ЛIыхъужьхэм я фэеплъ

Дзэлыкъуэ районым и курыт еджапIэхэм щекIуэкIащ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэеплъ зэIущIэхэр. Зи цIэр тхыдэм къыхэзына щIалэ хахуэхэм я щIыхьыр мыкIуэдыжын папщIэ фэеплъ пхъэбгъухэр къыхузэIуахащ. Дзэ Iуэху хэхар щекIуэкIым я къалэныр ягъэзащIэу хэкIуэда ди лъахэгъухэм я фэеплъхэр иджы районым и еджапIийм щыIэнущ. Ахэр я щапхъэщ хэкупсагъэм, лIыгъэм, гъэсэныгъэ екIум.

Псом япэ игъэщыпхъэщ Малкэ дэт етIуанэ курыт школым щекIуэкIа дауэдапщэр – абы щагъэлъэпIащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Ажий Исмэхьил и фэеплъыр. Тхьэмадэм и гъащIэмрэ и лIыгъэмрэ лIыхъужьыгъэм и пIалъэ зэпэщхьэхуэхэр зэпызыщIэ лъэмыжщ, 1940 гъэхэм дзэм хэта зауэлIхэм я хахуагъэм, Хэкур фIыуэ зэралъагъум и щапхъэр наIуэ зыщIщ.

ДызыхэпсэукI зэманми иIэжщ езым и лIыхъужьхэр. Абыхэм я фэеплъхэр дяпэкIэ къыдэкIуэтей щIэблэм гъуазэ яхуэхъунущ. Малкэ дэт езанэ курыт еджапIэм и щапхъэщ Дыгъужь Ислъам, Дзэлыкъуэкъуажэ и школ №1-р иропагэ Агуэ Руслан, Къущхьэ Ризуан сымэ, Къамылыкъуэ еджапIэм и гушхуапIэщ Хьэщхъуэжь Артур, Шыбзыхъуэ Анзор сымэ, Приреченскэ жылэм дэт школым щеджащ щIалэ хахуэ Герюков Расул, Белокаменскэ къуажэм и еджапIэр къиухат  Беслъэней Тимур, Каменномост дэт еджапIэ №3-м къыщызэIуахащ ·Шыбзыхъуэ Азэмэт и стенд, Сэрмакъ еджапIэ №1-м щыIэнущ Пыл Алим и фэеплъыр.

Дауэдапщэхэм хэтащ зауэм и ветеранхэр, СВО-м хэтхэр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» урысей фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэхэр. Псоми къыхагъэщащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэ хахуэхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжыным цIыхубэр зэрегугъур, апхуэдэ зэхыхьэхэм я жылагъуэ мыхьэнэмрэ тхыдэм и пэжыр хъумэнымрэ зэрыIуэхушхуэр.

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и курыт еджапIэхэм щыфIадза фэеплъ стендхэр цIэхэр зытет дапхъэ къудейкъым. Ар гъэсэныгъэм и щIэгъэкъуэн лъэщщ, хэкIуэда сэлэтхэм я фэеплъ лъапIэр къыдэкIуэтей щIэблэхэм яхуэхъумэным хуэгъэпсауэ.

Иджы а щIыпIэхэр мамырыгъэм и уасэмрэ Хэкум и къалэнымрэ я дамыгъэу щытынущ, школакIуэхэм хэкупсэ лъапIэныгъэхэр егъэщIэным, тхыдэмрэ абы и лIыхъужьхэмрэ пщIэ яхуэщIыным сэбэп хуэхъуу.

ШЫПШ Даянэ.
Поделиться: