Хэкур щыгъэфIа усэхэрСыт хуэдэ зэманми зи фIыгъуэр имыкI усэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ КIуащ БетIал. Адэжь щIыналъэм и щIыуэпсым щытепсэлъыхькIэ, усакIуэм и псалъэ лъэщхэр къару хуохъу щIэджыкIакIуэм, мурадыфIхэм къыхуоуш. Лъахэм теухуауэ КIуащым къигъэсэбэпа зэгъэпщэныгъэхэр уи нэгум къыщIэбгъэхьэну тыншщ. Щапхъэхэм къыдгурагъэIуэнщ ар: «си хэкууэ дыщэ губгъуэ», «лэгъупуэ из мазэгъуэр», «акъужьыр алъп сэхъуауэ», «пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ», «мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ» (Си Хэку»); «йолъэт акъужьыр дэфийуэ», «шылэу мэлыдыр и сокур», «кIэр пщащэ щхьэцуэ соухуэн» («Шагъдий»); «щIым и тахътэу щытхэщ дибг Iэтахэр» («Си лъахэ»); «и гущIыIу уэсылъэу, и лъэдийр мыл джейщ», «и мыл джей дурэшхэм жьыбгъэр къыщофий», «и къыр къэрэкъэшхэм къыщекIухь гъуэжькуийм». Хэкум и теплъэр псалъэ хэплъыхьахэмкIэ сурэту зэрищIам, Кавказым и хъугъуэфIыгъуэхэр, лъахэм и лъапIагъыр гурэ псэкIэ зэрызыхищIам, щIыналъэм усыгъэ къабзэкIэ Iэ зэрыдилъам зэ девгъэплъыж Хэкум хуиуса сатырхэм ящыщхэр щIэдджыкIыжурэ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Си Хэку Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, Къэхъугъуэм и епэр, Кавказым щынэхъ фIыгъуэ, Дохьэхыр птеплъэ нэр!
Лэгъупуэ из мазэгъуэр Къыщоблэр уи щхьэщыгу, Нарт-Санэ - хущхъуэ дэгъуэр КъыщIож уи ЕсэнтIыгу.
Акъужьыр алъп сэхъуауэ Уи ныджэм щопIейтей, Псы Iэлхэр Iэсэ хъуауэ, Турбинхэр пхуагъэхъей.
Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ Плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ, Аузхэм щызэрахуэ Iэщ бжыгъэр вагъуэ лъытщ.
ТеплъафIэу мывэ гъуэгухэм Уи губгъуэр зэрахъащ, КIыфIыгъэр щIыпIэ дэгухэм ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ.
ЖьакIацэу щхьэмыж уэрхэр Хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къазэрхэр Убзэншэу уощI IэрыпI.
Къунанхэм пшагъуэ гуартэу Бгы щхъуантIэхэр яхъуэкIу, АкъылкIэ щIыр бгъэбатэу, Жэщ-махуэми уопэкIу.
БэвыгъэкIэ си хэкум Зыгуэр зытебгъэкIуэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум Къинакъым уи щIым гуэн.
Къыр таж утеуIуамэ, Зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, Щогъуэтыр домбеякъ.
Зэтетуэ унэ инхэм Дэндежи зыщаIэт, ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм УхуакIуэм и сурэт.
Хуэдэншэу уи шу жэрхэм Зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уилI жыджэрхэм ТхьэIухудхэр къагъэудж.
Уи цIыхухэр фIыщIэ хэлъуэ Лэжьыгъэм гугъу дохьыф, УэрэдкIэ зэрылъэлъуэ ГуфIэгъуэм зэхотыф.
СщIэ псохэри щIэщыгъуэ Щысщохъур сэ уи дей, УзиIэщ – сымыфыгъуэ, Уи фIэщ щIы Къэбэрдей!
УзиIэу уэ си хэкур Къэслъыхъуэркъым жэнэт. IуащхьитIым я зэхуакур Бгъуэтынкъым къызыхуэт.
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, Къэхъугъэм и епэр! Кавказым щынэхъ фIыгъуэ, Уи теплъэм IэфI ещI псэр!
Шагъдий Бом сунэтIауэ сыкъищIэм Щыщуэ къыщIоплъ, щхьэр къешийр, Уанэ теслъхьэнуэ зыхищIэм, КIэбдзкIэ мэджэгу си шагъдийр.
Дэсшэмэ псыхъуэм, сабийуэ, Си гур хигъахъуэу мэджэгу: Йолъыр акъужьыр дэфийуэ, ЕщIыр бжэн лъакъуэхэр гъуэгу.
Шылэу мэлыдыр и сокур, КIэр пщащэ щхьэцуэ соухуэн, Чийм я нэхъ лъагэм изокур, Хъумэ шыгъажэм сылъэн.
Шэщым щыщIэтым зигъэнщIуэ Ешхыр нэхъ къабзэу овёс, Сыжэм сылъатэ яфIэщIуэ Дэни псом япэ сынос.
Сэ шыныбэпхыр щэбэнкIэ Къурэм, сегугъууэ соIуэт, Ныджэм хъуэкIуэну тесшэхукIэ ХъупIэщIэ кIыр хузогъуэт.
Ауэ дунейр къепсэпсауэу Нобэ сэ нэху сыкъекIащ, Шхалъэм шагъдийр ефIэлъауэу Слъагъури, гъуэгу куэд сигу къэкIащ.
Пшэхэм сахэплъэрти хуэму Щыщурэ щхьэр къыщишийм: - Куэд екIуэкIынщ махуэ уэму, Загъэ, - жесIащ си шагъдийм.
Пшэм я дурэшхэр щанами, Дыгъэм и нурхэр нэхъ лъэщщ, Пшагъуэр мэзыщхьэм тенами, Махуэр уэфIынуэ си фIэщщ.
Ухъууэ зэхуэфI, шы губзыгъэ, ЩIэт гукъеуэншэуэ бом, Тетуэ къару умыгугъэ, Дыгъэм текIуэн дуней псом.
Ауэ тегушхуэу и лIыгъэм Уафэм къыщIидзэм гъуэгъуэн… Зэ дыщыщтакъым дэ лIыгъэм, МащIэ тлъэгъуакъым борэн!
МафIэкIэ тпкIауэ гъуэгужьхэр ДэнэкIэ дунэтIми дощIэж… Ауэ нур нэхухэм заужьхэр, Далъэми – пшэжьхэм защIэж.
Уэ шыгъэжапIэм иджыкIэ Ди колхоз щIыхьыр щыIэт, Сакъыр къэщтэнкъым зэи пцIыкIэ, Шхалъэм сабыруэ бгъэдэт.
Хъум мыхъужыххэ, гъуэгуанэ Хахуэу, хуэщIау дытехьэнщ, Бийр тлIым, птесхынщи уи уанэр, ХъуакIуэ! Биипси уефэнщ.
Си лъахэр Сыт къэхъугъэм ищIа псом нэхъ дахэр, ЖиIэу хэти сэ къызэупщIам, Стынщ жэуап, хэдэншэу зыми: - Лъахэрщ! Хьэкъ щырехъу ар япэм зымыщIам.
Сэ слъэгъуащ зыщытхъухэу щIы пхыдзахэр, - Дыщэ щIэкъухэм яхуэхъуар жэнэт, Ауэ сэ узиIэщи си Лъахэр Зым жесIэнкъым зэи: - нэхъыфI къызэт.
Сэ слъэгъуахэщ дыгъэм удз гъэгъахэр ЩыхуэлIауэ, щыгъуэу хамэщI куэд, Яхуэхъуауэ лъэхъуэщ щалъхуа лъахэр, Лъахэр кхъэ къащыхъууэ цIыху псэкIуэд.
Псэм и щIасэщ дэ ди удз гъэгъахэр, Дыгъэ бзийри ди деж щынэхъ уэрщ, Дуней псом хуэдэншэщ сэ си Лъахэр, ДищIри щIыуэ щыIэм я нэхъ пшэрщ.
ЩIым и тахътэу щытхэщ дибг Iэтахэр, Пшэплъри ди деж щынэхъ дыхьэрэнщ, Махуэ къэскIэ зызузэщIщ си Лъахэр, Вагъуэхэр ди деж щынэхъ гуэрэнщ.
Мазэм зэрекъугъым ещхьуэ хьэ бэмпIахэр, Уэ къокъугъыр ди бий кIуэдын хуейр, Ауэ абрагъуэу щытщ си Лъахэр, И быдагъэм щогуфIыкI дунейр.
Iуащхьэмахуэ Соплъэ сынэплъыскъым, СокIуэ сынэмыс, Ауэ зэи сытIыскъым, Гъуэгум согупсыс.
Гъуэгур Iуащхьэмахуэщ, И гущIыIу сихьэху, Си мурадыр нахуэщ – Пкъым ищIэнкъым псэху!
И гущIыIу уэсылъэщ, И лъэдийр мыл джейщ, Жыжьэу плъэ дзэху гулъэщ, ХуэкIуэ – телъыджейщ.
И щхьэр щхьэдыкъуакъуэщ, Къырхэм щхьэдоплъых, Дзыхэр щымыбакъуэщ – Алъпу къыредзых.
Лъабжьэр щыдыгъэпсым Ищхьэм ущодий, Мылхэм къащIиху нэпсым Псыуэ заукъуэдий.
И мыл джей дурэшхэм Жьыбгъэхэр щофий, И къыр къэрэкъэшхэм КъыщекIухь гъуэжькуийм
Ауэ фIыщ удэкIыу Уеплъыхам дунейм, Гугъур къызэбнэкIыу Утехьам таж уейм.
УэфIым ар и лIыкIуэу ЖеIэр Къэбэрдейм, Плъагъум пшэр щымыкIуэу, - ЗеузэщI дунейм.
Нобэ, мыпщэдейуэ, СкIунщ а гъуэгуу уейр, Ауэ аркъудейуэ ПIэрэ сызыхуейр?
Хьэуэ аркъудейкъым Гур зыхуэнэпсейр, Гур фIы ныкъуэ хуейкъым. Махуэщ гур зыхуейр.
Iуащхьэмахуэ сыкIуэу Си гум зигъэнщIам, Iуащхьэ къыкIэлъыкIуэм IупщIэ хуищIынт сщIам.
Iуащхьэмахуэр дэркIэ Насып Iуащхьэщ – ар, СыдэкIуеймэ сэркIэ СфIэмащIэнущ скIуар.
Куэдым зигу хуэбанэр Куэдым нэсыфынщ, Зыбг дэкIуейуэ къанэр ИпIэ исыфынщ.
Ауэ ипIэ исыр Дэ тхуэхъун пашэгъу? ЕшкIэ зэи мытIысыр Дэ тхуэхъунщ ныбжьэгъу.
Iуащхьэ махуэ куэдхэр, Къуэшхэ, тетщ ди гъуэгу. Гугъум къыпикIуэтхэр – ЩIрырекIуэт ди нэгу.
Ескум Iуащхьэ благъэм, Гу хузощI адрейм, Махуэщ гур мызагъэм Утетыху дунейм.
* * * Уэр мыхъуам сыбгъэ дамэншэт, Шыуаныншэ лъахъшт, Жыг къута щIэгъэкъуэныншэт, Шэншэу жэм шхуэл къашт. Ауэ сэ узиIэщ. ГъащIэр Уэрщ къызэзытар, ПхуэсщIыжыну пщIэ сопIащIэр, НэгъуэщIхэр хъымпIарщ. ЗэрыжаIэу, «жэм и лъакъуэ И шкIэ имыукI», Ауэ, лъахэ, узгъэплъакъуэм СыщI хьэрэм, сыукI.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




