщIыхуащIри. Нэхущым и уэрэдхэм купщIэ ящIэлъщ, адыгэбзэр, хабзэр, нэмысыр, бзэр хъумэным, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыным цIыхухэр къыхураджэ, абыхэм едаIуэхэм я псэм дахагъэ, гуапагъэ къыщегъэуш. ЗэрыжаIэмкIэ, цIыхухэр Чэрим и концертым езышалIэр абы хэлъ адыгагъэрщ, и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэ мыкIуэщIырщ. Хэт зыфIэмыфIыр гурыщIэ щэхухэр, гурыщIэ IэфIхэр къэзыIуэтэж, лъагъуныгъэкIэ гъэнщIа «Бжьыхьэ гъуэплъ», «Псэм и лъыхъу», «Уэ зызакъуэращ», «Къайсэр пщащэ», «Сызэхомыхыурэ», «Сытым  щыгъуэ сыкъэпщlэну?», «Мазэм сеплъмэ», «СызэхэщIыкI», «Си нэ дахэ», нэхъыжьхэм ятеухуа «Дадэ», «Нанэ» уэрэдхэр. И пшыхьхэм къыщызэхуэсхэм демыжьуун ялъэкIыркъым фIыуэ ялъагъу, я псэм дыхьэ а уэрэдхэм. 
Нэхущым республикэм и макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуищIа, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьа, лъагапIэ нэса пэтми, махуэ къэс и зэфIэкIым хигъахъуэ зэпытщ. Чэрим Адыгэ Республикэм и Улап къуажэм щIыхь зиIэ и цIыхущ, Къандур Мухьэдин и цIэкIэ Иорданием щагъэува дунейпсо саугъэтым, «Илъэсым и цIыху», нэгъуэщI саугъэтхэри къратащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа «Илъэсым и уэрэд» фестивалым «УэрэджыIакIуэ нэхъыфI» цIэр къыщыхуагъэфэщащ. И уэрэдхэр щызэхуэхьэса альбом зыбжанэ зэкIэлъыкIуэу къыдэкIащ. 
«Звезды Северного Кавказа», «Рекламный калейдоскоп» журналхэр, «RONDE» сабий журналыр къыдэзыгъэкI «Амадеус» рекламэ агентствэм и унафэщI Къудей Фаридэ 2014 гъэм къыдигъэкIащ «Черим: «дарю добро» зыфIища тхылъыр. Ар тыркубзэкIэ Истамбыли дунейм къыщытехьащ.
Тхылъым къыхощ Нэхущым и сабиигъуэр лъагъуныгъэкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар, ар макъамэм зэрыхуеджар, хабзэм, нэмысым и адэ-анэм зэрыщIапIыкIар, нэгъуэщIхэри. Чэрим и япэ егъэджакIуэ КIэм Людмилэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, и ныбжьэгъу, и лэжьэгъу артистхэм, сурэтыщIхэм, егъэджакIуэхэм уэрэджыIакIуэм хужаIахэр тхылъым и напэкIуэцIхэм щызэкIэлъыхьащ. КъыдэкIыгъуэм хагъэхьащ Чэрим и унагъуэ архивым щыщу и адэ-анэм, и щхьэгъусэ Лианнэрэ я бынхэу Ассанэ, Мурат, Салинэ, и лэжьэгъухэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ я гъусэу траха сурэтхэр. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: