Анэдэлъхубзэм ирогушхуэ

 

Адыгэбзэр фIыуэ елъагъу, лъэпкъ тхыдэм дехьэх Умар Анзор. Тэрч щIыналъэм, Курп Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ, и IэщIагъэкIэ юристщ. Мы зэманым Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэщ. ЩIалэм адыгэбзэкIэ усэхэр етх Хэкум, анэм, къуажэ гъащIэм, лъэпкъым теухуауэ.

Умар Анзор и усэхэм къуажэ гъащIэм ижь ящIэтщ, ар усыгъэм пхырыша гурыфIыгъуэхэм ящыщщ. Псом хуэмыдэу, сабиигъуэр къуажэм зэрыщекIуэкIым теухуа гупсысэ гуапэхэр къызэрыщыхьар нэIурытщ – мы сатырхэр къуажэм къыщыхъуа дэтхэнэми пэгъунэгъущ. ЩIэщыгъуэурэ гъэпсащ усэхэр. «Сюжет» жыхуэтIэр зиIэ усэхэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм гуапэу укъагъэуIэбжь, щIагъыбзэ гъэщIэгъуэн ящIэлъщ. Абы и щапхъэщ «Удзышэ» усэр. Мыбы хэт щIалэ цIыкIур йохъуапсэ и адэшхуэм удзышэ здишэну, пщэдджыжьым къэушу шыгум зэритIысхьэнур, и адэшхуэм зэрыдэIэпыкъунур, и нэхъыжьым зригъэдэIуэну хъыбархэр и гурыфIыгъуэу мэгъуэлъыжри, IэфIу Iурех. ЩIэджыкIакIуэхэри дыпоплъэ адэкIэ къакIуэ сатырхэм ар губгъуэм иту, адэшхуэм щIыгъуу, чэнджэщ гуэрхэр къриту, лэжьыгъэм хуигъасэу щытлъагъуну. Пэжщ, долъагъу икIи. Ауэ а псори щIалэ цIыкIум и пщIыхьу къыщIокI:

СтекIуэтащ шхыIэныр,

ГуплIэм сыкъыщепкIэм,

Сухри губгъуэ кIуэныр,

Сыкъызэщыуащ, - щыжеIэ адэкIэ.

 Анэм и хуабагъэ, и щабагъэ, и гумащIагъэ къыхощ Умарым и сатырхэм. Абы теухуауэ усэ зыбжанэ иIэщ. Ахэр зытхым «анэ» псалъэм и купщIэр гукIи, псэкIи, пкъыкIи зэрызыхищIэр къыхощ усэхэм. Зы едзыгъуэ закъуэ щапхъэу къэтхьынти:

Гъэз ухуейм мы дунейр, уэри щIыри,

ЩыIэ псор къэзыгъэщIым и хабзэт

Псэ зыIуту мы щIым къытехьам

уакъыхихыу,

Жэнэт лъапIэр уи лъэгум

щихьам.

УсакIуэм и сатырхэм къыхощ езым и хьэл-щэн нэхъыфIхэм ящыщхэр. Адэжь щIыналъэр, къызыхэкIа лъэпкъыр, и анэдэлъхубзэр фIыуэ зэрилъагъур къыдгурыIуэ къудей мыхъуу зыхыдощIэ, и усэ сатырхэм дыкъоджэри. АтIэ аращ усэм и къалэн нэхъыщхьэри - щIэджыкIакIуэм зыхэщIэ етынырщ, и псэм лъэIэсынырщ. Абы теухуа сатырхэм хэтлъагъуэращи, усакIуэм и гум техуэркъым и адыгэбзэ дахэм лей къытехьэу, ар зэрамыпэсу къуэгъэнапIэ ящIу. Бзэм зыхуигъазэ хуэдэщ, гушхуауэ:

КъытекI бжэщхьэIум, убыдыж уи жьантIэр,

Уэ жьантIэдэсу ущытынырщ пэжыр.

ЩреIу уи макъыр уэ адыгэ пщIантIэм,

Уи куэщIым щIэблэ дахэ щыгуфIэжу.

 

Адыгэбзэм и къарумрэ усыгъэм и Iэмалымрэ зэрызэригъэкIум и щапхъэу, Умар Анзор и усэ зыбжанэ къытыдодзэ.

 

 

Удзышэ

 

КъызжиIащ удзышэ сыздишэну дадэ,

ЕтIысэх симыIэу зызгъэхьэзыращ.

ХуэсIуэтащ гуфIэгъуэр нанэу псэм хуэзгъадэм,

«Сыхомыгъэжае», жысIэу селъэIуащ.

 

Шыри зэщIэсщIащ, губгъуэми дыкIуащ.

И шэмэджыр дадэ сэ худэслъэжащ.

Удзыр дызэгъусэу шыгум из къэтщIащ,

Хъыбарыжьыр куэду дадэ жиIэжащ.

Унэм дыкъэсыжри, си анэр къыдэкIащ,

Ари сэркIэ пагэу, гуфIэу къысIупльащ…

 

СтекIуэтащ шхыIэныр,

ГуплIэм сыкъыщепкIэм,

Сухри губгъуэ кIуэныр,

Сыкъызэщыуащ.

Унэм сыкъыщIэплъри - дадэ къэсыжат,

Сыщыгъупщэжауэ, шыр щIитIыкIыжат.

 

 Анэ

 

Япэ сабийуэ уамыгъэфIа,

ЩIалэ нэхъыщIэу къыпщымысхьа,

Уэ уи гудзакъэмрэ гумызэгъагъэмрэ

Гущэм ухэлъу къыбдалъэгъуат!?

 

Пасэу зи анэр зыфIэкIуэдауэ,

Гугъуехьым хэту къэхъуа бзылъхугъэм

ДэIэпыкъуэгъуу нэхъ укъищта!?

Уи гумащIагъэр ебгъэлъэгъуа?!

 

Уэ уи Iуэху щIэкIэм, уи зэхэщIыкIым

И псэм тыншыгъуэ ирагъэгъуэту,

Уи Iэрыхуагъэми щыгуфIыкIыу,

И махуэ хьэлъэхэм убгъурыта!?

 

Уи сабиигъуэм къыздипха хьэлу,

Iуэхум псом япэу нэсыр уэра?

Хьэмэрэ хьэл-щэну уи лъым ар хэту

ЖыпIэрэ уигукIэ: «Хэт, сэрмырамэ?».

 

* * *

Уи жагъуэ зыщIыфар хэт, си бзэ дахэ?

Хэт къыпхуэмейуэ уэ къыбжезыIар?

Уэ ущыхьэщIэкъым, ущыхэгъэрейщ мы лъахэм,

Си адыгэбзэ, уи псэм хэт къеIар?

 

КъытекI бжэщхьэIум, убыдыж уи жьантIэр,

Уэ жьантIэдэсу ущытынырщ пэжыр.

ЩреIу уи макъыр уэ адыгэ пщIантIэм,

Уи куэщIым щIэблэ дахэ щыгуфIэжу.

 

Сыхуейщ сэ, си бзэ, уэ узигъусэну,

Си гуауи си гуфIэгъуи пхуэсIуэтэну.

Уи псалъэ пэжхэм сэ сригъуэзэну,

Къызэпт гуфIэгъуэм лъагэу сиIэтыну.

 

Уэ упсэунщ, зылI закъуэм уIурылъмэ,

Зы адыгэлI нэхъ мыхъуми урипщIыхьмэ!

Анэдэлъхубзэр, сфIощI усхуэхъуу дамэ,

Лъэпкъ щIэблэри зы жыгым и къудамэу!

 

Си адыгэбзэ, щIыб къыпхуэзыгъазэм

Сыхуэзэми есхынкъым уи фIэхъус.

Къэхъунщ зэман, уи IэфIым зыдагъазэу

Щагъэзэжын уи япэ макъым нэс.

 

Сэ си бзэ, адыгэбзэ, уэ угуащIэщ,

Сыхуейщ узыхащIэну си лъэпкъ псом.

Уэ, си бзэ дахэ, лъэпкъкIэ угумащIэщ,

ИрегумащIэ уэркIи лъэпкъ бгъэпсэур!

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: