Уафэр щымыджэмыпцIэу

* * *

Тхьэхэм я хъуэхъум и гур хегъахъуэри, Мардыкъуэ мэхъуапсэ телъыджэ гуэр къигъэщIыну. Ар Уэтхьэ деж макIуэри, игу илъыр хуеIуатэ:

- Къупщхьэ къатщтэрэ, ди адэ, лъыкIэ зэщIэтшхэмэ, теплъэкIэ тхуэдэу, тхьэ налъэ яхэлъу, псэ яIуту, ЩIылъэм щызэхэзекIуэрэ щыбагъуэу псэущхьэ тхуэщIынут. ЦIыхукIэ деджэу, тхьэхэм хуэдэу гъащIэщIэ къагъэщIу, лъхуэуэ, фIыщIэ къытхуащIу, ди цIэмрэ щIыхьымрэ яIэту щыIэну сыхуейщ. Ешащ тхьэхэр, плъагъуркъэ, я нэгу куэд щIэкIащ. Зрагъэпсэху, къалэжьащ! Тхьэхэм щыуагъэ гуэр тIэщIэкIами, цIыхухэр ирехъу дэ нэхърэ нэхъыфI. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу гъащIэ гъуэгум тетыну къэзгъэщIынщ ахэр зэхъузэбзу.

Уэтхьэ мэгупсысэ, тэлайкIэ хоплъэри, жеIэ:

- Дэ тщыщу зыгуэрым и псэр итынщи, тхьэ налъэу цIыхухэм хыупщэнур абы пкърыпхынщ. Зэхэтшэнщ псори, дычэнджэщэнщ.

Уэтхьэ и псалъэм тету, тхьэхэр зэхашэ, мэхасэ. Абы къыщапсэлъым Мардыкъуэр гупсэхуу щIодэIу.

- Нэхъапэм жыфIахэм фытемыкIамэ, фыкъысхуэпэжу фыкъызбгъурытмэ, Тианэ мы зауэм тезыгъэгушхуар, зыгъэгубжьар си пащхьэ къифшэ, хуэфащэ унафэ хуэсщIынущи! – жеIэ тхьэшхуэм хасэкIэм.

Ануукъуэхэмрэ* инджыджхэмрэ* къопсалъэри, Уафэмрэ ЩIылъэмрэ къэзыгъэщIауэ, я тхьэшхуэу Мардыкъуэм къыжраIэ:

- КIагъуэщ Тианэ зыгъэщхьэрыуар, зауэ иублэну тезыгъэгушхуар.

Къуаншэр арыххэу Мардыкъуэм къыхуашэри, и лъыр ягъажэ. КIагъуэ къыщIэжа лъыр Уэтхьэ зэхуехьэс, къупщхьэм ирешхэкIри, цIыху лъэпкъыр къегъэщI. Абдеж щыщIэдзауэ ГъащIэ къэгъэщIынымрэ ЩIылъэ зехьэнымрэ ЦIыхум и пщэ далъхьэри, тхьэхэм тыншыжыгъуэр къахуокIуэж. Нэхъапэм зы тхьэ и къэухь зыхуэмыкIуауэ Мардыкъуэ и гукъэкIыр и адэ тхьэшхуэу Уэтхьэ и IэкIэ нахуапIэ мэхъу!

Дунейм тхьэуэ тетыр Мардыкъуэм гупитIу егуэш: зыр Уэгурысу адрейр ЩIыгурысу. Уэгум тхьэ щищыр егъакIуэ хъумакIуэу, апхуэдиз дыдэ ЩIылъэм къренэ. Къалэн убзыхуахэр щхьэж и пщэрылъщи, Мардыкъуэ тхьэшхуэм щхьэщэ ныхуащI:

- Нобэ щыщIэдзауэ удипщышхуэщ, удитхьэщ. Уи щIыхь иритIэту тхьэунэ пхуэтщIынщ, хуэфащи фIэтщынщ. Зэгуэр дызэхэпшэн хуей хъумэ, абы дыщызэхуэзэжынщ.

Мардыкъуэ ар щызэхихкIэ мэгуфIэ, мэгушхуэ, и нэгур къонэху.

- Тхьэунэ зэтефлъхьэ, гупыж фэ щыфщIакIэ! ЯтIэ гъэжьакIэ ар хэфIэтыкI! – жеIэ Мардыкъуэми, ануукъуэхэр арыххэу лэжьыгъэм йоувалIэ.

Тхьэунэ зэращIыну ятIэр илъэс псокIэ ягъэжащ тхьэхэм. ЕтIанэгъэм Мардыкъуэ и хэщIапIэ тхьэунэ уардэу Азыгъэлыр яухуэ. Апсу тхьэунэм щIыгурыт* хуащIыж. Ану, Инжьыжь, Уэтхьэ сымэ уардэунэ зырыз хуаухуэж.

Мардыкъуэ Азыгъэл щIэсу къоплъыхри, Уэгумрэ ЩIылъэмрэ я зэхуаку дэлъыр къеплъыхь…

Уэгурысу тхьэ щищ, щIыгурысу тхьэ щищ зэхешэ Мардыкъуэ. И псэупIэщIэу Азыгъэл уардэм ирегъэблагъэ, и адэм, адэжьхэм, анэжьхэм я щIыхькIэ тхьэлъэIу зэхешэ.

- БабылейкIэ дызэджэ къалэшхуэр ЩIым ис тхьэ лъапIэхэм фи егъэзыпIэщ! Ар фи псэупIэщи, гъащIэр ефщIэкI. Фыщышхэ, фыщытхъэ, фыгуфIэ, фыгушхуэ! – яжреIэ.

Ануукъуэхэр йотIысэкI, фадэ пIащIэр яIэт, хъуэхъушхуэхэр жаIэ.

ТхьэлъэIур зэфIокIри, унафэшхуэхэр ящI: уэгурысхэмрэ щIыгурысхэмрэ щхьэж и къалэнхэр яубзыху, НатIэрытыр* ятх.

«Тхьэшхуэр» я щIыхьу, унафэщI тхущIыр къыхах, НатIэрытхыр зезыхьэну тхьэшхуиблым я цIэр къраIуэ.

Абдежым Мардыкъуэ и шабзэр тхьэхэм я пащхьэ кърелъхьэ. Хъы бзаджэу иджар къегъэIылъ. Тхьэхэм Мардыкъуэ и Iэщэр зэпаплъыхь, ягъэщIагъуэ, къыщотхъу. Шабзэр къещтэ Мардыкъуэ, хуехь и Iупэми, лъагэу еIэт:

- Си бын хуэдэщ мыр, къэзгъэщIащи. Ану тхьэшхуэу ди адэжьым къыфIищащ «Пхъэбыдэ», триIуэжащ «ТекIуэрейри», хуэфащэу. ЦIэ ещанэу фIызощ «Вагъуэбын», ирес ар лыду уафэгум.

Абдежым, тхьэшабзэм и фэеплъ Вагъуэбыныр жэщ Уафэм ирагъэтIысхьэ, вагъуэбэ псоми я лейуэ. Мардыкъуэ и фэеплъу игъащIэ псокIэ къэблэнур.

Псырэ ахъуэ дагъэу яIухуамкIэ ануукъуэхэм тхьэ яIуэ игъащIэкIэ Мардыкъуэ хуэпэжыну, и унафи емыбэкъуэну. Уэгурыси щIыгурыси я зэхуэдэ пщышхуэу къащтэ.

Аншаррэ Ашэлъахъэрэ* къопсалъэри жаIэ:

- ИугъащIэ ди къуэ пажэу, дилъ зыщIэжа Мардыкъуэм! ЗыпэтщIын щымыIэу ди тхьэшхуэр - щрет игъащIэкIэ щхьэфIыцIэхэм* ди пашэу! ТхьэлъэIу инхэр пхуаIэту, уи IуэхуфIхэр яIуатэу, щытхъур мыкIуэщIу, Уэгум щыжыпIэр ЩIыгум щалэжьу, уи гущIэгъу лъыхъуэу я Iэр пхуаIэту, цIыхухэр пфIэлIыкIрэ фIыщIэ къыпхуащIу, щIакхъуэ ягъажьэмэ, я гум укъэкIыу, тхьэунэхэр пхуащIрэ уи цIэр фIащыжу! ГъэфIэныцIэ щэ ныкъуэ хуэдвгъэус ди Мардыкъуэ… Мардыкъуэ! Ар ди адэжьу Ану фIищагъэххэщ! Псыхъуэ-хъупIэхэр къыдэзытагъэрщ, тхьэ-зэрыпхъуакIуэхэр тхуэзыукIагъэрщ. Ар – Дыгъэбыну Мардыкъуэ тхьэшхуэрщ, нэхур зыпихыу Уэгум ит лыгъэщ. КъигъэщIащ цIыху лъэпкъыщIэу тхьэналъэ зыхэлъхьэр! ЯхуищIащ ахэм тыгъэу ГъащIэ кIыхь мыухыжыр. Хуит ищIащ ахэм яухуэну щIэщыгъуэ, ягъэгъуну щыуагъэр, яукIыну къуэншар! Ар Марыкъуэщ* - цIыху лъэпкъымрэ абыхэм я дунеймрэ къэзыгъэщIауэ, Iущым я нэхъ Iущщ! Ар Марэтыкъуэщ* - къали, щIыналъи, лъэпкъи къэзыхъумэу, Дунейр зэтезыIыгъэрщ! ИугъащIэ ди Тхьэшхуэу Мардыкъуэ и цIэщIэм! Ар Мэрэткъушэщ* – губжьами, зи гур пцIанэщ, хъийм икIами, зи гур бзыгъэщ! Ди пщышхуэу Марэныкъуэ* - фIищащ абы Хасащхьэм! Уафи, щIылъи ар ди пщышхуэщ, ди Мардыкъуэ тхьэшхуэщ! Ди ныну, ди пщышхуэу Марэныкъуэ - Тхьэ псоми къыдбгъэдэкIыу ар цIэуэ ныпфIыдощ, Марыкъуэу, гузэвэгъуэм дызэзышэлIам. Инджыджхэмрэ ануукъуэхэмрэ егъэзыпIэ къыдэзытам! Азылыхь* - фIищащ абы ди адэжьу Ану иным. Уэ нэхъ лъэщрэ Iущрэ къытхэткъым тхьэхэм, Мардыкъуэ! Азылыхь ин, ди нэ, ди лъэ - ГъащIэр къэзыгъэщI, ари уэ уи цIэщ! Ери, узри къэзыгъэщIу, тщхьэщызыхыж! Тхьэ лIахэр IуэрыбжэкIэ къэзыгъэтэджыж! Азылыхь марэ* - ди нэху… Ари уи цIэщ, Мардыкъуэу, дунейр зыгъэнэху!

Апхуэдэрыххэу, тхьэ къэс цIэ щырыщ хузэхалъхьэ Мардыкъуэ.

Аншар, Лэхьму, Лэхьэму сымэ къопсалъэри жаIэ:

 - Дэ фIэтщащ Мардыкъуэ гъэфIэныцIэ щырыщ. Фыхуэусэ ди тхьэшхуэм, инджыджхэ!

ЩIылъэунэми тхьэхэм Хасащхьэ зэхашэ, унафэм тету, Мардыкъуэ хуоусэ.

- Ди къуэ хахуэу, дилъ зыщIэжам и цIэр дгъафIэу доусэ! – жаIэ, мэхасэри, гъэфIэныцIэхэмкIэ Мардыкъуэ хуоупсэ.

6 Iыхьэ

Мы Iыхьэр теухуащ Уахэр къэзыгъэщIа Тхьэшхуэу Мардыкъуэм и зэфIэкI къэс хуэкIуэн гъэфIэныцIэу хуаусам. ГъущIынэтхым зэритымкIэ, Уафэм абы цIэ 50 щыхуаусащ, апхуэдизи ЩIылъэм щыхузэхалъхьащ.

* * *

ЦIэ щэ ныкъуэкIэ тхьэшхуэр Уахэм щаIэту, ануукъуэхэм цIэ къагупсыс. АпхуэдизкIи ЩIылъэм Тхьэшхуэр щагъэлъапIэ. Адэм къуэр щигъэIущкIэ, Мардыкъуэ и цIэ зэхуэмыдэхэр къраIуэу, ирахъумэ цIыхухэм ахэр зэIэпахыу, пащтыхьыжьхэмрэ тхьэджхэмрэ* тхьэлъэIу иращIэкIыу! ИрефIакIуэ ЩIы щхъуантIэм щIыналъэу тетынур! ЩраIуэу дэтхэнэми Тхьэм и цIэ лъапIэхэр! Зи псалъэр быдэм, зи унафэр ткIийм и жыIэр щытепщэу Уафэгуми ЩIыгуми! КъыжьэдэкIыр тIэужыIэ ямыщIу, пэрыуи щымыIэу! Нэз иIэкъым Тхьэм и псэм, и къэухьыр мыкIуэщIщ! Лей зезыхьэр, пцIыупсыр и пащхьэ зэгуэр ихьэжынкъэ!

Нахуэу Уэгум къеха мы Iуэтэжыр иретх Япэрейм*, ирехъумэ, къыщIэхъуэм хуиIуатэу щрепсэу ЩIы хъурейм!

Уахэ жыжьэм, Дунейм, ГъащIэ нэхум я Хабзэр зытха, ЦIыху цIыкIу лъэпкъыу, тхьэбыну ЩIы щхъуантIэм щыгъагъэм я адэжьу Мардыкъуэ, тхьэм я тхьэжу хахам и уэрэдыр щреIэ!

ЗэзыдзэкIар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться:

Читать также: