ЩIыуэпс теплъэ, щIыгу зэхэлъыкIэДи анэдэлъхубзэм (кIахэ, къэбэрдей диалектхэм) и беягъэр къэзыгъэлъагъуэщ щIыуэпсым и теплъэ зэмылIэужьыгъуэхэм епха псалъэхэмрэ щIым (щIыгум) и зэхэлъыкIэр зыгъэнаIуэ жыIэгъуэхэмрэ куэду дызэриIэр. Дауи, мыбдежым а псори къыщытхуэхьынкъым, ауэ гу нэхъ зылъыттахэм ящыщ зыбжанэм датепсэлъыхьынщ.
Аранэ - къуршхэм я папцIапIэ дыдэ, бгы лъагэм и щыгу.
Бгы - къэзыухъуреихь щIыпIэм хэIэтыкIа лъагапIэ. «Бгы лъагэ». «Бгым дэкIын».
Бгыжьэ - бгы дурэш зэв. «Бгыжьэм и лъабжьэр кIыхьу, куууэ щIэупщIыкIат». (Шортэн Аскэрбий)
БгыщIэ - бгы лъапэ.
БгъуэщI - бгы нэкIум и щIэдзапIэ Iыхьэу мэз, хъупIэ сытхэр нэхъ зыхуэзэр.
Бгыху – мывэсэхуу зэхэлъ бгы.
Бгыкъипхъ - лъалъэу, сэху зэтеупIэщIыкIыу зэхэлъ Iуащхьэ мылъагэ. «Бгыкъипхъым и лъапэм мывэкIэщхъыр щIэзт».
Бгыпэ — бгым и гъунэ, нэз. «ЩIалэм псынщIэу еунэтI бгыпэм тет унэ хужьышхуэмкIэ».
Бгыщхьэ, къырыщхьэ - Iуащхьэ щыгу, мывалъэ бгым и щхьэ.
Бгы IухьэпIэншэ - Iуащхьэ задэу дэкIыгъуей.
Гу - тIуащIэм, къуэладжэм, псыхъуэм, бгы екIуэкIым ику.
Губгъуэ - удз, къэкIыгъэ фIэкIа зэрымыт щIыпIэ («дэнэкIэ зыбгъазэми, гум зыщиубгъу» жыхуиIэщ).
Губгъуэшэкъракъ - зыри щымыпсэу, къэкIыгъэ щIагъуи къыщымыкI щIыгу нэщIышхуэ.
Бгыуанэ, гузэпыщIэ, зэпыщIэ - IуащхьитI зэхуакур зэпызыщIэ шытх екIуэкI, тхыцIэ хэшам и нэхъ лъахъшапIэ, уанэгум ирагъэщхь щIы Iыхьэм апхуэдэу йоджэ. «Игужь ипщэм къежэха шумрэ игужь ищхъэрэм къежэха мыщэмрэ гузэпыщIэм щызэIущIащ (IуэрыIуатэ). Къыхэгъэщыпхъэщ, «щхьэдэхыпIэ» (перевал) мыхьэнэ зиIэу осетиныбзэм къыщыунэхуа «эфцэ-г» фIэщыгъэр адыгэбзэм хэт «пщэ» псалъэм къытехъукIауэ жызыIэхэри лъахэхутэхэм зэрахэтыр, «п»-р «ф»-м, «щ»-р «с/ц»-м хуэкIуэу, псалъэщIэ къэзыгъэхъу «г»-м щызэрипхыжауэ.
Гъуэдыдж - гъуэ, бгъэнщIагъ куу. «Чей лъабжьэм и щIэм зы гъуэдыдж гуэр иIэт, унэмыплъысу» (IуэрыIуатэ). «Ар зы махуэ гуэр зекIуэ къикIыжу къуршымкIэ къыщыщхьэдэхыжым, зы гъуэдыдж гуэр IущIащ». (Адыгэ IуэрыIуатэ).
Гъуэжлау - гъуащхьэ куэд зиIэ щIыпIэ. «Iуащхьэ лъапэм ущымыжей, гъуэжлау Iуфэхэм убгъэдэмыхьэ». («Iуащхьэмахуэ» журнал).
Гъуэфылъэ - Уэх. Псыжь, Инжыдж псыхъуэхэм дэс адыгэхэм я деж щызекIуэ псалъэщ. «Шыхъуэм шы гуартэр IуащхьэжьитIым яблихури гъуэфылъэм ириутIыпщхьащ» (IуэрыIуатэ).
ДамэщI - мыри къэбэрдей хьэжрэтхэмрэ беслъэнейхэмрэ я деж щызекIуэ псалъэщ / бгы, лъагапIэхэм яIэу узрихьэлIэ дапхъэ, занщIапIэ. «Мэкъу дыгъэл Iэтэшхуэхэр джабэ дамэщI цIыкIухэм къоувэ».
ДэкIыней - узыдэкIыну гугъу. «Адрей бжьэпэхэр задэщ, дэкIынейщи, уи щхьэр ерагъыу пхудэх къудейщ». («Iуащхьэмахуэ» журнал).
Джабэ - Iуащхьэбгъу, бгым и нэкIу.
Жьанэ – къуршылъэ тIуащIэм, къуэладжэм я джабэ нэкIухэр я лъабжьэхэмкIи щызэхуэкIуэжу я нэхъ зэвыпIэ дыдэ. «Дэ ды къущхьэт, къущхьэ жьанэм дыщалъхуат, Дэ дыкъэзылъхугъэри дыщэкI унагъуэти, ар мэунэ» (IуэрыIуатэ).
Жьыхъарз – жьы кIэрахъуэ.
Жьэгъу - бгым, Iуащхьэм и лъабжьэ.
ЗадапIэ – лъэсу дэкIынкIи дзыхьщIыгъуэджэ.
ЗэхэхуапIэ – псыежэххэр щызэхуэзэ.
Къуапэ (къуагъ) - щIыпIэ гуэрым адэкIэ щыIэ.
КъуакIэбгыкIэ – тафэу щымыт, къуэ, бгы куэду здэщыIэ щIыпIэ.
Къуащхьэ (къуэшыхь) – куууэ дэкI къуэм и кIэух, и лъэныкъуищымкIи джабэ къыIуту, къуэкIий дэкIыр ищхьэхэмкIэ щиух щIыпIэ.
Къуэ - куууэ псым диха щIыналъэ, уэх.
КъуэтIыхь – быдапIэм и хъуреягъкIэ Iуащхьэ лъагэу зэтетхъуауэ къекIуэкI шытх, быдапIэр къызэратIыхь къуэ.
КъуэтIыгъэ - (жьы хъуа псалъэщ) – зыгуэрым и кIыхьагъкIэ ирикIуэу датIыкIа щIытI.
Къуае – къуэ дыхьэгъуей.
Къуэдэгу – къуэ куу, къуэ Iэуэлъауэншэ.
Къуэдыдж – къуэ зэв куу, щыхупIэ куу.
КъуэкIий (кIахэ - къуэкIей) - къуэ дэха, дэуда.
КъуэкIий нэф (къуэнэф) – псым диха къуэладжэ зэв, даущыншэ.
КъуакIэ – Iузэу, чэнжу дэха уэх, къуэ.
Къущхьэ (кIахэ-къушъхьэ)- бгы.
Ккъурш дзакIэ (к1ахэ-къушъхьэцакI) - бгым и дзакIэу щыхупIэм екIуалIэр.
Къущхьэ щыгу, къурш щыгу (кIахэ-къушъхьэшыгу) - бгым и щхьэкIэ дыдэ, и нэхъ лъагапIэ.
КъущхьэзэIухуэпхъ – къуэладжитI ищхьэхэмкIэ щызэхыхьэжым иIэ лъагапIэ.
Къурш - мывэ скъару зэхэт бгы лъагэ зэдекIуэкI.
Къурш тхыцIэ, къырыдзэ - бгыхэр, Iуащхьэхэр зэпызыщIэ шытхыщхьэ (гузэпыщIэ).
Къурш пхыдза - жыжьэу къэлъагъуэ бгы закъуэ.
Мывэбг, къыр (кIахэ-мыжъобг) - мывэу зэхэт Iуащхьэ.
Мывэхъунэ - мывэ сэрей.
Мывэ бгышхуэ (кIахэ-мыжъобгышху) - мывэ скъару зэхэт Iуащхьэшхуэ.
НэкIу - Iуащхьэм и къехыпIэ.
Нэпкъ - бгым и щыхупIэ.
Нэгъуазэ – къамыпщу, нэкIэ хуагъэфащэ жыжагъ, инагъ.
Нэхутхьэху (нэхущыгъуэ) – дыгъэр къыкъуэмыкI щIыкIэ щIэплъыпIэмкIэ нэхур къыщызыпхивырщ.
Къандзэгу, пыртыкъ, хъанцэгу, хъандзэгу - щIы щхьэфэм къыдэшеяуэ иIэ Iуащхьэ цIыкIу (хъумпIэцIэджылъэ). «Къандзэгу пэтрэ гу егъэуфэрэкI» (Псалъэжь).
Лъапэ (лъэгу) - Iуащхьэм, джабэм и лъабжьэ дыдэ.
Лъапэрыт – къуршыпсым и ныджэм, псыхъуэм, тIуащIэм я лъабжьэкIэ щыIэ я Iыхьэ.
Шыгу, пшъаIу (шапс.), щыгу – бгым и щхьэкIэ, джабащхьэ.
Шытх - бгыщхьэ екIуэкI.
Щхьэ – бгыщхьэ, Iуащхьэм и нэхъ лъагапIэ. «Шу гупыр сэнтхым нызэрыдох». Пэнтх, сэнтх, сэтх - тхыц1ащхьэ, бгыщхьэ тафэ, джабащхьэ, бжьэпэ. "Шыгу гупыр сэнтхым нызэрыдох"
ТкIуанэ – ткIуэпс.
Тхы - бгыщхьэ лъагэ зэдекIуэкI.
Тхып - тхыцIэ щыхупIэ, IуащхьитI зэхуакум и нэхъ лъагапIэ.
Iуащхьэ (кIахэ-Iуашъхь) - егъэзыхыгъуэ мащIэ зиIэ бгы хэIэтыкIа.
Iуащхьэ цIыкIу (кIахэ-Iошъхьажъый) - джабэ егъэзыхыпIэ бгы цIыкIу.
Iуащхьэдэс (жьы) - бгырыс.
ПшэкIэху – нэхущыгъуэм, пшэхэр дыгъэпсым ириIэу, къыщызэщIэнэкIэ апхуэдэуи йоджэ. «ПшэкIэху къыщищIым».
ПшэкIэплъ – нэхущым щIэплъыпIэр щыплъыжьым.
Пшэхулъэ – «нэхутхьэху» псалъэм и гъунэгъущ.
Пшэншэ – уафэр пшэншэт.
ПшэщIэу – Iэрамэ-Iэрамэу зэхэува пшэ Iувхэм апхуэдэу йоджэ.
ПшэIэрамэ – пшэ нэхъ цIырхъхэр гуэрэн-гуэрэну щызэхэткIэ ар хужаIэ.
Псыгуэж – псым къыхэжу, зыкъомрэ ежэха иужь, аргуэру хэлъэдэж.
ПсыжапIэ – и ныджэм щыщу псыр здрижэм апхуэдэу йоджэ.
ПсыкъыхэжыпIэ – нэхъ цIыкIур псыежэх нэхъ иным къыщыхэж щIыпIэ.
Псынащхьэ – псыр щIым е къырылъэ дзакIэхэм къыщызыпхив щIыпIэ.
ПсыкIэ – псыежэхым и ныджэм и лъабжьэкIэ щыIэ и Iыхьэ.
ПсыкIантIэ - псыхьэлыгъуэ.
ПсыфIэIухэр – нарзаныпсхэм апхуэдэуи йоджэ.
Псыхэлъадэ – псыежэхым и къуэпс къыхэхуэж.
ПсыхэхуапIэ – псыр езым нэхърэ нэхъ иным щыхэлэдэж щIыпIэ.
Псыхъуэгуащэ - псыр зи псэупIэ пщащэ е ныбжь зиIэ бзылъхугъэ (шыпсэ).
Псыхьэлъахуэ – псым кърихьэжьа икIи кърихьэха пхъэхэм аращ зэреджэр.
Пхафэ – гъавэр зытрахыжа губгъуэ.
Хэку мыхьэ – хэку щхьэхуит.
Хыщхъуэ – ЩIы Курытых (Средиземное море).
ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться:
Читать также:
05.08.2026 - 16:23 →
Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ
03.08.2026 - 19:28 →
Уэрэд
30.07.2026 - 15:08 →
Тхьэпэлъытэ Iуащхьэмахуэ
30.07.2026 - 12:36 →
ЗЫ ТХЫБЗЭ ДИIЭНУ ДЫХУЕЙМЭ
29.07.2026 - 13:27 →
ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахырт
| ||




