Ар зэрыщытарКъэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 76-рэ ирокъу Мы Iуэхур махуэ бжыгъэм зэфIэкIащ. Бий бзаджэр Сталинград и деж щызэхакъута иужь белджылы къэхъуащ щытыкIэм зэрызихъуэжар: иджы ди зауэлIхэм Iэмал ягъуэтат зэрыпхъуакIуэхэм къару лъэщкIэ ебгъэрыкIуэну. ЗанщIэу къэуващ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм щыщу гитлеровцхэм яубыдахэр хуит къэщIыжыным теухуа къалэныр. Абы стратегие мыхьэнэшхуи иIэт. ЖыпIэну ирикъунщ Кавказ щIыб фронтым бийм и лъэсырыкIуэдзэхэм я проценти 9-м нэблагъэр, танкыдзэ псоми я процент 16-м щIигъур къазэрыпэщIэтар. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Кавказ Ищхъэрэм зэрыпхъуакIуэхэр щыхагъэщIэным къикIырт нэмыцэхэм хэщIыныгъэшхуэ ирату.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:41 →
Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин
24.11.2026 - 14:30 →
Зыужьыныгъэр я плъапIэу
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
19.11.2026 - 16:38 →
КъуажитI - зы тхыдэ
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
| ||




