Хьилагъэр и Iэщэу

Дыщысабийм пщыхьэщхьэхэм щIэх-щIэхыурэ уэздыгъэр ягъэункIыфIырт. Апхуэдэ сыхьэтхэр ди гуфIэгъуэшхуэт - папэ фэтыджэн уэздыгъэр щIигъанэрти, таурыхъхэм я дунейм дыхишэрт. Нарт лIыхъужьхэр, КъуийцIыкIурэ Иныжьрэ, Мыщэ и къуэ Батыр, ШыкъумцIий, нэгъуэщI псысэхэри нэхъ телъыджэ къытщызыгъэхъур ди анэдэлъхубзэмкIэ шэрыуэу абыхэм дызэрыщIигъэдэIурагъэнут. Балигъ дыхъуами, абыхэм къытедгъэзэжурэ дыщIэдэIуну тфIэфIщ. Абыхэм яхэтщ яхэзгъэфIыкIхэри. Хэт щIэмыдэIуарэ ШыкъумцIий и «зекIуэм»? Нобэ ди гуапэу ар дигу къыдогъэкIыж.

ЩIалэ цIыкIу гуп мэракIуэхьэ ежьащ. ШыкъумцIийкIэ еджэу зы щIалэ бзаджэ цIыкIу къуажэм дэсти, блэкIрэ пэт егуори ари здрашэжьащ. КIуэм-кIуэурэ, бгы дэкIын щыхъум, ШыкъумцIий зыкъытригъэхуащ.

- Сыт ар? - къоупщI щIалэ цIыкIухэр.

- Сешащ, фи щIыбым сивгъэтIысхьи, бгым сыдэфх, - къапиубыдащ ШыкъумцIий.

Сыт ящIэнт: я щIыбым ирагъэтIысхьэри, бгым дахащ.

Мэзым нэсри, мэракIуэм хыхьащ. ШыкъумцIий тIысауэ щысщ.

- Щхьэ ущыс, мэракIуэ щхьэ къыумыщыпрэ? – къоупщI щIалэ цIыкIухэр.

- Си мэракIуэр фэ къысхуифч, – захуигъэхъеякъым ШыкъумцIий.

МэракIуэ къыхурачыху къахуэтэджакъым ШыкъумцIий. Къыхурачри, хузэкIуэцIапхэжащ.

- МэракIуэ пхырыр уи плIэм илъхьи, ди ужь ниувэ, – къыжраIэ.

ШыкъумцIий яхуидэркъым: - Сэ нысхуэхьынукъым, фэ нысхуэфхь.

Къежьэжауэ къэкIуэжурэ, жэщ къатехъуэри, гъуэщащ щIалэ цIыкIухэр. ШыкъумцIий Iуащхьэм дэкIуейри зиплъыхьащ.

- МафIэ цIу солъагъу, - жиIащ ШыкъумцIий. – Нэху дыкъыщекIынщ, дывгъакIуэ.

- ДыкIуэм-дыкIуэщ! - жари кIуащ.

Нэсмэ, НэжьгъущIыдзэм и унэрат. Езы НэжьгъущIыдзэр бжэщхьэIум тесщ, и дзэр елъри.

- Жэщ къыттехъуэри дыгъуэщащ, уи деж нэху дыкъыщегъэкI, – жиIащ ШыкъумцIий, япэ ищри.

- Фэ фхуэдэкъэ сэ схуэмыгъуэтыр! – жери НэжьгъущIыдзэм щIалэ цIыкIухэр унэм щIишащ, игъашхэри игъэгъуэлъыжащ. ШыкъумцIий жыхафэгум иуващ.

- Уэ щхьэ умыгъуэлъыжрэ? – къоупщI НэжьгъущIыдзэр.

- Сэ ди нанэ жэщкIэ фэндым срегъэтIысхьэри, бгыкъум сыкIэрещIэ, – жиIащ ШыкъумцIий.

НэжьгъущIыдзэм фэнд къихьащ, ШыкъумцIий иригъэтIысхьэри бгыкъум кIэрищIащ, езыр щIэкIыжащ и дзэр илъыну. «Жея хъунщ», – жери НэжьгъущIыдзэр жасым къежьащ. Бжэр къыщыкIыргъым, ШыкъумцIий фэндым къепIэстхъащ.

- Сыт ущIэмыжейр? – къыхуилъащ НэжьгъущIыдзэр.

- Ди нанэ жасым деж хьэлывэ тхуещIри дегъэшх,- жиIащ ШыкъумцIий.

- Ар Iуэху! – жери НэжьгъущIыдзэм хьэлывэ яхуищIащ. «Фыжей!» – жери щIэкIыжащ.

И дзэр илъри, жэщыбгым деж къытригъэзащ НэжьгъущIыдзэм.

Бжэр къыщыкIыргъым, фэндым къепIэстхъащ ШыкъумцIий.

- Щхьэ умыжейрэ? - къыщIэгубжьащ НэжьгъущIыдзэр.

- Ди нанэ жэщыбгым деж джэдыкIапхъэ дегъэшх,- жиIащ ШыкъумцIий.

- Ар Iуэху! – жери щIэкIыжащ НэжьгъущIыдзэр, джэдыкIапхъэ яхуищIри, щIалэ цIыкIухэр игъэшхащ. «Фыжей!» – жери щIэкIыжащ.

И дзэр илъри, нэхущым деж къежьащ НэжьгъущIыдзэр. Бжэр къыщыкIыргъым ШыкъумцIий фэндым къепIэстхъащ.

- Щхьэ умыжейрэ иджыри? – къыхуилъащ НэжьгъущIыдзэр.

- Ди нанэ нэхущым деж псы кхъузанэкIэ къытхуехьри дрегъафэ, – жиIащ ШыкъумцIий.

- Ар Iуэху! - жиIащ НэжьгъущIыдзэм, кхъузанэ къищтэри псыхьэ кIуащ. Псыр кхъузанэкIэ икIыщтэурэ, нэху къытещхьащ НэжьгъущIыдзэм. Нэху щыри, щIалэ цIыкIухэр щIэпхъуэжащ, мэракIуэ пхырхэр къапхъуэтэжри. НэжьгъущIыдзэм унэм къигъэзэжащи, щIалэ цIыкIухэр бгъуэтмэ, къащтэ. ЯкIэлъежажьэри, ШыкъумцIий къиубыдыжащ.

- Уэ пхуэфI сыхъункъэ сэ! – жери НэжьгъущIыдзэм ШыкъумцIий фэндым иридзащ, езыр мэзым бжэгъухьэ кIуащ.

НэжьгъущIыдзэм бжэгъу пиупщIыху, ШыкъумцIий фэндым къикIыжри джэду иридзащ, езыр пкIэунэм итIысхьащ. Бжэгъу къихьри, НэжьгъущIыдзэм къигъэзэжащ. Фэндым кIуэцIыуэху, джэдур мэпщIэу.

- Ахьей, джэду макъ зыпщIын уэ! - жиIэурэ, НэжьгъущIыдзэм и джэдуужьыр фэндым ириукIыхьыжащ.

ШыкъумцIий пкIэунэм исти, мэкIэ къищIэри, кърихыжащ, фэндым иридзэри бжэгъухьэ мэзым жащ НэжьгъущIыдзэр.

НэжьгъущIыдзэм бжэгъу пиупщIыху, ШыкъумцIий фэндым къикIыжри хьэжьыр иридзащ, езыр пкIэунэм итIысхьэжащ. Бжэгъу къихьри, къэсыжащ НэжьгъущIыдзэр. Фэндым кIуэцIыуэмэ - хьэр мэпщIэу.

- Ахьейми, хьэ макъ зыпщIын уэ! – жиIэурэ НэжьгъущIыдзэм и хьэжьыр фэндым ириукIыхьыжащ. ШыкъумцIий пкIэунэм кърихыжщ, фэндым иридзэри, НэжьгъущIыдзэр мэзым жащ бжэгъухьэ.

НэжьгъущIыдзэм бжэгъу пиупщIыху, ШыкъумцIий фэндым къикIыжащ, жьэгум къыщищIагъалъэурэ фэндым яжьэ из ищIри, езыр бжэ къуагъым къуэувэжащ.

- Иджыри зыпщIын джэду макъ! Иджыри зыпщIын хьэ пщIэу макъ! – жери НэжьгъущIыдзэр къэсыжащ, бжэгъу цIынэкIэ щыкIуэцIыуэм фэндыр зыгуэудри яжьэр къыжьэхипхъащ. НэжьгъущIыдзэм яжьэр къыщыжьэхипхъэм, ШыкъумцIий дыщэ бжаблэр къыхиудщ, и плIэм къыдидзэри къыщIэпхъуэжащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

Читать также: