Пщыкъанрэ испыхэмрэ

СИХЬЭ Светланэ
Таурыхъ
 
Бгырыс къуажэ гуэрым ПщыкъанкIэ еджэу щIалэ цIыкIу щыпсэурт. ЩIалэ жан цIыкIут, дыхьэшхрилэт, джэгун фIэкIа Iуэху иIэтэкъыми, жэщ хъуху уэрамым дэтт. И адэр мащIэрэ игъэшхыдэрэт абы щхьэкIэ. Адэр къэгубжьамэ, анэм ар ерагъкIэ тригъэужырт, и къуэ цIыкIум къытемыхуэн щхьэкIэ.
Сабийхэр щыджэгу хабзэр къуажэ гупэмкIэ щыIэ щIыIэнэщIырат. Езэшыху къажыхьынти, удзыпцIэм хэтIысхьэжынт, загъэпсэхуну. Жылэм я мэл хъушэр щагъэхъури абы пэжыжьэтэкъыми, щIалэ цIыкIухэр зэрехьэжьэрти, мэлыхъуэ лIыжьхэм ябгъэдэст, я хъыбархэм щIэдэIуу. Модрейхэми я жагъуэтэкъым ахэр къызэрыкIуэр. ГъащIэми куэд щалъэгъуати, яфIэфIыпсу цIыкIухэм хуаIуатэрт хъыбарыжьхэри шыпсэхэри. Хъыбарыжьу абыхэм ящIэр зыхуэдизым ущIэмыупщIэ. ЩIалэ цIыкIухэм я тхьэкIумэр тегъэхуауэ едаIуэрт нэхъыжьхэм, къыхуаIуатэр пэжми лIыжьхэм зэхалъхьа шыпсэми я зэхуэдэу.
Зы махуэ гуэрым Жанхъуэт лIыжьым чэзу къылъысат хъыбар иIуэтэнуи, кърегъажьэ:
- Нэхъыжьхэм жаIэжу зэхэсхащ мыр, къуажэ жыжьэ гуэрым къыщыхъуауэ. Зы щIалэ къуейщIей цIыкIу щыпсэурт, жи, абы, КъасымкIэ еджэу. Зэраныгъэу имыщIэ щыIэтэкъым. Iэщым мывэкIэ яхэуэрт, бзу абгъуэхэр икъутэрт, хъыджэбз цIыкIухэм дзы яфIищырт. Апхуэдэр пэшэгъу зыщIыну хэтыт хуейр? Зыми зыдигъэджэгуртэкъым Къасым. И закъуэпцIийуэ мэз лъапэм кIуэрти, жыгхэм дэпщей-къепщыхыу, псынэм деж Iусу, и щхьэ тригъэужырт.
Зэгуэрым, дыгъэм зригъэууэ удзыпцIэм здыхэлъым, абы и тхьэкIумэм цырхъ макъ къиIуащ. Хэту пIэрэ мы и гъэпщкIупIэ щэхум къэсар? ЩIалэ цIыкIум зиудыгъури, зэщIэдэIукIащ. Ежьащ Iэуэлъауэр къыздиIукIымкIэ. Плъэмэ, удз кIырым испы гуп кIуэцIрыкIырт, езыхэм нэхърэ нэхъ ину къэпышхуэхэр ялъэфу. Ди зэраншум апхуэдизкIэ дыхьэшхэн къыщыхъуат илъагъури, зэрылъэлъу ящыдыхьэшхыу хуежьащ. Испыхэр къэшынауэ заплъыхьырт, къэхъуар къахуэмыщIэу. Къасым жыг къуагъым къыкъуэкIащ, абыхэм къащыдыхьэшхыу:
- Сыту фыцIыкIужьей, сытуи фылъагъугъуей! Мы къэпышхуэ флъэфхэр а фи Iэ цIыкIухэмкIэ жыжьэ фхуэхьын фи гугъэ? Сыт а фи къэпхэм ярылъыр?
Къэпыр къаIэщIихыу илъым еплъыну и Iэр щишийм, испыхэм ящыщ зы къэкIиящ:
- УемыIусэ, ущIегъуэжынщ!
НтIэ, едэIуэнти ар! Къепсэлъа испы щхьэ плъыжьым щыдыхьэшхыурэ щыбгъэдыхьэм… Сыт мы къэхъуар?! Къасым напIэзыпIэм цIыкIу хъууэ хуежьащ, хэщIым-хэщIурэ испыхэм яхуэдизыпс хъуащ. КъыщыщIар занщIэу къыгурыIуакъым щIалэ цIыкIум. Къэпым бгъэдыхьэмэ - езым нэхърэ нэхъ инт. И Iэ-и лъэм еплъыжри - цIыкIунитIэт. Къасым псынэм бгъэдэлъэдауэ хоплъэ, и сурэт къищыр зэрыщытауэ илъагъун и гугъэу. Ауэ хилъагъуэр жьакIэ цIырхъ тIэкIу зытет лIыжь цIыкIут.
Сыт иджы ищIэжынур?! Къасым цIыкIужьей ябгэхэр щилъэгъуа щIыпIэм деж гужьеяуэ жащ, зэрыщыта ягъэхъужыну елъэIуну. Ауэ испыхэри я къэпхэри бгъуэтмэ къащтэ, бзэхат.
Къасым псей жыгышхуэм кIэщIэтIысхьэри, гъуэгыу щIидзащ. Абдежым макъ гуэр къызэхихащ:
- Умыгъ, тIасэ, сэ сыбдэIэпыкъунщ. Сэ слъэгъуащ испыжьхэм къыуащIар.
Хэту пIэрэ къепсалъэр? Зыри илъагъуркъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, псей жыгым тес кIэпхъ цIыкIурат ар. Къудамэ нэхъ лъахъшэ дыдэм къытетIысхьа пэтрэ, щIалэ цIыкIужьейр абы зэрынэсын щыIэтэкъым.
- КъызэдаIуэ мыдэ, - къригъэжьащ кIэпхъым. - Модэ бгы лъащIэм деж зы лIыжь Iэзэ щопсэу, абы къуейщIейхэр и псэм техуэркъым. КIуэи, къыпщыщIар жеIэ. КъыбдэIэпыкъуфынущ ар, хуеймэ. Ауэ сакъ, абы пэмыжыжьэу нэгъуэщI зы Iэзи щопсэу, ар цIыхуфIкъым, ябгэщ. Испыхэр аращ зыхуэлажьэр. Абы упэщIэхуэмэ, игъащIэкIэ укъыIэщIэкIыжыфынукъым.
Къасым, и гур къызэрыгъуэтыжауэ, щIэпхъуащ кIэпхъым жыхуиIа бгы лъапэмкIэ. Ауэ езыр иджы лIыжь кхъахэти, куэдрэ къэувыIэурэ зигъэпсэхун хуей хъурт. И лъакъуэ кIэщI цIыкIухэмкIи жыжьэ нэсыфынт?! Сытми, щIалэ цIыкIум зы сыхьэтым ижыну щыта гъуэгум махуэ псо фIихьащ абы. АпхуэдизкIэ езэшати, бгы лъащIэми нэмысауэ, удз щабэм хэгъуэлъхьащ. Тхьэрыкъуэф зытрипIэри, Iурихащ, нэху щыхуи къэхъеякъым.
Пщэдджыжьым къызэщыури, зишэщIурэ и анэм еджащ:
- Нанэ, сомэжалIэ, си хьэлывэр хьэзыр?
И гугъа хъунт къыщыщIар пщIыхьэпIэу, езыри унэм щыIэжу, и анэри пщэфIапIэм щIэту, и къуэ цIыкIум фIэфI хьэлывэ IэфIхэр хуигъажьэу, шэ къэшагъащIэр трифыхьыжыну къыхуигъэхьэзырауэ. Ауэ зыри къыпэджэжакъым Къасым. КъызэфIэтIысхьэщ, зыкъиплъыхьри, къищIэжащ къыщыщIар. Къасым зэуэ къыщылъэтри щIэпхъуащ, кIэпхъым жыхуиIа бгым хуэжэу. И мурадыр къехъулIэу, и адэ-анэм деж нэсыжащэрэт зэ! КъэмыувыIэу жэурэ нэсащ бгы лъапэм. Плъэмэ - жыг хадэм хэту, пхъэ унэ дахэ цIыкIу щытщ. Сакъыпэурэ йокIуалIэ - адрей Iэзэ ябгэжьым зыпэщIимыгъэхуэну къыжриIатэкъэ кIэпхъ цIыкIум. Мы къыщыщIа къомыр мыхъуамэ, зыгуэрым едэIуэнт а щхьэзыфIэфIыр, занщIэу иунэтIынт а здэмыхъунумкIэ. Ауэ иджы шынати, щтэIэщтаблэу зекIуэрт. Зэрыщыта хъужыну фIэкIа зыри хуейтэкъым ар.
Унэбжэм хуэму еуIури, занщIэу бжэр зэIужащ. ЩIыхьэмэ - Iэнэм бгъэдэсщ лIыжьыр. Иныжьу къыщыхъуат ар Къасым, езыр зэрыцIыкIужьейр имыщIэжу. Мырат кIэпхъ цIыкIум жыхуиIа лIыжь Iэзэр. Удз хущхъуэхэр зэригъэзахуэу здэщысым, шэнтымкIэ и Iэр ищIри жиIащ:
- ТIыс, гъуэгу утета хуэдэщ уэ. ТIыс, умыукIытэ. ТIэкIу едзакъи, къыпщыщIар къызжеIэ.
Къасым ерагъкIэ шэнт щхьэгуэм дэпщеящ.
- Iэзэ дадэ, Iей дыдэщ къысщыщIар. Сэ сыиспыкъым, сыщIалэ цIыкIущ, Къасымщ си цIэр. Мис а цIыкIужьейхэм езыхэм ещхь сащIащ. КхъыIэ, къыздэIэпыкъу, дадэ. Сызэрыщытам хуэдэу сыхъужыну сыхуейщ.
- Къасым, испыхэр цIыхухэм зэран яхуэхъу хабзэкъым. ЗыгуэркIэ къыумыгъэгубжьауэ пIэрэ уэ ахэр?
ЩIалэ цIыкIур плъыжь къэхъуащ, зрилъэфыхьри жиIащ:
- Сащыдыхьэшхат… Я къэпри къатесхыну сыхэтат… Схуэфащэу къызащIащ. ЗэикI апхуэдэу сщIэжынтэкъым! КхъыIэ, дадэ, къыздэIэпыкъу.
- НтIэ, уэ моуэ щыс зэкIэ, едзакъэ, - гуапэу жиIащ лIыжь угъурлым, - сэ иджыпсту сыкъэкIуэжынщ. - Пхъэ шынакъ цIыкIур къыхуигъэкIуатэри, езыр щIэкIащ.
Къасым къэмэжэлIати, фIэфIыпсу шхэрт. Ауэрэ дадэм къигъэзэжащ, зы кхъужь IэщIэлъу. Кхъужьи кхъужь, ауэ Къасым дэнэ щищIэнт лIыжь Iэзэм и хадэм ит пхъэщхьэмыщхьэхэр адрей къызэрыгуэкIхэм зэремыщхьыр.
- Уи ныбэм ихуэжыну пIэрэ мы зы кхъужьыр? - къыдэгушыIащ дадэр.
Къасым ауэ сытми фIэфIт кхъужь!.. ФIэIэфIыпсу ишхащ. Шхын зэриухыуи, и Iэхэми, и лъакъуэхэми зашэщIыжу хуежьэри, Къасымыр зэрыщытауэ щIалэ цIыкIу хъужащ.
- Иплъэт иджы гъуджэм, - жиIащ дадэм.
Ауэ сытми къэгуфIа Къасым, гъуджэм зэриплъэу. Бгъэдэлъадэри, дадэ угъурлым IэплIэшхуэ хуищIащ, зэикI мызэранынуи къигъэгугъащ.
- ЗэгъащIэ дяпэкIэ, - жиIащ дадэм, - нэхъыжьым емыдаIуэмрэ зытекIуэм и жагъуэ зыщIымрэ зэикI къыхуэгъунукъым.
Абы и ужькIэ Къасым къыпхуэмыцIыхужыну зихъуэжащ. Iуэхуми хуэщхьэхыртэкъым, и хьэлкIи нэхъ щабэ хъуат. Абы къыщыщIар пэжрэ пцIырэ фи фIэщ хъунуми мыхъунуми фэ фи Iуэхужщ. 
Апхуэдэу иухащ Жанхъуэт мэлыхъуэм и хъыбарыр.
Хъыбар Iэджи лIыжьхэм яIуатэу зэхахат щIалэ цIыкIухэм, ауэ мыр псом нэхърэ нэхъ ягу ирихьащ. Пщыкъан цIыкIурщи, и гум хыхьэпат зэхихар. А махуэм щыщIэдзауэ, ар нэхъ щIалэфI хъуащ: нэхъыжьхэм едаIуэу, и адэ-анэм ядэIэпыкъуу, жэщ хъухукIи уэрамым хьэулейуэ дэмыту.
 
Поделиться:

Читать также: