ЩIакхъуэ Iыхьэ

Ди республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI ди газет закъуэм щIэх-щIэхыурэ къыхуэтхэ ди щIэджыкIакIуэхэм ящыщщ «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэж, нэхъыжьыфI Къардэн Мухьэмэд. Абы и тхыгъэхэр треухуэ гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэм, дегъэцIыху щапхъэ зытепх хъунухэр. «ЩIакхъуэ Iыхьэ» зыфIища хъыбарыр теухуащ цIыхум хэлъыпхъэ щэн дахэм, гъэсэныгъэ екIум. 

(Къамыгупсыса хъыбар)

Къепэсэуа щIымахуэ шылэм уэсыр псоми тепIэн зэрахуищIам ищIыIужкIэ, зегъэткIий. Полк пщIантIэм дэт, зи щхьэр уардэу Iэтауэ щыта псейхэр уэсым «гъэрыпIэм» ириубыдауэ къопэзэзэх. «Псэ» хэтыжкъым шкIурэу ежэхыу щыта псы цIыкIум, зэщIиIулIащ. Пщэдджыжьышхэр зыIэрыхьа кIэпхъым, псей «унэм» зыщIидзэжауэ зегъатхъэ. Къуаргъхэмрэ тхьэрыкъуэхэмрэ, къанжэхэри къахыхьэжауэ, щIакхъуэ тIэкIу къагъуэтар яхузэрымыгъэгуэшу зэрызохьэ, зоныкъуэкъу.
Сэлэтхэм зылъыIуаха полк пщIантIэр апхуэдизкIэ къабзэщи, зы уэс IэшкIэ плъагъуркъым. Топ, хоккей щыджэгу щIыпIэхэри къабзэщ.
 Полкым и командир Самсоновым тхылъымпIэ Iэгуэ къищтэри, щхьэгъубжэм бгъэдэт стIолым етIысылIащ, «пщIантIэм щекIуэкIхэр нэхъ слъагъунщ», жыхуиIэу. ШхапIэм къыщIэкIыжа сэлэтхэм нобэ я зыгъэпсэхугъуэ махуэщи, гуп-гуп зэрыгъэхъуауэ махуэр зэрагъэкIуэнум зыхуащI. Псоми казармэм зыщIадзэжащ, сэлэт зыхыбл къанэри.
- ФынакIуи хоккей дывгъэджэгу, ВВС-м и чемпионатыр яублэным къытхуэнэжар махуэ бжыгъэщ, - жиIэри къыхидзащ полкым и хоккей командэм и капитан Захаровым. - Иджы зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхь командэм отпуск иратыну жаIащи, зыдвгъэгъэхьэзыр. ФыкIуи лъэрыжэхэмрэ хоккей башхэмрэ къэфхь, зыдгъэхьэзырынщ. 
 Куэд дэмыкIыу сэлэт щIалитIым къагъэзэжащ, щIакхъуэ бзыгъэшхуэ зыбжанэ яIыгъыу. 
- Шайбэр зыщIыпIи щыдгъуэтыжакъым. Мыри хъунущ шайбэ, - жиIэри сэлэт нэхъ накъэпакъэм къызыкъуихащ, щIакхъуэм и пэнцIыв нэхъ гъур къыпыгъэжар, нэгъуэщI зы гъэтIылъыгъи и гъусэу.
- А-а-а, хъунущ ари, - жиIэри «шайбэр» вырвырву капитаньм хыфIидзэри, хоккей башкIэ ирихужьащ. 
ЩIалэхэр джэгуурэ, япэ «шайбэр» «ныкъуэдыкъуэ» ящIри, етIуанэм щIадзат, абыхэм рядовой Уэлджыр Хьэмыщэ губжьауэ къащыхэлъэдам.
- Ей-й-й, гъуамэ гуп, кIуэ, апхуэдэ хьэдэгъуэдахэ пщIэ хъурэ! Мыр щIакхъуэщ, пщIэшхуэ хуэщIын хуейщ, фэ… - жиIэу «шайбэр» къезыхуэкIхэм якIэлъыщIэпхъуа щхьэкIэ, дэнэт, зылъэщIамыгъэхьэу, зэрылъэлъу дыхьэшххэу кърагъэжыхь. Апхуэдэу, зым адрейм хуидзыжурэ зэман дэкIауэ, джэдум хуэдэу зедзри, шэ икIауэ лъэта «шайбэр» къеубыд. ЗимыIэжьэу, «тхьэрыкъуэхэм яшхынщ» жыхуиIэу, казармэ щхьэгъубжэм трилъхьэри, зэплъыжу зэхэт хоккеистхэм я деж игъэзэжащ, «феIуси, феплъ кърикIуэм» жыхуиIэу яхэплъэурэ. 
- Уэрат иджы дэ «лIыжьхэм» къытпэмыувыжар, дызымыгъэIущыжар! Удын ухуейуэ къэбгъэзэжауэ арамэ, сэ уэ сыпхурикъунщ! - жиIэри зы хоккеист домбей гуэр башымкIэ къеуэну къыбгъэдэлъэдат, ауэ ар Хьэмыщэ зытримыгъахуэу Iэрыхуэу башыр IэщIихащ.
 - Сэ ерыскъым нэмыплъ езыт дэтхэнэми сыпэуву жэуап естыну сыхьэзырщ, - жиIащ Хьэмыщэ, губжьауэ башыр хыфIидзэурэ. - Напэ гуэр фиIэн хуейкъэ? Гуэныхьышхуэщ а фэ фщIар.
Хоккеистхэр напIэзыпIэм къызэхуэсри, Хьэмыщэ я кум ираубыдащ. ГуащIэу къежьа псалъэмакъыр губжьым хуэкIуэжри, улI-сылIым зэрыхэгъэхьэжащ.
«Сыту пIэрэ мы рядовойм мыбыхэм къатрихыу щхьэгъубжащхьэм трилъхьар?» - жиIэри а псори зылъэгъуа, полкым и командир Самсоновыр къыщIэкIащ. Щхьэгъубжащхьэм бгъэдыхьэрэ еплъмэ, уфIыцIыжарэ «ныкъуэдыкъуэ» хъуауэ щхьэгъубжащхьэм телъ щIакхъуэ Iыхьэр къилъэгъуащ. Илъэгъуар зыхуихьынур имыщIэу, и пэжыпIэр къищIэну хуейрэ гурыщхъуэ Iейхэр и щхьэм щыуфэразэу, губжьауэ зэрыхэгъэзыхьа сэлэтхэмкIэ игъэзащ. 
- Псори сатыр занщIэу фыув! - макъ хэIэтыкIакIэ унафэ ищIащ полковникым, абыхэм я деж зэрынэсу. - Сыт къэхъуауэ фыщIызэрызехьэр? Фхузэрымыгъэгуэшыр сыт? 
Псори щымщ.
- Сыт жыпIэн уэ? - гуащIэу зыхуигъэзащ абы командэм и капитан Захаровым.
Щымщ ар хэплъэу, фIы къызэрыпэмыплъэм шэч къытримыхьэу.
- Зэпэвубыдар сыт, ныбжьэгъу рядовой? - еупщIащ Самсоновыр, сатырым и кIэмкIэ щыт Уэлджырым деж къыщызэтеувыIэри. 
- ЩIакхъуэр шайбэ папщIэу ириджэгуу къэслъагъури къатесхати, аращ ягу иримыхьыр, ныбжьэгъу полковник, - жэуап итащ Хьэмыщэ.
- Сыт жыпIа? Ар пэж? Си нэкIэ сымылъэгъуамэ, си фIэщ хъунтэкъым а фэ фщIа хьэдэгъуэдахэр! Напэ фиIэкъым! ИгъащIэкIэ си фIэщ хъунтэкъым абы фIэкIа гупсысэ фимыIэу! - жиIэу къэлыбри, и нэм лъы къытелъэдауэ жиIэнумрэ ищIэнумрэ къыхуэмыщIэу заулкIэ щытащ полковникыр. - Зы лъэбакъуэкIэ сатырым къыхэкI, рядовой Уэлджыр. Сэ уэ фIыщIэ ин пхузощI, мазэкIэ отпуск уи Хэку узогъэкIуэж. Адрейхэм псоми наряду махуэ щырыщ «тыгъэ» фхузощI. Ар тезыр щабэ дыдэщ фэ фщIам щхьэкIэ, насып фиIэти, зэхьэзэхуэр къэблэгъащ, армыхъумэ… Уэ, ныбжьэгъу, Захаров, нэгъуэщIущ сынызэропсэлъэнур, икIэщIыпIэкIэ си деж ныщIыхьэ!
Зэманыр къэсри, сэлэтхэр шхапIэм пщыхьэщхьэшхэ кIуащ.
- Сыт ди стIолым щIакхъуэ щIытемылъыр, икIэщIыпIэкIэ нытхуэхь! - ткIийуэ пщафIэм епсалъэрт хоккей джэгуа гупыр.
- ЩIакхъуэу зы дзэкъэгъуэ фэзмытыну командирым унафэ къысхуищIащ, - кIэщIу зыпигъэкIащ ар пщафIэм.
Iуэхур зытетыр къагурыIуэнтэкъэ абыхэм - заущэхужащ.
«Си гум укъишхыдыкIащ, ныбжьэгъу командир, яхуэфащэщ ар абыхэм, къалэжьащ», - игукIэ жиIэрт Хьэмыщэ, щIакхъуэншэу шхауэ къепэзэзэхыу щIэкIыж хоккеистхэм якIэлъыплъурэ.
Гупым яхэтащ а псори къезыщIауэ къащыхъу адыгэ щIалэм зезыгъэцIыхужыну мурад зыщIахэри, арщхьэкIэ адрейхэм щIэх дыдэу ахэр я пIэ ирагъэзэгъэжащ. Арати, Хьэмыщэ хуаIэ гужьгъэжьыр пщэдджыжь уэсэпсу бзэхыжащ. Пэжыр зи гъуазэ Уэлджырыр лъагъунлъагъу мазэкIэ къагъэкIуэжри, и Iыхьлыхэм яхэсащ. ИужькIэ дзэм игъэзэжри, зыгуэрым зыкърипщытын дэнэ къэна, зыпыIузыдзи къахэкIыу къулыкъур екIуу и кIэм нэс ирихьэкIащ, фIыщIэрэ щытхъурэ пылъу. 
Пэжыр, щэныр, гъэсэныгъэ тэмэмыр IуэхуфI псоми я пщалъэу, жыжьэ унихьэсу зэрыщытыр щIакхъуэ Iыхьэм епха а зы къэхъугъэмкIэ куэдым къазэрыгурыIуар хьэкът.  

Зыгъэхьэзырар КЪАРДЭН Маритэщ.
Поделиться:

Читать также: