Мейкъуапэ щэнхабзэм и къэгъэшыпIэхэм

Старостин Сергей и цIэр къипIуэмэ, уи нэгум къыщIохьэ лъабжьэшхуэ зиIэ, «зэгъэпщэныгъэ лингвистикэ» жыхуаIэ щIэныгъэр. Абы и гуэшыкIэмкIэ абхъаз-адыгэбзэр «Сино-кавказыбзэхэр» жыхуаIэ унагъуэшхуэм хохьэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ зэдай пасэрей бзэжьыр зыгуэркIэ китаибзэми, уеблэмэ Америкэм щыпсэу индеецхэм я бзэми гуохьэ. Абы иджыри «дене-кавказыбзэ» цIэри зэрехьэ. 

 Ар къызэрахута щIыкIэм мы тхыгъэ кIэщIым дыщылъэIэсыну къыщIэкIынкъым, ауэ дзыхь зыхуэпщI хъуну бзэ щIэныгъэлIхэм жаIэм дедэIуэфынущ. Апхуэдэфэ идоплъ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАН-м и Бзэ щIэныгъэ институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ Касьян Алексей. 
 «Сино-кавказыбзэхэр» гуп щхьэхуэ ящIын жэрдэмыр къызэрыхалъхьэрэ илъэсищэм щIигъуащ, - Алексей зэрыжиIэмкIэ. Ауэ Старостин Сергей абы узэрелэжьыпхъэ щIыкIэр, къызэрыхэпхутыкIыну Iэмалыр зэригъэпэщауэ аращ. Сытыт абы жиIэр? Япэрауэ, нобэрей бзэм и «благъэхэр» къыщыплъыхъуэкIэ, иджыпсту зэрыпсалъэ бзэхэракъым зэбгъэпщэн хуейр, атIэ дэтхэнэ зыми я «адэжь лъабжьэр» зэфIэбгъэувэжынущ. ЕтIуанэ тегъэщIапIэр бзэ къэс къимыгъэщхьэпэнкIэ Iэмал имыIэ псалъэхэрщ. Апхуэдэхэм хеубыдэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым и Iыхьэхэр, ищIэ хабзэхэр: жеин, шхэн, къинэмыщIхэр. ЦIыхум сытым дежи и гъусэу къэгъуэгурыкIуэ псэущхьэхэри хохьэ абы. Уегупсысмэ, иужьрейхэм нэхъ хиубыдэр тIу къудейщ: хьэмрэ цIэмрэ. ЦIэр, Алексей зэрыжиIэмкIэ, хьэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ пасэрейщ. 
Бзэ унагъуэшхуэхэм я гугъу пщIымэ, Евразием апхуэдэу итыр щы къудейщ: «ностратическэ» жыхуаIэ индоевропейм уралыбзэхэмрэ къинэмыщIхэмрэ хеубыдэ. «Семит-хьэмитхэр» зыфIащам журтыбзэ-хьэрыпыбзэ хуэдэхэр, Мысырым щызекIуэхэр хабжэ. Ещанэ унагъуэшхуэр дызытепсэлъыхь «сино-кавказыбзэ» е «дене-кавказыбзэ» жыхуаIэращ. Апхуэдэу зы унагъуэм хагъэхьа бзэхэм я благъагъыр илъэс минихым нэхърэ нэхъ жыжьэ зэIэбэкIыжу къыщIокI, уеблэмэ мини 10 - 12-м нос. Ауэ щIызэгуэкIын хуей хъуа щхьэусыгъуэхэр зэтехуэркъым: ахэр дуней къэхъукъащIэ, псыдзэ, щIыхъей, зауэ, сату, гъащIэм къыхыхьа IэмэпсымэщIэ, къинэмыщIхэрщ. 
Касьян Алексей жиIэхэм ди бзэр къызэрыхэхуам и закъуэкъым гъэщIэгъуэн щIытщыхъуар. Ар IупщIу топсэлъыхь иджыри къэс дунейпсо цивилизацэ нэхъыжь дыдэу къалъытэу щыта шумерхэр ипэжыпIэкIэ Мейкъуапэ щэнхабзэ жыхуаIэм нэхърэ илъэс минитIкIэ нэхъыщIэу къызэрыщIэкIам. Абы къыхэкIыу, адыгэхэр шумерхэм ядэплъеяуэ аракъым, езы шумерхэм «адыгэмэ» ящыуауэ аращ. Ар къахутэну щIэныгъэлIхэм Iэмал къезытар иджы къагъэщхьэпэ «углероднэ къэхутэныгъэ Iэмал» жыхуаIэхэрщ. 
«Кавказ Ищхъэрэ бзэ унагъуэр щхьэхуэу къапщтэмэ, ар къудамитI мэхъу: шэшэн-дагъыстэн къудамэмрэ абхъаз-адыгэхэм яймрэ. Езыр мыин щхьэкIэ, абхъаз-адыгэбзэ унагъуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жеIэ Алексей. – Ар зэрызэхэт псалъэхэм я нэхъыбэм макъ дэкIуашитIым я зыр дэхуащ. Абы къыхэкIыу, шэшэн-дагъыстэн къудамэмрэ абырэ зэрызэблагъэм и щыхьэтхэр кIэрыхуащ». 
ЩIэныгъэлIыр зэреплъымкIэ, бзэм хэт псалъэхэм я къэпсэлъыкIэм зыщIихъуэжын хуей хъуа щхьэусыгъуэр къыпхуэлъагъужыркъым, ар щызэфIэбгъэувэжым деж, ауэ я зэхуакум дэлъ зэпыщIэныгъэр щIэкIуэдар къыщылъыхъуапхъэр абдежырщ. 
Мейкъуапэ щэнхабзэр къыщызэрытIэпIыкIар домбеякъыр къагъэщхьэпэн щIадза нэужьщ. Мейкъуапэ гъущIыр къыщагъэщхьэпэ щIыпIэ ехьэжьауэ зэрыщытам и щыхьэт куэд щыIэщ, кIуэ, нэхъыбэу зи гугъу ящIыр гъуаплъэрщ. А лъэхъэнэм зыгуэр къэхъури, зы Iэпхъуэшхуэ гуэр екIуэкIащ. Къэхъуа дыдэр зэкIэ къуажэхьщ. Ауэ «палео-ДНК» Iэмал къэунэхуам къигъэлъэгъуащ Мейкъуапэ деж щыпсэухэр Анадолэмрэ Сириемрэ къызэриIэпхъукIыжар. 
Радиоуглерод IэмалкIэ зэман блэкIар зыхуэдизыр къахутэн зэрыщIадзэрэ, Мейкъуапэрэ шумерхэр щыпсэуа Джэмдэт-Нэсрэ я зэхуакум илъэс минрэ ныкъуэрэ дэлъу къыщIэкIащ, шумерхэр апхуэдизкIэ нэхъыщIэщ. Абы къикIращи, ипщэкIэ икIри, щэнхабзэ лъагэ гуэр ищхъэрэкIэ кIуащ. Ар япэщIыкIэ хьэтхэм я деж Анадолэм нэсащ, абыхэм я деж икIри, тхыгъэм и гущапIэу ябж Шумерым хыхьащ. Абы щыхьэт куэд иIэщ. Мейкъуапэ и Iэгъуэблагъэм археологхэм гъущI гуэр къыщагъуэтащ иджыблагъэ. Вым и пэр яугъуэнт, а гъущIыр иралъхьэрти, зэрадзэжырт. АбыкIэ выхэр зэрашэу арат. Илъэс мин е минрэ ныкъуэрэ дэкIа нэужь, апхуэдэ дыдэ гъущI къэгъэшахэр Шумерым пащтыхь хьэпшыпу къыщыунэхуащ, абы и къарум и дамыгъэ хуэдэу къагъэщхьэпэу. 
ЖытIар къызэщIэтIкъуэжмэ, иджыри къэс адыгэхэр шумерхэм «якIэрытцIэлъ» хуэдэу къытфIэщIа щхьэкIэ, Касьян Алексей зэрыжиIэмкIэ, хьэтхэми шумерхэми я цивилизацэр къыщежьар пасэрей ди адэжьхэм я дежщ. А зэманым абыхэм «адыгэкIэ» еджэу щыта къыщIэкIынкъым иджыри, ауэ Мейкъуапэ и Iэгъуэблагъэм къыщыунэхуа щэнхабзэрщ дэри ди гъунэгъухэри дызыхапIыкIар. Америкэм щыпсэу индеецхэр нэгъунэ «зэрыдиблагъэм» теухуауэ тщIэр мащIэ дыдэщи, зэпымыууэ екIуэкI къэхутэныгъэхэр зыхуэкIуэм дыпэплъэнщ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: