УФ-м щIыхь зиIэ и артист, зи псэр дахагъэм, фIыгъуэм, макъамэмрэ пшыналъэмрэ къыхуигъэщIа, адыгэ щыпсэу дэнэ щIыпIи къыщацIыхуа, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэджыIакIуэ Нэхущ Чэрим и ныбжьыр пщэдей илъэс 55-рэ ирокъу. Абы ирихьэлIэу Чэрим зыхуэдгъэзащи, къыджиIахэм фыщыдогъэгъуазэ.
- Чэрим, фIэщщIыгъуейщ уи макъ зэхэзымыха, уи уэрэд емыдэIуа зы адыгэ унагъуи щыIэу. Дауи, уи ныбжьым къриубыдэу псалъэ гуапи, щытхъуи мымащIэу зэхэпхащ. Уэ езым уи хъуэхъуэкIэми псори дыщыгъуазэщ. ЖыпIэнурамэ, адыгэхэм хъуэхъуэныр зыхэтлъхьэ щымыIэу тфIэфIщ. Уэ узэреплъымкIэ, сыту пIэрэ абы и щхьэусыгъуэр?
- Пэжым ухуеймэ, сэ псори зыщIэхэм сащыщкъым, ауэ сщIэ мащIэмкIэ сыбдэгуэшэнщ. Адыгэм сыт хуэдэ Iуэху иублэми ирихьэлIэми, сыт щыгъуи хъуэхъур и щIэдзапIэу къокIуэкI. ХъуэхъукIэ яхыхьэрти, къыщыхэкIыжкIи я псалъэм ар и кIэух хъурт. Апхуэдэт дыкъызыхэкIа лъэпкъым и нэщэнэр, и хабзэр, и бзыпхъэр.
- Сыщымыуэмэ, цIыхум и дуней еплъыкIэми и гупсысэкIэми зэфIэувэн щыщIидзэр, езыр къызыдэкIа жылэр, щапIа унагъуэр арагъэнщ. Уэ езыр Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм укъыщыхъуащ. А жылэжьым IуэрыIуатэ, пшыналъэ куэди къыдокIуэкI. ДжэгуакIуэжь куэди къыдэкIащ…
- Ди щIыналъэм нэхъ цIэрыIуэ дыдэу, уей-уей жезыгъэIэу иса джэгуакIуэхэр ди къуажэм щыщщ. Абы си щхьэкIэ сропагэ икIи срогушхуэ. Адрейхэм къащхьэщыкIыу, джэгуакIуэхэм куэдым гу лъатэрт, жаIэри цIыхухэм я фIэщ хъурт. НэгъуэщIхэм кърамыгъэзэгъыфу гъащIэм къыщекIуэкIа Iуэхугъуэ е хабзэ-бзыпхъэ теухуауэ а джэгуакIуэ дыдэхэм ящIэхэр цIыхухэм нэхъ хапщэжу къэгъуэгурыкIуэрт, пщIэшхуэ щIаIэри арат. Ди къуажэ къыдэкIа джэгуакIуэхэм псори фыщыгъуазэщ. Ар Щоджэн Iэсхьэд сымэ я джэгуакIуэ гупырщ.
- Дауи, Чэрим, уи сабиигъуэр гъэщIэгъуэну къызэрекIуэкIам шэч хэлъкъым. Хъыбарыжь, уэрэдыжь куэдым ущIапIыкIащ, ахэр гъащIэм къыщыпхуэщхьэпэу къыщIэкIынущ…
- Пэжщ. Ди адэм хъыбарыжь къыщиIуэтэжкIэ, зэкъуэшиплI дыхъурти, нэ- хъыжьхэр тIэкIу теплъэкъукIамэ е мащIэу загъэхъеямэ, ешхыдэрт. Сэ зэкъуэшхэм сранэхъыщIэ дыдэти, зызмыгъэхъейуэ, абы жиIэм щыщу зы псалъи дэзмыгъэхуу седаIуэ къыщIэкIынт, сызэрынэхъ цIыкIум щхьэкIэ. Зэман дэкIри, псори балигъыпIэ диуващ, бынунэ зырыз дыхъужащ. «ФщIэжрэ, ди адэ мыгъуэм мыр щIыжиIар мырат, е псэужамэ, мыр мыпхуэдэут зэрищIынур», - щыжысIэкIэ, си къуэш нэхъыжьхэр мэгушыIэ, ди адэм ахэр щыжиIам дэ дэнэт дыздэщыIар, жаIэу. Пэжщ, дауи, дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми бынхэр зыщIапIыкIыр арагъэнщ дэри дызыщIапIыкIар. Пэжым ухуеймэ, нобэр къыздэсым сэбэпышхуэ къысхуохъу си адэ-анэм я ущиер. Гъэсэныгъэ дахэ я псэ емыблэжу къытхалъхьащи, сахуэарэзыщ.
- Чэрим, уэ езым уэрэдыжькIэ къыщIэбдзауэ, иджы эстрадэ уэрэдхэмкIэ адыгэбзэр богъэбзэрабзэ. Япэ лъэбакъуэхэм теухуауэ сыт уигу къэкIыжрэ?
- Псалъэм папщIэ, си цIыкIущхьэм щыгъуэ телевиденэм адыгэ уэрэдыжь жытIэну дызэрырагъэблэгъауэ щытар сигу къинэжащ. Ещанэ классым сыщIэсу, илъэсибгъу ныбжьым ситу, «Алий и гъыбзэ» адыгэ уэрэдыжьыр жысIэн хуейт, епщIанэ классым щеджэ, сэ нэхърэ фIыуэ нэхъ лъагэ щIалибгъу къыздежьууэ. Уэрэдыр ятхри, дыкъызэраша автобусымкIэ дашэжащ. Абы иужькIэ, илъэс бжыгъэ зыбжани дэкIыжауэ, сэри нэхъ балигъ сыхъуауэ, еянэ-ебгъуанэ классхэм сыщIэсу аргуэру телевиденэм срагъэблэгъат. ЛолэкIэ еджэу зы цIыхубз къыдбгъэдыхьэри, щIэупщIащ дыкъыздикIам. ХьэтIохъущыкъуей дыкъызэрикIар щыжытIэм, абы къытхуиIуэтащ зы илъэс зыбгъупщI ипэкIэ адыгэ уэрэдыжьхэр игъэзащIэу, гъыбзэ жиIэу зы щIалэ цIыкIу студием къашауэ зэрыщытар. Телевиденэм и лэжьакIуэхэр а уэрэдым къытрагъэзэжурэ зэреплъыжар, едэIуэжыхункIи зэригъэгъар. А щIалэ цIыкIур фымыцIыхуу, и цIэр фымыщIэу пIэрэт, щыжиIэм, си гъусэхэм ящыщ зым, и Iэпэр къысхуишийри, жиIат: «Мис мыращ ар!». АрщхьэкIэ Лолэм идэртэкъым: «Хьэуэ, ар щIалэ фIыцIэ цIыкIущ», - жиIэгъат, апхуэдиз зэман зэрыдэкIыжами, сэ сызэрыхэхъуами емыгупсысу.
Япэу адыгэ уэрэд жысIэу утыку сыкъыщихьам, «мы сабийм Iуэхур зытегъэпсыхьар, и мыхьэнэр и кIэм нэсу къыгурыIуэркъым, щхьэ мыбы зрита» жаIэнри хэлът. Ар зи фIыщIэр ди адэрат. Уэрэд жыIэным и ужь сыщихьам, къызжиIауэ щытат: «Чэрим, сыт хуэдэ утыку уихьэми, адыгэ уэрэдыжьыр IэщIыб умыщI». Иджыри абы сытетщ, уэрэдыжьхэр зэрыхъукIэ жызоIэ. ЦIыхур гъым, бжэм, илъэгъуа гукъеуэр иIуатэурэ, и IуэхущIафэ, хузэфIэкIа, и лъэ зытеува, и гум щыщIэ къригъэлъагъуэурэ гъыбзэу къежьэри, уэрэд хъужауэ аращ жиIэрт си адэм. Уэрэдыжь згъэзащIэр зыгуэрым игу дыхьэмэ, гуапэ щыхъумэ, сфIэфIщ.
- Зи гъащIэр уэрэдым езыпхыну, уэрэджыIакIуэ хъуну зи хъуэпсапIэ цIыкIухэм Нэхущ Чэрим ещхь хъуну, уэ пхуэдэу утыку итыну зэрыхуейр жаIэу зэхыдох, артист ныбжьыщIэхэм щапхъэ яхуэхъум дыщыщIэупщIэкIэ. Щапхъэу ущытыну тынш?
- Щапхъэ сыхъунуи, сыхущIэмыкъу, пэжым ухуеймэ. Сэ Тхьэм сыкъызэригъэщIам, си адэ-анэм сакъызэрыбгъэдэкIам дуней тетыкIэ гуэр схуагъэпсащи, гъащIэм абы срогъуэгурыкIуэ. Ар нэхъыжь, нэхъыщIэ ирехъуи, сщIэр ягу дыхьэмэ, цIыху насыпыфIэхэм сащыщу зызобжыж.
- ГъащIэм зэрыщыхабзэщи, цIыхур зы ныбжь гуэр нэса нэужь, зоплъэкIыжри къикIуа гъуэгуанэм ироплъэж, зыщIогупсысыж. IэщIагъэ къыхихам теухуауэ шэч зыщIыжам сыт хуэдэ чэнджэщ зэхебгъэхынт?
- Чэнджэщ зытхэми гъэсакIуэхэми сащыщу зызбжыжыркъым, гъащIэ зылъэгъуам, зи IуэхущIафэкIэ щытхъу зиIэм удэплъеиныр къезэгъыу къызолъытэ. Ди япэ ища нэхъыжьыфIхэу лъэпкъым и зыужьыныгъэм, и бзэм, и хабзэм, къафэм телэжьахэм уадэплъеиныр лейкъым, апхуэдэр дахагъэм хуэпабгъэ цIыхуу жыпIэ хъунущ.
- Чэрим, сызэригугъэмкIэ, Хьэчим и къафэр зыхуаусар уи адэрат.
- Ди адэм ипэкIэ куэд щIауэ щыIа къафэжьт ар. Ныбжьышхуэ иIэу жиIэрт абы ди адэм, а зэманыр пшынэ закъуэтIакъуэххэ фIэкIа щамыIэ зэмант. Жьэпшынэ еуэу ар жаIэрт, апхуэдизкIэ ар зигу, зи псэ дыхьэ щыIэти. Си адэм уэрэд жыIэныр зыхилъхьэ щыIэтэкъым, къэфэн жыпIамэ - хуэдэ уигъэлъыхъуэнт. «Хьэчим и къафэр» апхуэдизкIэ къехъулIэрт, дахэу жиIэрти, си уэрэд жыIэкIэм федэIуэжынтэкъым ар зэхэфхам. Си цIыкIущхьэм срихьэлIащ ди хьэблэм дауэдапщэ яIауэ, абы хэта пшынауэхэр езэшарэ, Iуэхум хэтхэр зэбгъэдэкIыжыну ягу пымыкIхэу. Еуэ, Хьэчим, жьэ пшынэ еуи дыгъэджэгу, жаIэрти. Хьэчим зэ пшынэ макъ, зэ накъырэ макъ, зэ нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэ къригъэкIыу дахэу игъэджэгухэрт. Си адэр Iэзэу жьэпшынэ еуэрт. Аращ сэ зэхэсхар «Хьэчим и къафэм» теухуауэ. Къафэм и цIэри ящIэжыртэкъым. «Мыбы Хьэчим и къафэ фIэтщ хъунукъэ, ар абы дигъэщIэжауэ щыдгъэзащIэкIэ?» жаIэри упщIэ къэуващ. Сэри ар гуапэ сщыхъури, «Хьэчим и къафэ» фIэтщыжауэ аращ.
- Си фIэщ хъуркъым а къафэр фIыуэ зымылъагъу адыгэм къытхэту. Уи уэрэдхэм ящыщу уэркIэ нэхъ лъапIэ зытIущIым я цIэ къытхуипIуэн, Чэрим?
- Уи фIэщ щIыи, зэшиплI дыхъурти, ди анэ мыгъуэм деупщIырейт хэт нэхъыфIу плъагъур жытIэурэ. «АIей, ар сыт хуэдэ упщIэкIэ? Уи Iэпхъуамбитхум дэра пыбупщIынур?», - жиIэрт ди анэм. ЦIыхум я фIэщ мыхъункIи хъунщ, ауэ си уэрэдхэм теухуауи аращ сиIэ еплъыкIэр. Сыт хуэдэ уэрэд утыку къисхьами згъэзэщIами, ар си быным хуэдэу зэхэдз сымыщIу, нэхъыфIкIэ е нэхъыкIэкIэ зэхэзмыдзу апхуэдэщ. Гумрэ псэмрэ ахэр дыхьэу щымытамэ, ар цIыхухэм я дежи схунэхьэсынутэкъым.
- Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэми, хамэ къэралхэми ущыIащ. Лъэпкъ къэс я хьэл-щэн, дуней тетыкIэ, зыIыгъыкIэ яIэжщ. УздэщыIа щIыпIэхэм щыплъэгъуам теухуауэ хэт хабзэ-бзыпхъэкIэ нэхъ тпэгъунэгъуу къэплъыта, гукъинэж пщыхъуа?
- ЩIыпIэ куэдым щытеуващ. Дуней псом щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм сахыхьащ, сахэтащ, нэгъуэщI лъэпкъ куэдым я щIыналъэхэми сыщыIащ, концерт щыстащ. Уи щхьэ ущытхъужыныр адыгэм ди хабзэкъым, ауэ, упщIэм и жэуапу жыпIэмэ, и хабзэкIэ, и щыпкъагъкIэ, щыIэныгъэкIэ, дуней тетыкIэкIэ адыгэр щапхъэу схужыIэнущ.
- Мы сызыхэтым сыкъыхэкIарэт е сыкъэувыIарэт щыжыпIа дакъикъэ уихуа?
- ЩыщIэбдзагъащIэм, иджыри ущеджэм уогупсыс гъуазджэм, макъамэм ухуэлэжьэныр зэрымытыншым. Еджэн щыщIэздзам, дауи, нэхъ гугъут. КъуейщIейуэ, зыхуейм кIуэ-къэкIуэжу слъагъухэм сехъуапсэрт, сэ нэхъ гугъум зеспщытауэ къысщыхъурти. Псоми зэхуэдэу апхуэдэ тыгъэ Тхьэм щахуимыщIкIэ, а зырызыххэм сащыхэхуакIэ, гугъу сехьми, IэщIыб сымыщIыну мурад сщIащ. Си анэм жиIэрт: «Куэдыщэ пщIауэ къыпщыхъужмэ, Чэрим, уи пIэм уимыкIыу укъинауэ аращ». Апхуэдэу сакъыщымыхъун щхьэкIэ, сIэщIэужэгъуэн, гугъуехьу къызэрысщыхъум сыкъригъэкIуэтын хуэмейуэ зэрызгъувам нобэм сыкъихьэсащ.
- Куэд елъытащ гъуазэ пхуэхъу егъэджакIуэхэми. Апхуэдэу хэт и цIэ къипIуэнт?
- Пэжщ, цIыхур зыдэплъейми куэд елъытащ. Си щхьэкIэ сагъэхъуэпсащ ди япэ ита адыгэ уэрэджыIакIуэ щэджащэхэу КъардэнгъущI Зырамыку, Къуныжь Хьэждал, нэгъуэщIхэми. Абыхэм я утыку итыкIэр сэркIэ щапхъэт. Ахэр зыхэт радионэтынхэм хуабжьу сфIэфIу седаIуэрт. Апхуэдэу сигу къинэжащ сезыгъэджа Кульбаевэ Людмилэ. Къуэ пэлъытэу фIыуэ сыкъилъагъурт, пщIэ къысхуищIырт. Ари ящыщщ нэхъри сытезыгъэгушхуахэм.
- Уэрэд жыIэнкIи, анэдэлъхубзэр гъэбзэрэбзэнкIи пылъхьэншэу утыку уитщ. Уи гъащIэри гуащIэри уи лъэпкъ, уи хэку тебухуащи, Тхьэм уигъэпсэу, адэкIи ухущIигъэхьэ, хыуигъэгъахъуэ!
- Тхьэм фигъэпсэу! Узыншагъэ Алыхьым къывит! БащэкIэ дызыщыгугъ ИлъэсыщIэр къэблэгъащи, фIым Тхьэм дыхуигъазэ, гукъеуэ, гухэщI Iуэхухэм дамыгъэгузавэу, хэщI димыIэу, ди гъащIэмкIэ дыарэзыуэ, тхузэфIэкIым ди гур хигъахъуэу дыпсэун, илъэсыщIэр ди къэралкIи, ди щхьэкIи, ди лъэпкъкIи тхуэфIын, тхуэугъурлын Тхьэм ищI!
Сурэтыр Ардавэ Тамарэ трихащ.