УсакIуэр зыщIэхъуэпсахэрСабийхэм я библиотекэм, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ «ПащIэ Бэчмырзэ и тхыгъэхэм дыкъоджэ» зэIущIэ гъэщIэгъуэныр. Хабзэ хъуауэ, мы IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм гъэ къэс усакIуэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу абы теухуа еджэныгъэхэр, зэпеуэхэр, пшыхьхэр къызэрагъэпэщ. УсакIуэр дунейм зэрехыжрэ мы гъэм илъэс 90 ирокъу. Зэхыхьэр щекIуэкI пэшым щагъэуват «Человек, сказитель, литератор» тхылъ дапхъэр. Абы хагъэхьащ ПащIэ Бэчмырзэ и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр, курыт еджапIэхэм щеджэхэм яхуэгъэза и тхыгъэхэр зэрыхуахэр, и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, и тхыгъэ щхьэхуэхэм теухуауэ щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэхэмрэ (КIурашын БетIал, БакIуу Хъанджэрий, Нало Заур сымэ) ятхахэр, усакIуэм трахауэ щыта сурэтхэр. ЗэIущIэм ирагъэблэгъащ композитор, усакIуэ цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, Налшык къалэм и гимназие №29-м и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. ДжэбрэIил ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ адыгэ усыгъэмрэ литературэмрэ я лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, жылагъуэ лэжьакIуэуи ар тхыдэм къызэрыхэнам, и усэхэм, уэрэдхэм, хъуэхъухэм, гъыбзэхэм нобэр къыздэсым щIэупщIэшхуэ зэраIэм. Ар ныбжьыщIэхэм къахуеджащ и адэшхуэм итха «Гъыбзэ» усэм, езым и Iэдакъэ къыщIэкIахэми щигъэгъуэзащ. ПащIэ Бэчмырзэ Машэ и къуэр Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм (Къылышбийхьэблэ) 1854 гъэм къыщалъхуащ. Зи анэр пасэу дунейм ехыжа сабийхэм я гъащIэр тыншу щытакъым. Зеиншэу къэнахэм я нэхъыжьыр Бэчмырзэти, унагъуэ Iуэхухэри и пщэ къыдохуэ, балигъыпIэ имыувэуи мэкъумэш лэжьыгъэ хьэлъэм пэроувэ. Илъэсибгъу ныбжьым ит щIалэ цIыкIум Iэхъуэ къуэдзэу къыщIедзэри IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зрегъэгъуэт, и лэжьыгъэри куэдрэ ехъуэж. И сабиигъуэм щыщIэдзауэ гугъу ехьами, лэжьыгъэ игъэзэщIахэм я фIыгъэкIэ гъащIэр зищIысыр къыгурыIуащ, лъэпкъ IуэрыIуатэм куууэ зыщигъэгъуэзащ, и зэфIэкI, и гупсысэ, Iуэху еплъыкIэхэм зрагъэужьащ, и хьэл-щэнхэр япсыхьащ. ПащIэ Бэчмырзэ адыгэбзэр кууущэу ищIэу, ещхьыркъабзэу хьэрыпыбзэм хищIыкIыу, адыгэ тхыдэми нэгъуэщI лъэпкъхэм я тхыдэми щыгъуазэу щытащ. ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхум щIэблэр теувэныр абы и хъуэпсапIэт. А хъуэпсапIэр Бэчмырзэ къызэрехъулIар нобэ нэрылъагъущ. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъа усакIуэм къикIуэт имыщIэу пэжыр пхигъэкIыу, хуэныкъуэхэм къащхьэщыжу псэуащ, ар икIи IэпщIэлъапщIэу щытащ. Бэчмырзэ къыщIэна усэхэр, уэрэдхэр, псалъэжьхэр уахътыншэщ. Абы и гуащIэ хилъхьащ лIэщIыгъуэкIэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI уэрэдыжьхэр, IуэрыIуатэр хъумэным. Тхыбзэ щыщымыIа, пщыжь-уэркъыжьхэр щытепща а зэманым тынштэкъым ар зэбгъэхъулIэну. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым адыгэ лъэпкъыр Iисраф, шэджэладжэ щызэтрищIа зэман гугъурт ар. ПащIэ Бэчмырзэ хуэдэ джэгуакIуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэт, мышынэу, лIыгъэ, акъыл ябгъэдэлъу, пэжыр цIыхубэм я деж нахьэсыфу щытын хуейт. Абы и усэхэм гъащIэм и пэжыр къыщыгъэлъэгъуэжащ. Усэхэу, уэрэдхэу пщIы бжыгъэхэр, поэмэ зыбжанэ къыщIэнат, псори зэхэту сатыр мин 14 нэблагъэу, ауэ ахэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, Хэку зауэшхуэм и зэманым кIуэдащ. И тхыгъэхэр зэхуэхьэсауэ («Усэхэмрэ поэмэхэмрэ») япэу къыщыдэкIар 1942 гъэрщ. Къагъуэтыжа псори, вариантхэри щIыгъуу, зэрыт «Усыгъэхэр» тхылъыр 2003 гъэм дунейм къытехьащ. - Макъамэр усэм зэран хуэхъуркъым. ЗэрытщIэщи, псалъэри макъамэу зэхэлъщ, - жиIащ ХьэIупэм. - «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ», - жиIащ пасэрей псалъэжьым. ПащIэ Бэчмырзэ сыкъызэрытехъукIар арагъэнщ къалэмыр къасщтэу усэ тхылъ къыдэзгъэкIыным сытезыгъэгушхуар. Си усэхэм яхэтщ Бэчмырзэ тезухуаи. ПащIэ Бэчмырзэ щIыхь зыпылъ гъащIэ къикIуащ. Псэуху ар зыхуэлэжьар цIыхубэрщ, лъэпкъ литературэрщ, къызыхэкIам Iуэхутхьэбзэ яхуищIэнырщ. УсакIуэр езым зэхилъхьэжа алфавиткIэ тхэрт, есэпым, логикэм, астрономием, дин Iуэхум куууэ щыгъуазэу щытащ, и усыгъэр классикэ литературэм щыпашэ гъэпсыкIэхэм хуэхеякъым. ПащIэ Бэчмырзэ езыр-езыру, хамэ усэкIэм бзыпхъэ тримыхыу, лъэпкъ усыгъэм и зыужьыныгъэм иригъуазэу, япэ итахэм яхэлъа фIы псори къызэщIиубыдэурэ усэным и хабзэщIэ къезэгъырабгъу гуэрхэр хилъхьэжурэ, адыгэ усыгъэр тхыгъэ хабзэм и гъуэгум тригъэуващ. ГурыIуэгъуэщ жьабзэ творчествэмрэ тхыбзэ творчествэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр икIи ар икъукIэ хэлъхьэныгъэшхуэу хузэфIэкIащ усакIуэм. Бэчмырзэ и Iэужьхэр езым зэхигъэува хьэрфхэмкIэ тхауэ хъумащ, адрейхэр тхыгъэу ямыгъуэтыжа щхьэкIэ усакIуэм и ныбжьэгъухэм, и къуажэгъухэм, и бынунагъуэм щыщхэм е зэи ар зымылъэгъуахэм IуэрыIуэтэжу зэраIурылъым хуэдэу ятхыжащ. Япэрейхэр зы къупхъэм итщ, етIуанэхэм вариант зэтехуэ яхэтщ. Адыгэ тхыбзэ творчествэм зегъэужьыным, ар къэунэхуным цIыху щэджащэ куэд хуэлэжьащ, ауэ ПащIэм абыкIэ хузэфIэкIар къахощхьэхукI. Абы къыщIэнащ пасэрей джэгуакIуэхэм я уэрэд усыкIэ хабзэм тету зэхэлъхьа уэрэдхэр, зыхуэза Iуэхугъуэ гуэрым ехьэлIауэ кIуэрыкIуэм тету джэгуакIуэм зэхилъхьэу щыта усэхэр, псалъэ пэжхэр. Жылагъуэ IуэхукIэ ПащIэр Тыркум, Сирием, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыIащ. ИстамбылакIуэм и зэманти, адыгэр Хэкум иIэпхъукIырт. «Тыркур муслъымэн жылэщ, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа хэкущ, жэнэт унапIэщ» - жаIэрти. Бэчмырзэ и псэ мызагъэр апхуэдэ гузэвэгъуэм блэкIыфынт?! Зэрыкъэбэрдейуэ доунэхъу, жиIэри Тыркум плъакIуэ кIуащ ар. «Хым икIыжахэм» я натIэ хъуар абы игъэунэхури къигъэзэжащ икIи ар IэфIми дыджми къиIуэтэжащ: «Фыщалъхуа хэкум и щIыбагъкIэ насып фыщымылъыхъуэ». Уахътыншэу къыщIэкIынщ мы гупсысэр. НыбжьыщIэхэр Бэчмырзэ и усэхэмрэ псалъэ пэжхэмрэ гъэхуауэ къеджащ, усакIуэм и гъащIэ гъуэгуанэмрэ и тхыгъэхэмрэ фIыуэ зэрыщыгъуазэр ягъэнаIуэу. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм жаIащ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр я IуэхущIапIэм зэрихьэ къудей мыхъуу, Налшык къалэм и фIэщыгъэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар. Къалэ уэрамхэм ящыщ зым усакIуэм и цIэр зэрехьэ, ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм абы и фэеплъ щагъэуващ. Ар къыщалъхуа Нартан къуажэм щолажьэ абы и цIэр зезыхьэ музей.
Поделиться:
Читать также:
05.08.2026 - 16:23 →
Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ
03.08.2026 - 19:28 →
Уэрэд
30.07.2026 - 15:08 →
Тхьэпэлъытэ Iуащхьэмахуэ
30.07.2026 - 12:36 →
ЗЫ ТХЫБЗЭ ДИIЭНУ ДЫХУЕЙМЭ
29.07.2026 - 13:27 →
ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахырт
| ||




