Еуэри, жеIэ, Тхьэм псэущхьэу щыIэр къигъэщIри, насыпыр къахуигуэшу хуежьащ: бдзэжьейм псыр къритащ, къуалэмрэ бзумрэ хьэуамкIэ къахуэупсащ, хьэмбылу-бжьэмбылум щIы щIагъыр къахуигъэфэщащ, хьэкIэкхъуэкIэм мэзыр яхухихри, итIанэ мыр къажриIащ:
– Иджы, си тIасэхэ, насыпым я нэхъыщхьэу тIy къэнащ – къарумрэ акъылымрэ. Ахэр фэ къыфхузогъанэри, вгуэшыж! – жиIэри, акъылымрэ къарумрэ зы хъуржыным илъу къахуидзщ аби, езыр уафэм дэкIуеижащ.
Аслъэным хъуржыныр итIатэри, илъыр къригъэлъэлъащ. Зэпиплъыхьщ-къызэпиплъыхьри, къарур игу ирихьати, езым къызыхуигъэнащ. Акъылри къызэпиплъыхьщ-нызэпиплъыхьри игъэпIиящ:
– Мыр хэт еттыну? – жиIэри.
– Нэхъ тхьэмыщкIэм ет! – жаIэ.
Аслъэным зиплъыхьри, ЦIыхум нэхъ тхьэмыщкIэ илъэгъуакъым: хэт мэлъатэ, хэт йос, хэт жэрщ, хэт шэрэз иIэщ, щIы щIагъым щIэсщ; цIыхум зыри иIэтэкъыми, акъылыр абы хуидзащ:
– Мэ, тхьэмыщкIэ, нэгъуэщI мыхъуми, зрипхъумэжынщ! – жиIэри.
– Ущымыуэ, Аслъэн, цIыхум акъылыр лъысмэ, дыпэлъэщыжынкъым: езыр тшхыным и пIэкIэ дэ дишхынщ, – жаIэ псэущхьэхэм.
– Фымыгузавэ, – жи, – фи жагъуэ къищIу хуежьэмэ, мыдэ си деж фыкъакIуэ: къарум къыпэлъэщын сыт щыIэ, ар сэ къысхуэнащ.
Арати, псэущхьэхэр зэбгрокIыж. Ауэрэ зэмани макIуэ. Махуэ гуэрым ТхьэкIумэкIыхьыр къокIуэ Аслъэным деж:
– Дипщ, – жи, – акъылыр зылъыбгъэсам дигъэпсэужыркъым, къапхъэнкIэ дыкъеубыдри дешх: къытщыж!
– Iэy, нтIэ абыи зыгуэр ишхын хуейкъэ! – жи Аслъэным, езыми лы зэрыфIэфIыр ищIэжырти.
ИтIанэ Бажэр къокIуэ:
– Дипщ, – жи, – лей къытлъос: цIыхум дыкъеубыдри, ди фэр трех аби, джэдыгу ещI.
– Умыгузавэ, сэ сыхурикъунщ абы, – жери ари IуегъэкIыж. КIэщIкIэ абы къыкIэлъокIуэ Дыгъужьыр:
– Зиусхьэн, – жи, – дыгъуэгыурэ ЦIыхум акъылыр ептащи, дыпэлъэщыжыркъым: Iэщыр зыIэщIиубыдащи, дигъэшхыжыркъым.
– Сэ абы хуэфI сыхъунщ! – жеIэ Аслъэным.
Мэзым къыщIэкIауэ псы Iуфэм Iуту къыздэкIуэм Аслъэныр маплъэри, ныджэм къыIузэрыхьауэ зэрызехьэу ес бдзэжьейхэр къелъагъу.
– Зиусхьэн, – жи, – ЦIыхум акъылыр ептащи, щыхуейм псым къытехьэурэ дыкъеубыд, кIуапIэ къытхуигъэнакъым.
– Фигу фымыгъэкIуэд, сэ абы хуэфащэр естынщ! – жери Аслъэныр къожьэ.
КъакIуэм-къакIуэурэ, ЦIыхум джыдэ ищIарэ пхъэ пиупщIу кърохьэлIэ. Сэ абы езгъэлъагъунщ къару жыхуаIэр жери, къыбгъэдохьэ:
– СлIо, хьэмэ къилъхуа, хьэкIэкхъуэкIэр щIызэтебукIэр? – жи. – Иджыпсту узэпкърыстхъынщи узэIурыслъэфэнщ!
ЦIыхум ауан къещI Аслъэныр:
– Сыту уаслъэн делэ, – жи, – уэ!
– Сыт делэ жыхуэпIэр? Сэ усшхыну сыкъэкIуащ, къыбгурыIуа?
– КъызгурыIуащ, – жи ЦIыхум, – ауэ уэ дауэ узэрыпсэунур итIанэ? Уэ бийуэ уиIэр зихуэдизыр пщIэжрэ? Бжьэр мыщэм ежэмэ, иращIэр плъэгъуа? Уэ уи бий къомыр къожэмэ, дауэ зыпхъумэжыну?
Аслъэныр, Iэнкун хъури, пхэщIкIэ тIысащ:
– Дауэ? – жиIэри.
– Зи дауэращ, – жи ЦIыхум, – уи бийхэм укърахужьэ хъужыкъуэмэ, ахэр зыпэмылъэщын гъэпщкIупIэ пхуэсщIу аращ сэ. Уэ сэ сыпшхыну жоIэ, cэ сыпшхмэ, хэт уэ быдапIэ пхуэзыщIыфынур?
Аслъэныр игъэгупсысащ ЦIыхум къыжриIам.
– Упсэу! – жиIэри къехъуэхъуащ, дахэ къыжриIэжащ. – ЩIы, нэхъ быдэIуэу щIы уэ! – жери.
ЦIыхуp еувалIэри, бжэ хэлъу гуэн быдэ ищIащ.
– Дауэ къыпщыхъурэ уи быдапIэр, Аслъэн? – жи. – Мыбы уипщхьэжмэ, зыгуэр къыппэлъэщын?
– Уэлэхьэ, къыспэлъэщын хуэмей! – жи мыдрейми.
– Къихьи, еплъыт тыншрэ мытыншрэ!
Аслъэныр гуэным ипщхьащ.
– Еууей! – жери ЦIыхум гузавэ хуэдэу зещI. – ЦIыкIуIуэ хъуащ, уи кIэр къощ.
Аслъэным и кIэр зыкIэщIеупщIэ, ЦIыхум гуэныбжэр егъэбыдэж.
– Дауэ къыпщыхъурэ уи быдапIэр? – мэдыхьэшх ЦIыхуp. Аслъэныр адэкIэ йоуэ, мыдэкIэ йоуэри пэлъэщыркъым.
– Уэлэхьэ, быдэу пщIам! – жи.
– НтIэ, сщIамэ, ис, уилIыхьыху! – жи ЦIыхум. – Уи гугъати къарум нэхъ лъэщ щымыIэу! СлIо иджы уи къарум и сэбэпыжыр?
КъыгурыIуащ Аслъэным акъылыр къызэрытекIуар. Гъуахъуэу щIидзащ:
– Уэихь, ЦIыхум ceукI! – жери. – Сыкъевгъэл, фыкъыздэIэпыкъу!
АрщхьэкIэ Аслъэным тeкIyaм хэт пэувыжынт – псори зэбгрыжащ.
Мис аращ цIыхум нэхъыпщ щыIэкъым щIыжаIэжар.