Япэрейхэр. Гуащэм и пшыналъэ романым щыщ пычыгъуэ

ЩIымахуэпэ мазэм и тIощIрэ етIуанэ махуэм ирихьэлIэу, нартхэм ижь-ижьыж лъандэрэ ягъэлъапIэу къекIуэкIырт Созрэш и махуэр. Унагъуэ ФIыгъуэм и хъумакIуэу, сыт хуэдэ узыфэми еIэзэу, нартхэ я тхьэ Созрэш и фэеплъу къудамибл зытет хьэмкIутIей башыр пщIантIэкум щыхатIэрт, къудамэ къэс мафIэ пагъанэрт, и щхьэкIэ дыдэм кхъуей плъыжь гъэгъуа пащIэрти, хъуэхъу жаIэрт. Унагъуэм я нысэ нэхъыщIэрт мафIэр пызыгъанэр, и гупэр къуэкIыпIэмкIэ гъэзауэ. Нысэ ямыIэмэ – пхъу нэхъыщIэрт. Гъуэгу тет цIыхухъухэм а махуэр ягъэлъэпIэнумэ, мафIэр пигъанэрт щIалэ нэхъыщIэм. Унагъуэм нэхъыжьу ис хъулъхугъэм хъуэхъукIэ Тхьэшхуэм зыхуигъэза нэужь, хьэмкIутIей башыр унэм щIахьэрти, санэхуафэр къызэIуахырт, щIэщыгъуэу япщэфIар Iэнэм къытрагъэувэрти, шхэуэ, къафэу  нэху щыху зэхэст. 
Нартхэм гу лъатат а махуэм, щIымахуэпэм и тIощIрэ етIуанэм, нэхъ жэщ кIыхь илъэс псом зэрыхэмытми, абы иужькIэ Дыгъэм зэрызигъазэми, къыкIэлъыкIуэ жэщхэр кIуэ пэтми нэхъ кIэщI хъууэрэ, Нэхур зэрытекIуэми. Ауэ щыхъукIэ, гъащIэщIэм, лъэхъэнэщIэм я нэщэнэт ар. 
Дыгъэгъазэр Фэмыскъыр жылэм къыщригъэхьащ Сэтэней, фыз шуудзэхэм яхэту. А жылэр, нэ лейм и мызакъуэу, дыгъэпсми щыхъумауэ, къурш блын щIыIэкIэ гъэпщкIуауэ щысти, абы дэсхэм зэи дыгъэрыс яIэтэкъым. Арат Фэмыскъыр щIыжаIэри. Гуащэм и ныбэрылъым хэхъуэн щIидзат, езыри нэхъ гъум зэрыхъуам гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэти, нартхэ яхэмыхьэмэ нэхъ къищтэрт. Унэм къызэрыщIэмыкIыным, зэрызимыгъэлъэгъуэным хэтт. Абы щитIэгъэжыртэкъым и Iэпкълъэпкъым хуэфIу ис бэхуцейхэр. Насып иIэу, Тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIур япэу щащIам и ныбэр къыхэщыртэкъыми, ар зэрызэфIэкIыу, зиущэхури, быдапIэм дэтIысхьэжат, къардэнхэр тхыбзэм хуигъэIущыр и щхьэусыгъуэу. Иджы щIымахуэщи, и Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш хъуну щыгугъырт. ЯгъэпщкIунщ и ныбэр щыгъын Iувхэмрэ щIакIуэмрэ. КъищынэмыщIауэ, Бабий хуигъэува пIалъэр къэблэгъэпати, нобэ-ныжэбэ нысашэр къэкIуэну пэплъэрт. 
БлэкIа илъэс ныкъуэм къриубыдэу, Сэтэней и фыз шу жылэм къыхэхъуат – абы къахыхьат Къанж и фыз Нэрыбгей иныжьыр. Ар нартым къызэрыдэкIуэрэ мызэ-мытIэу уэндэгъу хъуами, къилъхуар зыми илъэгъуатэкъыми, Къанж и фызыр гъэ къэс малъхуэ, къилъхуари ешхыж, жаIэурэ ягъэхъыбарырт. Езы Къанж зэпымычу зекIуэ кIыхьхэм щыIэти, и фызым и лъхуэгъуэм зэи кърихьэлIэжыртэкъым. Абы къыхэкIыуи, Iуэхум и пэжыпIэр ищIэртэкъым. 
Къапщтэмэ, иныжьхэм емыщхьыщэ а бзылъхугъэр нарт фызхэм къазэрыщхьэщыкI щыIэтэкъым. Пэжщ, нэхъ лъагэт, цIыхухъум хуэдэу, къарууфIэт, лъэнкIапIэ гъумт, макъ лъахъшэт. А псом къищынэмыщIауэ, щхьэцыгъуэ кIыхьт, щIыфэхут, Iупэ пIащэт. Iуэху щIэным хуэIэрыхуэт. Къэфэну утыку ихьамэ – къыум хуэдэу ест, игурэ и щхьэрэ зэтелът, гужьгъэжь иIэтэкъым, гушыIэ дахэ хэлъти, удихьэхырт. Абы псори есэжа хуэдэт, зыри щымышынэжу. Иджы, Къанж къыщытым, – «Созэш, уи фыз шуудзэм сыхэгъэхьэ» – жери, Сэтэней деж лъэIуакIуэ къэкIуати, «хьэуэ» къыхигъэкIакъым гуащэм. 
Чынтыдзэр зэрымыщIэкIэ къазэрытеуэрэ нартхэр Iущ хъуауэ, тIасхъэщIэххэм Iэгъуэблагъэр чэзу-чэзукIэ щIащыкIырт. Дыгъэгъазэ жэщым Фэмыскъыр и Iэхэлъахэр къиплъыхьырт Нэрыбгей, гуп цIыкIу щIыгъуу. Фэмыскъыр и пщIантIэшхуэм тхьэлъэIу щащIырти, фыз шуудзэр абы хэтт, ауэ тIасхъэщIэх щыIэ гупыр ящыгъупщатэкъым: шхын IэфIу къаIэтам щыщ Iыхьэ хуащIри, лъэныкъуэкIэ ирагъэтIылъэкIат. Хабзэм тету, уэздыгъэхэр бзылъхугъэ нэхъыщIэм пигъэна нэужь, Сэтэней Гуащэм и IитIыр иIэтри хъуэхъуащ:
– Уэ ди тхьэу Тхьэшхуэ! Ди тхьэ Закъуэ! Уафэри щIылъэри зезыгъакIуэ, тыгъэшхуэ къызыбгъэдэкI, щымыIэр къэзыгъэщI, телъыджэр зи Iэужь, псори зыщыгугъыу зыми щымыгугъыж, къэхъур зэлъэIуу, зыми емылъэIуж! Ди Тхьэ! Зы Тхьэ! Тхьэшхуэ! ЩыIэ псори зытетыр Хабзэщ. Хабзэм тету, Дыгъэм зыкъегъазэ. Дыгъэм зыкъигъазэм, махуэ къыдокIуэри, махуэу къыдэкIуэм фIыгъуэр щIыгъуну, дэрэжэгъуэ хуэтщIыну, хуэтщIар бэгъуэну, бэгъуам зыдэдужьыну, Тхьэшхуэм жиIэ! 
Iэнэ кIыхьышхуэхэр щаухуа пэшым щIыхьэжу, ефэ-ешхэмрэ джэгумрэ щаублэм, гуащэр жьантIэмкIэ дыхьэри, и тIысыпIэр иубыдыжащ. Ижь-ижьыж лъандэрэ нартхэм къадекIуэкI а тхьэлъэIур сытым дежи нэжэгужэу зэрекIуэкIыр фIэфIт Сэтэней. Ауэ мызыгъуэгукIэ гузэвэгъуэ гуэр къыкIэщIэзэрыхьауэ, тепыIэгъуэ къритыртэкъым. Уэндэгъу зэрыхъурэ плъэжыфыртэкъыми, и гур къезыхуэкIыр къызэрыхуэмыщIэм, къызэрыхуэмылъагъум нэхъри игъэбампIэрт. И псэр пыкIэзызыхьырт, и гур и жьэмкIэ къыжьэдэпкIыным хуэдэу, и пщэм къыщIэгъуэлъхьат. Абы и лъэр щыщIэхупар иджыри махуитIкIэ къэтын хуей Нэрыбгей нэхущым бжэр къызэIуихыу, аддэ жьантIэм дэс гуащэм и нэр щытедиярщ. 
Иныжь фызыр имычэзууэ къызэрекIуэлIэжам гу лъызыта бзылъхугъэхэр, зэм абы еплъу, зэми гуащэ ундэрэщхъуам хуеплъэкIыу, утыкум итт.
– Сыт къэхъуар? – жеIэ Сэтэней, и макъыр кIэзызу.
– КъуэкIыпIэмкIэ къуршым нарт хьэдэ гуп илъщ… Iэщ къызэрахуар наIуэу, лъакъуапIэ защIэщ. Нартхэр къэзыукIахэм а Iэщыр ирахужьэу зэрызагъэбзэхыжари нэрылъагъущ. БзаджащIэхэр хэтми тщIэркъым, – жиIащ Нэрыбгей, и пIэм зэринауэ. 
ИпэжыпIэкIэ, Къанж и фызыр гузэвауэ арат а щIэпхъаджагъэр иныжьхэм тралъхьэрэ, аргуэру зауэ къикIмэ, жиIэри. 
Жьэгуми, пхъэкъухэми, хьэмкIутIей башми пэшыр къагъэнэхуми, Сэтэней а псалъэхэр щызэхихым, и нэм зы нэху кIапи имылъагъужу, зэрыщыткIэ дунейр къытеункIыфIащ. Гуащэм и жьэпхъэбгъур ундэрабжьэщ, и IитIыр пыдиикIри, къару имыIэжу, итхри хуэмыIыгъыжу, шэнтым ищэтащ. 
– Уэзырмэс деж фыкIуэ зыгуэр. Хъыбар евгъащIэ. «Нысашэр зэтраукIащ», – жыфIэ, – ерагъкIэ къыжьэдэкIащ абы. 
ИтIанэщ Фэмыскъыр дэсхэм къащыгурыIуар я гуащэм нысашэ къызэрыкIэлъыкIуари, къэмыс щIыкIэ къуршыщхьэм зэрытраукIыхьари. 
Сэтэней и лъэр щIэщIэми, и гур жыхуаIа щIыпIэм нэсын хуейуэ пхъэрти, къыщылъэтщ, и шым зридзри, пщIантIэм шэуэ дэлъэтащ, щхъуэжь гъэсаитIыр и ужьым иту. Нэрыбгей кIэлъыпIэщIащ абы. Фыз шуудзэм хэтхэм щхьэж и къалэн ищIэжырти, зы гуп Уэзырмэс кIэлъыкIуащ, хэти нартхэм я деж хъыбарегъащIэ кIуащ, зыр гуащэм иужь иуващ. Апхуэдэу Марий хъыбару хэIуащ Сэтэней гуащэ ТIуащIэм дэсхэр нысашэу къызэрыкIэлъыкIуари, къылъыхъуу пIалъэ зрита Гъэл Бабий гущIыхьэу къызэраукIари. 
Зэхэуэр щекIуэкIа къуршыщхьэм уэсу телъыр плъыжьыгъэт… КъащыщIам и пэжыпIэр иIуэтэжыну, и псэр пыту, зы лIыкIуэ къагъэнатэкъым бзаджащIэхэм. Псори яукIат. Зи хьэдащхьи псэущхьи ямыгъуэтыжыр Бабийт.
– Гъэлыр яхэтагъэнкъым, гуащэ! Нысашэм щауэр кIуэ хабзэкъым, – жи1ащ Нэрыбгей. 
Абы илъагъурт Сэтэней, и псэм бэлыхьыр телърэ бауэбапщэу, къуршыщхьэр зэрызэхикIухьри, зыгуэркIэ зэтримыубыдэмэ, и щхьэр зэкIуэкIыну къыщыхъурт. 
– Хьэуэ, хьэуэ, яхэтащ Бабий. Ар быдэу сощIэ. Хабзэм къимытIасэми, хуэшэчынутэкъым къэмыкIуэу. Хьэуэ… Ар нартхэм хуэдэу гу пхъашэкъым. Къыщигъэзэжынур къыхуэмыгъэсу, ежьэжат, - жи1эу Сэтэней къижыхьырт, шым къепсыхауэ. 
Гуащэм и нэр техуащ Бабий тыгъэ хуищIауэ щыта щIопщыр уэсым хаутауэ зэрыхэлъым.
– Мисри! Мисри, Нэрыбгей. ЖысIатэкъэ сэ Бабий къызэрыкIуар, – къипхъуэтащ ар Сэтэней. 
И щхъуэжьитIыр ириджэри, иригъэпэмащ щIопщым:
– Лъыхъуэ! – жиIэри, тIури иутIыпщащ. 
Арыххэу, хьитIым зрачри, лъэныкъуэ зырызкIэ зэбгрыжащ. Сэтэней ар щилъагъум и лъэр щIэхущ, уэсым лъэгуажьэмыщхьэу хэщатэщ, и ныбэр IитIкIэ иубыдыжри, и макъ къызэрихькIэ кIиящ. Абы къыгурыIуа хуэдэт шынагъуэ гуэрым и пэжыпIэр, хьилагъэу щыIэм я нэхъ Iейр и щIасэм къызэрырапэсар. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: