Мысачэ Верэ и гуащэхэр

 Къэрал Думэм Унагъуэр хъумэнымкIэ, адэм, анэм, сабиигъуэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ и Комитетым и унафэщI Останинэ Нинэ и пэшым щызэхуехьэс Урысейм щыпсэу  лъэпкъхэм я гуащэхэр. Ахэм яхэхуащ  Налшык щыщ Мысачэ Верэ и IэрыкI, адыгэбзэкIэ псалъэ «Мадинэ» гуащэри.

 Ди щIыналъэм Урысейм и лъэпкъи 100-м щIигъу мамыру щызэдопсэу, зэгурыIуэрэ зэныбжьэгъугъэрэ я зэхуаку дэлъу. Пасэрей щэнхабзэм и дахагъэмрэ Iущыгъэмрэ щызэхэухуэнащ гъуазджэ лэжьыгъэхэм. Абы и щыхьэтщ гуащэхэр. Ар зэрыджэгу хьэпшып къудей мыхъуу, лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ ипсыхьа дахагъэщ.

Депутатым гуащэхэр зэхуихьэсу щIидзащ цIыху IэпщIэлъапщIэ, егъэджакIуэ Мысачэ Верэ адыгэ фащэкIэ хуэпа и «Мадинэ» гуащэр тыгъэ щыхуищIым. КъыкIэлъыкIуэу, Нарткъалэ щыIэ, ГъуазджэхэмкIэ «Радуга» сабий школым щезыгъаджэ Филипченковэ Еленэ депутатым Iэригъэхьащ балъкъэрыбзэкIэ псалъэ «Сэтэней» гуащэр. Абы лъандэрэ Нинэ къыхегъахъуэ цIыхубзхэм «Надежда России» зыфIаща я зэгухьэныгъэм хэт IэпщIэлъапщIэхэм ягъэхьэзыр хьэпшыпхэмкIэ. Ахэр щыхьэт тохъуэ къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ я щэнхабзэ беягъымрэ. IэпщIэлъапщIэхэм щэкIым, фэм, цым, упщIэм, ятIагъуэм, нэгъуэщIхэми хьэпшыпхэр къыхащIыкI. Къэбгъэлъагъуэмэ, Мысачэ Верэ «Мадинэ» гуащэм зы мазэм щIигъукIэ елэжьащ. Иджыпсту Верэ Iуэху ядещIэ  волонтёрхэм, гъащIэр узыншэу ехьэкIыным телажьэ «Анна» валеологие клубым и щIыналъэ къудамэм хэтхэм. КъинэмыщIауэ, IэпщIэлъапщIагъэм и щэхухэм нэхъыжьхэри щегъэгъуазэ.

Мысачэ Верэ зэрыжиIэмкIэ, зэрыцIыкIурэ гуащэхэм дахьэх. Абы и сабиигъуэм гуащэу щыIар мащIэ дыдэт икIи я теплъэкIи зэрызэщхьэщыкI щыIэтэкъым. Нэхъыжьхэр зэрыджэгуахэр нэхъыщIэхэм иратыжу къекIуэкIырт. Верэ илъэсибл ныбжьым щитым и гуащэхэм езым фэилъхьэгъуэхэр яхуидыжырт. Курыт еджапIэ нэужьым, инженер IэщIагъэр зригъэгъуэтри, япэщIыкIэ заводым, иужькIэ школым черчениемрэ сурэт щIынымкIэ щригъаджэу щылэжьащ. Сабий, ныбжьыщIэ творчествэмкIэ къалэ центрым и егъэджакIуэуи щытащ. Ар зыдэлэжьа сабийхэр дригъэхьэхащ гуащэ зэращI щIыкIэм.

 ИлъэсыщIэ жармыкIэм Верэ хигъэхьа и IэрыкI гуащэхэм зэгуэрым гу къылъитащ КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и республикэ центрым и унафэщI Урыс Аслъэн икIи жриIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и саугъэтхэр» республикэ зэпеуэм и зэфIэкI щеплъыжыну. Абы и ужь щихьэм, лъэпкъ хабзэхэм, бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэхэмрэ абы дэщIыгъу хьэпшыпхэмрэ нэхъ куууэ зыщигъэгъуэзащ. Ар нэхъри мы Iуэхум тригъэгушхуащ и гуащэхэм зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къызэрыщыхуагъэфэщам. Гуапэт икIи ехъулIэныгъэшхуэт, дауи, художник Iэзэхэм абы и лэжьыгъэхэм я фIагъыр къызэралъытар. Лъэпкъ бзылъхугъэм и теплъэр къэбгъэлъэгъуэну, ахэр фащэхэмкIэ пхуэпэну мытыншми, адыгэм я щэнхабзэр еш имыщIэу иджыурэ и зэфIэкIым зригъэужьащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться: