Сыт хуэдэ зэманми адыгэм бзылъхугъэм пщIэшхуэрэ нэмыс лейрэ хуищIу къэгъуэгурыкIуащ. ЦIыхубзхэр жылагъуэм зэрыхэту щытар, абыхэм кIэлъызэрахьэу щыта хабзэхэр къыщыгъэлъэгъуэжащ щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Абыхэм ящыщ зы теплъэгъуэ фи пащхьэ идолъхьэ.
Пасэрей ди цIыхубзхэр куэдрэ унэм икIыу щытакъым. «ЦIыхубзым и Iуэху жьэгу пащхьэмрэ бжэщхьэIумрэщ», - жаIэу щытащ. ЛIым кърихьэлIэр фызым зэригъэзахуэу, зэригъэпэщу унэм щIэсу щытащ. Унагъуэм зыгуэр къехьэлIэным цIыхубзым и Iуэху хэлътэкъым.
ЦIыхубзыр зэзэмызэххэт щежьэр, Iыхьлы гъунэгъухэр илъагъуну.
ЦIыхубзыр зэрежьэр выгут. Выгум Iэмал имыIэу гущхьэ телът. Гущхьэр и кIыхьагъкIэ щIэуфат упщIэкIэ, щагъэ хужь бгъуэшхуэкIэ тепхауэ. Гущхьэр щIытелъыр уэшхымрэ дыгъэмрэ щихъумэн, мыдрейуэ, гъуэгум зыщрихьэлIэну цIыхухэр къыIурымыплъыхьын щхьэкIэт. Пасэрей ди цIыхубзхэр, иджы хуэдэу, цIыхухъухэм я нэIуасэу, ахэр куэдрэ зэIущIэу щытакъым. ЦIыхубзым нэмыс лей хуащIырт.
ЦIыхубз зэрыс гум шу закъуэ къахуэкIуэу ярихьэлIамэ, бзылъхугъэм нэмыс хуищIу шум дигъазэрти, зыкъомрэ дэкIуатэрт. ЦIыхубз хьэщIэр здэкIуэм зэрынэсу, бысым цIыхухъум IумпIэр иубыдырти, пщIантIэм дишэрт. Ауэ хьэщIэр цIыхухъум иригъэблагъэртэкъым. Ар унэм щIэзышэр цIыхубзхэрат. Сыт хуэдиз и лъапIагъыу щымытми, цIыхубзыр хьэщIэщым ирашэртэкъым.
ЦIыхубзыр нэхъ зэрагъэхьэщIэ хабзэр джэдкъазт, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ хуэдэхэр арат.
Адыгэ хабзэкIэ, зы унагъуэм цIыхухъурэ цIыхубзрэ зэрихьэлIауэ зэхьэщIэгъу хъуамэ, зэнэIуасэу щымытмэ, зэдэуэршэрыну, зэдэшхэну хабзэтэкъым. Ар къызыхэкIыр цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэхуаIэ нэмысыр арат. Ауэ хьэщIэхэр щIалэ зи къэшэгъуэрэ хъыджэбз зи ишэгъуэу щытмэ, а тIур зэрагъэцIыхурт, хэгъэрей зэхуащIырт, зэдагъэуэршэрырт.
Хамэ цIыхухъу здэтIыс Iэнэм цIыхубз ядэтIысыртэкъым, ядэшхэртэкъым. Ядэшхэн дэнэ къэна, Iэнэм хьэщIэ щысмэ, цIыхубзхэр щIэкIырт е мытIысу ящхьэщытт, шхэн яухыху.