Къыпхуэмыгъуам и хьэлъагъырЦIыхуфIхэм ятеухуа хъыбархэр сыт хуэдэ зэманми щхьэпэщ. Ахэрщ гум къэкI фIым укIэлъыкIуэну утезыгъэгушхуэр. Уи фIэщу узыхущIегъуэжа щыуагъэр зэрыбгъэзэкIуэжын Iэмал къозытри ахэрщ. Зэгуэрым Динар и къуэ Малик щIэныгъэлIышхуэм и гъунэгъум и псэр зэрыхэкIыр къыжраIати, абы и деж екIуэкIащ. И псэм еджэу телъ лIым бэлыхьышхуэ зэригъэвыр и нэкIум къищырт. - Сыт ухуэдэ? - щабэу еупщIащ абы Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Динар. - IуащхьэшхуитI, тIури мафIэм къыхэщIыкIауэ, си пащхьэ кърагъэуващ, тIуми сыдэкIуеин хуейуэ сыхагъэзыхь, - къритащ гъунэгъум жэуап. Динар сымаджэм къыщхьэщыкIри, унагъуэм еупщIащ: «Мыбы къыщыщIым щхьэусыгъуэ имыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сыт хуэдэ хьэл абы дэфлъэгъуахэр?» - Ар бэзэрым тетти, тэрэзитI иIэу щытащ, зымкIэ езым къищэхухэр къишэчырт, адреймкIэ цIыхухэм ярищэр къишэчырт, - жаIащ. Динар тэрэзитIри къригъэхьщ, зыр адрейм ириудэкIри, икъутащ, бэлыхь телъыр щигъэпсынщIэн папщIэ. - Иджы дауэ ущыт? - еупщIащ ар сымаджэм. - Иджы си Iуэхур нэхъеижитIщ, - къритащ модрейм ерагъыу жэуап, хьисэпым зэрыщIидзэм и щыхьэту. Мы хъыбар щхьэпэм и гъусэу дигу къэдгъэкIыж хъунущ дунейм ехыжахэм папщIэ духьэ лъапIэхэм яз: Алыхьу си Тхьэ! Уэ узэры-Закъуэм, уи ЛIыкIуэ Мухьэммэду щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къихьар зэрыпэжым щыхьэт техъуахэм, ислъам диным тету дунейм ехыжа муслъымэн псоми, хъулъхугъэхэми бзылъхугъэхэми, я гуэныхьхэр къахуэгъэгъу. Алыхьу си Тхьэ! ЩIы ахэр я щыуагъэхэм япэIэщIэ, къухьэпIэр къуэкIыпIэм зэрыпэIэщIэм хуэдэу, Мункэррэ Нэкиррэ я упщIэхэм жэуап иратыфын хуэдэуи закъыщIэгъакъуэ, Хьэрш лъапIэм и тепщэ! Алыхьу си Тхьэ! ФIыуэ ялъагъуу яфIэкIуэдахэм я пIэкIэ Уэ яхуэхъу абыхэм я псэм и щIасэ, зи нэIэ къатетын дэIэпыкъуэгъу, хъумакIуэ; фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъу абыхэм яхуэлъаIуэхэм я духьэхэр зэхэх, жэуап къет. Уи гущIэгъум и зэфIэкIкIэ ялъыгъэс абыхэм ехъулIэгъуэрэ насыпрэ. Я Алыхь! Къих ахэр мащэ зэвми, унэ хуитхэмрэ сэрейхэмрэ хьы, щидр банэншэхэм, пхъэщхьэмыщхьэм кърашэх Iэпэзэкъуэтейхэм, ныбжь укъуэдияхэм, псы ежэххэм япэгъунэгъу щIы. Алыхьу си Тхьэ! ЯхуэщI абыхэм я нэгухэр дахащэ, я Тхьэм Iуплъэным хуэпIащIэ. Алыхьу си Тхьэ! Къахуэгъэгъу абыхэм, яхудэчых, ящхьэщых! ЯхуэщI я екIуэлIапIэр махуэ, я щIыхьэпIэр хуит, я псэхэр псырэ уэс щIыIэмылкIэ яхуэгъэкъэбзэж, щыгъын хужьым бжьыгъэр зэрибгъэкIыжым хуэдэуи, я щыуагъэхэмрэ я гуэныхьхэмрэ якIэрыхыж. Я Алыхь, яхуэхъуэж абыхэм я унэр нэхъ унэфIкIэ, я Iыхьлыр нэхъ IыхьлыфIкIэ, я кхъэлъахэри нэр здынэплъысым хуэдизкIэ яхуэузэщI. ЯхуэщI я мащэр жэнэт хадэхэм яз, жыхьэнмэ мащэхэм яз, ди Тхьэ, яхуумыщI, я Iыхьлыхэм тэмакъкIыхьагъ къети я гуауэр IэтыгъуафIэ ящыщI; Алыхьу си Тхьэ! КъахуэщIыж абыхэм дунейм щашэчам къыпэкIуэн тыгъэ, къащыщIа псори нэхъыфIкIэ яхуэхъуэж; Я Алыхь! ФIым хуэерыщу щытахэмэ, тхухэгъахъуэ абыхэми дэри ди фIым;.Iейм хуэерыщу щытамэ, абыхэми дэри Iейуэ т’IэщIэщIар къытхуэгъэгъу. Я Алыхь, я тхылъыр я Iэ ижьым къыIэщегъэлъхьэж, я IуэхущIафэхэр хьисэп тыншкIэ къегъэпщытэж. ЯхуэщI ятелъ щIыр щабэ, жэуапым я нэхъыфIыр къаIурылъхьэ, я мащэр нэхурэ хуит, я хэщIапIэр махуэ яхуэщIи, жэнэтыр псэупIэрэ екIуэлIэжыпIэу къалъыгъэс. Я Алыхь, игъапсэ абыхэм я мащэм нэхурэ нуррэ, хуитыныгъэрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщI, езыхэри шэхьид хъуарэ насыпыфIэу кхъэм щIэлъынухэм ящыщ щIы, дэри абыхэм дащыIубгъэщIэжкIэ гущIэгъу къытхуэщI. Уи гущIэгъум и хьэтыркIэ, уа дунейхэм я Тхьэ! Алыхьым и сэламыр къылъыус ди тепщэу Мухьэммэд, абы и Iыхьлымрэ и щэхьабэхэмрэ псоми.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 12:26 →
Тхыдэм и хъумакIуэ
10.03.2026 - 16:06 →
ЛэжьакIуэшхуэт Вэрокъуэ Владимир
06.03.2026 - 16:06 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъхэр ягъэбыдэ
02.03.2026 - 13:09 →
Я сюжетхэр зэмылIэужьыгъуэщ
28.02.2026 - 12:00 →
И щIэинхэр хуэсакъыу яхъумэ
| ||




