Хэку лъагъуныгъэкIэ гъэнщIат и усэхэр

Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым тетщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща усакIуэ гъуэзэджэ Къэшэж Иннэ и сурэтрэ усэрэ зытеплъагъуэ скульптурэ. Хабзэ зэрыхъуауэ, мазаем и 12-м, Иннэ къыщалъхуа махуэм, абдеж щызэхуос Къэшэжым и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр. ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм, Налшык къалэ администрацэр и дэIэпыкъуэгъуу.

КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье Къэшэж Иннэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуахэр зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ. Абы и псалъэм къыхигъэщащ Къэшэж Иннэ цIыхубэм зэращымыгъупщэр, и усэхэм балигъхэми ныбжьыщIэхэми я деж щIэупщIэ зэраIэр, абы и щIэинхэр курыт еджапIэхэм зэрыщаджыр.

Къэшэж Иннэ и усэхэм къеджащ Налшык къалэм и сабий гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ я гъэсэнхэр, усакIуэм и усэхэм дахьэх балигъхэр.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщIым и къуэдзэ, радиожурналист, зэдзэкIакIуэ Мэремкъул Ларисэ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIэлип, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Бейтуганов Исмэхьил, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Къэшэж Иннэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр тезыухуа Алъхъэс Светланэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къарэ Ратмир, нэгъуэщIхэри.

УсакIуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь, зэхыхьэм хэта ныбжьыщIэхэм иратащ Иннэ теухуауэ ящIа бгъэхэIухэр.

Иннэ 1944 гъэм Москва къыщалъхуащ. УсакIуэр Москва щыпсэуами, Къэбэрдей-Балъкъэрым гукIи псэкIи пыщIауэ, и лъэпкъэгъухэр фIыуэ илъагъуу щытащ. Абы и щыхьэтщ Къэшэжым усэ куэд зэриIэр ди щIыналъэмрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ теухуауэ. 1972 гъэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературнэ институтыр Москва къыщиухащ Иннэ. УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм 1967 гъэм хыхьащ. Къэшэжым  и Iэдакъэм къыщIэкIам щыщ усэ 300-м щIигъу уэрэд цIэрыIуэ хъуащ. Республикэм щыпсэухэм фIыуэ ялъэгъуа «Возьми меня в Балкарию!» уэрэдыр зымыщIэ къэгъуэтыгъуейщ. Композитор Къашыргъэ Билалщ а усэм макъамэ щIэзылъхьар. И уэрэдхэр жаIэу щрагъэжьам, Иннэ и ныбжьыр илъэс 22-рэ къудейт зэрыхъур.

Иннэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Вольный Аул», «Кавказ надо мною», «Незаходящее солнце», «Белый тур», «На розовом коне» нэгъуэщI и усэ тхылъхэр куэдым ягу дыхьащ, ноби щIэупщIэшхуэ яIэщ.

УсакIуэр 2000 гъэм дунейм ехыжащ. СССР-м и республикэ псоми, хамэ къэралхэми къыщацIыхурт ди усакIуэ хьэлэмэтыр. Къэшэж Иннэ урыс литературэм къыхэмынэнкIэ Iэмал иIэкъым абы хуилэжьамкIэ. Игури и псэри етауэ илъэс пщIы бжыгъэкIэ Къэшэжым итха усэхэр, балладэхэр, поэмэхэр, уэрэдхэр поэзие нэсым и щапхъэщ.

Ди лъэпкъыр кIэншэу зэрыгушхуэнщ, зэрыпагэнщ абы и тхыгъэхэр. Иннэ дунейм тетыху нэхъыбэу псэкIэ зыхуэусар, и макъ жьгъыру дахэр хэIэтыкIауэ зыхуигъэIуар ди лъахэрщ, и адэ хэкужьырщ – Къэбэрдей- Балъкъэрырщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: