Тхыдэм и зы нэпкъыжьэу къэнащ

Андемыркъан и уэрэдым къыщыгъэлъэгъуащ абы и тхыдэр – къыщалъхуам къыщыщIэдзауэ щаукIыжам нэс. Абы тражыIыхь хъыбар гъэщIэгъуэн куэдым нэхърэ и уэрэдыр нэхъ пэжу къэлъытэн хуейщ. ДжэгуакIуэхэр фIыуэ зыщымыгъуазэ Iуэху уэрэдхэм халъхьэу щытакъым. Андемыркъан къэбэрдейуэ щыта пэтми, и уэрэдымкIэ ар адыгэ лъэпкъ псоми я зэхуэдэ лIыхъужь хъуащ. Абы и уэрэдыр Адыгейми, Шэрджэсми, Шапсыгъми, хамэ хэку щыIэ адыгэхэми жаIэ.
Андемыркъан къуэ къыщIэнауэ е къуэш иIауэ хъыбарым зыщIыпIи къыщыхэщыркъым, ауэ и уэрэдымкIэ къыдощIэ фыз зэриIар, абы и цIэр. «И щуIэгъэфIти Албичэ гуащэр йогъых!», «Ерыщтаупхъум дыщэ хъунщIэным хуегъасэ», – уэрэдым зэрыжиIэм къыдегъащIэ и анэр Ерыщтаухэ зэрапхъур. Ерыщтаухэ куржы лъэпкъщ, ахъумэ Нэгумэм зэрыжиIэм хуэдэу, нэгъуей лъэпкъкъым. Апхуэдэуи «ди адыгэщIыр Елмырзэ къаным хуэкъуэпхъэщ», – зэрыжиIэм нахуэу къыджеIэ и адэм и цIэр Елмырзэу зэрыщытыр. Ауэ Елмырзэр хэтхэ ящыщми нахуэкъым. Ар нэхъ пэжу къыщIэкIынущ, ахъумэ Нэгумэм зи гугъу ищI Мудар Хьэфэр аркъым. Ар дэ къыдощIэ ахэр щыпсэуа илъэсхэу урыс тхыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуахэмкIэ.
Андемыркъан щригъэукIам, Беслъэн лIыжьу, Андемыркъанрэ Къамболэтрэ я щIалэгъуэу щытащ. Беслъэн щылIэм, абы и пIэм Темрыкъуэ иуващ. Ар лIащ 1571 гъэм. Абы и ужькIэ абы и къуэш нэхъыщIэ, Андемыркъаныр езыгъэукIа Къамболэтыр, пщы нэхъыжьу теуващ. Ар лIыжь хъуауэ лIэжащ 1589 гъэм. Абы кIэлъыкIуэу Талъостэнхэ Щолэхъупщ пщы нэхъыжьу теуващ. Щолэхъупщ и къуэт Къэрэщейр – Мудар Хьэфэм иукIар. Ар иукIыу езыри абы зэрытекIуэдэжам къытекIащ «Мудар и кхъэ нэпцI» хъыбарыр.
Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Мудар Хьэфэм Къэрэщейр къыщиукIам Щолэхъужьыр жьы дыдэ хъуауэ, и къуэ нэхъыщIэ дыдэ къэнар балигъ мыхъуауэ щытащ. Лъы зыщIэжын я лъэпкъым зэримыIыжым щхьэкIэ, «щIэм и мыгъуэщ, жьым игъуэджэщ» жиIэри, Щолэхъужьыр гурымащ. Къэрэщейр Мудар Хьэфэм щиукIар 1615 гъэм и ужькIэщ, апщIондэху Щолэхъу псэуауэ тхыгъэхэм итщ. Шэч хэмылъу, Андемыркъан щаукIар 1552 гъэм и пэкIэщ, Къэбэрдейм икIыу лIыкIуэхэр урыс пащтыхьым деж кIуэн щIамыдзауэ, Темрыкъуэ пщы нэхъыжьу темыува щIыкIэщ. Армырамэ, хэтыт зыщIэр, Андемыркъан а лIыкIуэхэм яхэту зэгуэр Мэзкуу кIуэнкIи хъунт. Ауэ ар абы щыгъуэ псэужакъым. Абы ипкъ иткIэ жытIэу щытмэ, Мудар Хьэфэр Андемыркъаным и адэу щытынкIэ Iэмал иIакъым. Андемыркъан и адэр, шэч хэмылъу, и уэрэдым къыхэщ Елмырзэщ. «Ди адыгэщIыр Елмырзэ къаным хуэкъуэпхъэщ» щIыжиIэр «апхуэдэкъуэ зэрупIам щхьэкIэ адыгэщIым цIыхуу ису хъуам я адэм ухуагъадэу щIыхь къыпхуащIыпхъэщ» жыхуиIэщ.
Къамболэт и ныбжьыр илъэс 80-м иту дунейм ехыжащ 1589 гъэм. Илъэс 80-р aбы къыхэпхмэ, ар къалъхуащ 1509 гъэм. Андемыркъан, куэдым зэрыжаIэмкIэ, абы быдз щыдефакIэ, къуэш-ныбжьэгъуу щиIакIэ, шэч хэмылъу, ари къалъхуащ 1509 гъэм. Ауэ Къамболэт хуэдэ пщышхуэм и быдзышэ драгъэфэн, иужькIэ къуэш-ныбжьэгъуу зригъэIэн щхьэкIэ, Андемыркъани (и анэр унэIутым къыхэкIа щхьэкIэ къэмынэу) пщышхуэ лъэпкъым къыхэкIауэ щытын хуейщ. Аращ абы «пщы тумэкIэ» щIеджар.
Беслъэн лIэри пщы нэхъыжьыпIэр Беслъэн и адэ къуэшым и къуэрылъху Темрыкъуэ иубыдащ. Ар зэрытеувэу лIыкIуэхэр Мэзкуу игъэкIуарэ, илъэс заулкIэ зиIэжьарэ тщIэркъым. Ауэ, ищхьэмкIэ зэрыщыжытIащи, 1552 гъэм лIыкIуэхэр Мэзкуу игъэкIуащ. Абы щыгъуэ Беслъэн псэужакъым. Беслъэн щыпсэуаращ Андемыркъан щригъэукIар. Андемыркъан къыщалъхуауэ хуэдгъэфащэмрэ Беслъэн и пщыгъуэр щиухамрэ я зэхуакур илъэс плIыщIрэ щырэщ, ауэ ар апхуэдиз илъэскIэ ягъэпсэуауэ къыщIэкIынукъым. Дэ зэрыхуэдгъэфащэмкIэ, ар зэрагъэпсэуар илъэс щэщI-щэщIрэ тхурэщ.
«И жанырыбзти, Аущыджэрджэм Iэ дилъэщ» зэрыжиIэм дэ къыдегъащIэ Андемыркъан чыристан диным зэритар. Абы апхуэдизу IэкIуэлъакIуэу жаныр щIигъэбзэфыр Аущыджэрджэм (Святой Георгий) и фIыщIэщ, ар къыдоIэпыкъу, абы Iэ къыделъэри аращ жыхуиIэщ.
Андемыркъан лIыгъэ езыгъащIэу, къызыкъуэгушхукIыу щытар иш Жэманшэрыкъымрэ и джатэмрэщ. Абы и шыр шыщIэ цIыкIуу гуэншэрыкъитIкIэ къищэхуауэ зэрыщытами, ар зэрипIами, зэригъэсами хъыбарышхуэ яIэщ.
Андемыркъан и сэшхуэр зыщIауэ щытар Хьэщэхэ я гъукIэр арт, – жеIэ къэзыIуэтэжхэм ящыщ Елмэс Мэхьил (Ислъэмей). И зэманым абы нэхъ гъукIэ Iэзэ адыгэхэм яхэтакъым. «Пащтыхь ныкъуэ Дундуков Къэбэрдейм къыщыкIуам, Андемыркъан и джатэр шыбз хакIуэпщIэкIэ Шыпшхэ я деж къыщащэхужри саугъэту иратауэ щытащ», – жеIэ Жыгун Адэлджэрий. Абы щыгъуэ къэкIуауэ щыта Дундуковыр Къэбэрдей пхъурылъхут. Къэбэрдеишхуэм япщ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ ипхъу Жан 1721 гъэм Къалмыкъ хъан Дундук-Омбо иритауэ щытащ. Дундуковыр абы и къуэт. Аращи, Андемыркъан и джатэр иджыри музейм зы щIыпIэ щIэлъу къыщIэкIынщ. «Андемыркъан» щIэхъуар Шормэн Андемыр къану иратри ирагъэпIауэ щытти аращ жаIэ.
Андемыркъан и хъыбархэр псысэ хъужа пэтми, абы кIэрымылъ куэд, къэхъункIэ мыхъуа куэд IуэрыIуатэм кIэрилъхьэ, иригъэлей пэтми, ар адрей цIыхухэм хуэдэу псэуащ. Къэбэрдейми, нэгъуэщI хэкухэми къыщикIухьащ. УнэIутхэм къалъхуахэм ящыщу япэу джатэ къизыхыу пщыхэм япэувыфар аращ. ЦIыхубэм ар щIагъэлъапIэри аращ.
Щыпсэуари щаукIыжари Шэрэдж псыхъуэщ: «БыдапIэщ жери и щхьэм унапIэр щиIыгъщ, ШэрэджыкIэпс ХъыукIэ псынэм лъыр хашэ, мы мывэ къуршым Андемыркъаныр Iэдэгъуэмылъэу хагъащIэ», – щIыжиIэр аращ и уэрэдым.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: