Тхылъыр тыгъэ лъапIэщ! ТхылъкIэ зыгуэрым хуэупсэным и махуэр 2012 гъэм япэу ягъэлъэпIауэ щытащ. Апхуэдэ жэрдэмыр зигу къэкIар американ бзылъхугъэ, бынищым я анэ Бродмур Эми жыхуаIэрщ. Школ библиотекэм и лэжьакIуэти, абы игу къэкIащ сабий литературэр щызэхуэхьэса интернет сайт къызэIуихыну. И цIыхугъэхэм, интернетым и Iэмалхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэм, блогерхэм запищIэри, илъэс къэс мазаем и 14-м ТхылъкIэ зыгуэрым хуэупсэным и махуэу егъэкIуэкIыным теухуауэ и гупсысэхэр яжриIащ, Iуэхур ирагъэжьащ. 2023 гъэм Бродмур тхылъым теухуа и жэрдэмыр хуригъэкIуэтэкIыжащ сабийхэм я тхакIуэ Перри Эмми.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:51 →
Адэм и гущыщIэ
12.08.2026 - 16:36 →
УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
05.08.2026 - 16:23 →
Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ
03.08.2026 - 19:28 →
Уэрэд
| ||




