«Уэсрэ Нэсрэ» хужаIахэм щыщщКъаныкъуэ Заринэ «Уэсрэ Нэсрэ» зыфIища фэнтези тхылъым пшыхь щращIэкIащ КъБР-м и илъэсищэм и щIыхькIэ яухуа паркым и галереем. Фэнтези тхылъыр сурэтхэмкIэ зыгъэщIэрэщIар модельер Сэралъп Мадинэщ. - Дэ ди насып кърихьэкIащи, диIэщ нарт эпос, - жиIащ Къаныкъуэ Заринэ, - Апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ зиIэ дэтхэнэ лъэпкъри гушхуэнущ. Ди анэдэлъхубзэм и дахагъэр, и IэфIагъэр, и къабзагъэр хуэмурэ мэкIуэщI, пэжым ухуеймэ. Пэжщ, адыгэбзэр щызэхыдох щIыпIэ щхьэхуэхэм, интернетым, телевизорымкIэ, ауэ апхуэдэ щIыкIэкIэ тхуэхъумэну бзэр? Анэдэлъхубзэр пхъумэн папщIэ щыIэн хуейщ иджырей литературэ – прозэ тхыгъэ, усыгъэ, уэрэд… Заринэ и тхылъым тепсэлъыхьахэм жаIам щыщ фыщыдогъэгъуазэ. - «Уэсрэ Нэсрэ» зэмыдзэкIауэ, атIэ зэрытха бзэмкIэ еджэну Iэмал зиIэхэм сохъуапсэ, ипэжыпIэкIэ. Фэнтези жанрыр езыр телъыджэщ, къэгъэшыпIэ гъэщIэгъуэнхэр иIэу. Къапщтэмэ, фэнтезим и «хьэл- щэн» гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ абы IуэрыIуатэм щыщ къызэрыхыхьэр. Нобэ дызытепсэлъыхь тхылъым ар гъэщIэгъуэну хэухуэнащ. Нарт эпосым и лъагъуэм урикIуэ хуэдэурэ уоджэ, абы уеджэххауэ щытмэ, уи гум къинэжа Iуэхугъуэхэм уаIуощIэ. ауэ щыхъукIи, мыбы и сюжетыр укъигъэуIэбжьу зызэзыдзэкIщ, Iуэхугъуэхэр гъэщIэгъуэнурэ йокIуэкI, лIыхъужьхэм я шыфIэлIыфэхэм удахьэх. Дамыгъэхэр, мыхьэнэ зэтыпхъэ жыIэгъуэхэр хэтщ куэду. Сэ тхылъым седжэурэ, телъыджэу зэхэухуэна IуэрыIуатэ дунейм сыщыхьэщIащ. ЩIыпIэ щхьэхуэхэм я фIэщыгъэхэр къыщысцIыхужым дежи, сыгуфIэрт. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Наужьыдзэ бгыр. Иджы сыпоплъэ, сыхуопIащIэ тхылъым и етIуанэ Iыхьэр къыщыкIэлъыкIуэнум, - жиIащ усакIуэ, журналист Мазуренкэ Маринэ. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым гуманитар, социально-экономикэ дерсхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор ЩауэцIыкIу Людмилэ итха «Постмодернистская полифония Зарины Кануковой» щIэныгъэ тхыгъэм и гугъу щищIащ «Уэсрэ Нэсрэ». Ар зэIущIэм щытепсэлъыхьащ фэнтезим зыхуиша гупсысэхэм. - «Уэсрэ Нэсрэ» жанрыщIэкIэ гъэпсащ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къэунэхури, абы зыщIишащ нэгъуэщI жанр лIэужьыгъуэхэм я хьэл-щэнхэм щыщи, я лъэщагъ гуэрхэри. Фантастикэр, детективыр, мелодрамэр, философие тхыгъэр, диныр къызыхэщ прозэр, тхыдэ романыр фэнтези жанрым и хамэкъым. Адыгэхэм мэгъугъэмрэ удыгъэмрэ хуаIэ еплъыкIэм фэнтези тхыгъэр нэхъри щIэщыгъуэ щIэхъукIащ, Заринэ ар екIуу къигъэIэрыхуати. Куэдым мэгъугъэр нэщэнэ щхьэхуэхэм ирапх. Адыгэ дунейм укIэлъыплъмэ, гу лъыботэ, мэгъугъэр, IуэрыIуатэр, телъыджэр цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ, и гупсысэм хэт, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуауэ зэрыгъуазэ гуэру къазэрыдекIуэкIым. ЦIыхум и псэр псыхьа хъунымкIэ абы фIагъ хэлъу къысщохъу. Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, Къаныкъуэ Заринэ Уэсрэ Нэсрэ ятриухуа и тхыгъэр къехъулIащ. IуэрыIуатэм къыхэIукI хуэдэу къытщыхъу «уи псэм утемылажьэ» псалъэхэм яподжэф. Адыгэм и псэр игъэтыншыркъым, адыгэм и псэр гуапэ ещI. ТетIысхьэпIэ лъахъшэ цIыкIухэр зыбгъэдэт Iэнэ лъакъуищым пэрысу шыгъу-пIастэ зыIуагъахуэрти адыгэхэм! Фи мыгугъэ адыгэлIхэм Iэнэ лъагэхэр е шэнтиуэ щабэхэр яхуэщIыну щымытауэ – аракъым щхьэусыгъуэр. Мыбы щIэлъ гупсысэр куэдкIэ нэхъ щIагъуэщ – апхуэдэ Iэнэ лъахъшэм кIыхьлIыхьу упэрысыфынукъым, урикъуу укъыпэрикъэжынуи Iэмал уиIэнукъым. Сыт хуэдэ ныбжьым итми адыгэм лы лей кIэрылътэкъым, и плIэр ухуат. Мыпхуэдэ щапхъэхэр ди лъэпкъ щэнхабзээм куэд дыдэу хэтщ. Заринэ и лIыхъужьхэр къэтцIыхужу къытщохъу тхыгъэм дыкъыщеджэкIэ, абыхэм я хьэл-щэнхэр зыхыдощIэ, адыгэ шыфэлIыфэм дыщыгъуазэщи. Дэтхэнэми илэжь Iуэхухэм щхьэусыгъуэ къахубогъуэтыф. Апхуэдэу щыхъукIэ, тхыгъэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэр къэгупсыса гуэру щыткъым. Шыпсэм и гугъу пщIымэ, абы къыщыхъу-къыщыщIэхэм дэ щхьэусыгъуэ къахуэтлъыхъуэнукъым, упщIэхэр къэувми, жэуап къахуэгъуэтын хуей хъунукъым – шыпсэщи, шыпсэщ. Нэхъыщхьэ дыдэу «Уэсрэ Нэсрэ» хэтри?! ТхакIуэм дуней псо къегупсыс, телъыджэр езы гъащIэ екIуэкIым щыщ Iыхьэу дигъэлъагъуу. ЛIыхъужьхэр къигупсысурэ къыхишэркъым а дунейм, атIэ езыхэр хэтыххэщ. Iуэхугъуэхэр, къэхъукъащIэхэр, дунейм и зыщIыкIэр къэгупсысащ, ауэ а къэгупсысар гъащIэм екIуфынущ. Мэгъугъэмрэ гъащIэм и щытыкIэ пэжымрэ мы тхылъым щызэдауэркъым, атIэ щызэдощI. Къаныкъуэ Заринэ и хъэтIыр псыхьащ, дуней еплъыкIэ щIэщыгъуэ къыщегъэлъагъуэ и тхыгъэхэм. АдэкIэ тхыгъэщIэхэр, литературэ лъагапIэщIэхэр къыпоплъэ. Дэри дыпоплъэ! – жиIащ ЩауэцIыкIу Людмилэ. Къаныкъуэ Заринэ и фэнтези тхылъым теухуауэ мы Iуэхугъуэри къыжыIапхъэщ: Урысейм и тхакIуэхэм творчествэмкIэ Переделкинэ деж щыIэ я унэм щекIуэкIащ фэнтези зэзыдзэкIхэм я зэхуэс. Ар къызэригъэпэщащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, фэнтези, фантастикэ жанрхэм я къэпщытакIуэ Штейман Марие. Абы къыщыхахащ Урысейм и резидентих. Зэпеуэм пхыкIахэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ тхакIуэ, усакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ. Къаныкъуэ Заринэ итхащ адыгэбзэкIэ япэ фэнтези. Мы зэманым «Нартархэр» урысыбзэкIэ зэредзэкI. «Нартархэр» трилогием и япэ Iыхьэщ «Уэсрэ Нэсрэ» тхыгъэр. Ар къыдэкIащ, гъэ кIуам Москва щытепсэлъыхьыжащ. «Уэсрэ Нэсрэ» адыгей диалектым ирагъэзэгъащ, Резиденцэм Къаныкъуэм и тхылъыр щигъэлъэгъуэнущ урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




