Лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэЛъэпкъ щэнхабзэмкIэ «ЩIэин» студент зэгухьэныгъэщIэ къыщызэIуахащ КъБКъУ-м ЩэнхабзэмкIэ и центрым, Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэм. Абы хэт щIалэгъуалэм зыкъыщагъэлъэгъуащ пшыхьым икIи дэтхэнэми и лъэпкъ щэнхабзэмрэ фащэмрэ утыку кърихьащ. ЗэгухьэныгъэщIэм и мурад нэхъыщхьэр зыхуэунэтIар студент щIалэгъуалэм лъэпкъ хабзэхэм фIыуэ хащIыкIынырщ, ар хэIущIыIу щIынырщ, щэнхабзэ щIэиныр хъумэнырщ. Пшыхьым республикэм ис лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэм ятеухуа упщIэхэм жэуап щратащ. Абы дэтхэнэми Iэмал къритащ и щIэныгъэр къипщытэну, щIэ куэд къащIэну. Клубыр къызэгъэпэщыныр Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым ирагъэхьэлIащ икIи ди щIыналъэм щыпсэухэм я хабзэхэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным хуэгъэпсащ.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 13:45 →
ЩIэрыкIуэр, шыпсыранэр, андэгурэр
02.11.2026 - 13:47 →
Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
23.10.2026 - 14:00 →
Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ
20.10.2026 - 17:45 →
ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ
| ||




