(Нарт хъыбар)
Нарт шу гуп епсыхауэ тхьэрыкъуэф Iэнэ бгъэдэсти, Лъэбыцэжьей и хъыбар къэхъеящ. Лъэбыцэжьей тIуащIэм дэст, и лIыгъэ-шыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ. И хъыбар къызэрыIукIэ, езыр лIы цIыкIут, шым шэсамэ, уанэкъуапэм къыкъуэщыркъым жыхуаIэм хуэдэт.
Лъэбыцэжьей и лIыгъэ-шыгъэм тепсэлъыхьурэ, нартхэр къызэрыгъэплъащ. Иужьым зы тэджри шэсащ:
– Зи гугъум фигъалIэр псэууэ къыфхуэсхьынщи, фи пащхьэ къизгъэувэнщ, – жери.
Шэсри гъуэгу техьащ. ТIуащIэм нэблэгъауэ, гъуэгущхьэм зы лIы лъахъшэ цIыкIу щрихьэлIащ шур.
Шур лIы цIыкIум еджащ:
– Мыдэ къызбгъэдыхьэт, – жиIэри.
ЛIы цIыкIур къыбгъэдыхьащ.
– Лъэбыцэжьей сыкъылъежьащ. И хэщIапIэ къызжепIэн?
– Унэблэгъащ и хэщIапIэ. Думыдзыхмэ, гъуэгум уишэнущ, – къыжриIащ лIы цIыкIум.
Шур ежьэжащ, итIани, къигъэкIэрэхъуэжри, лIы цIыкIум къыбгъэдыхьэжащ.
– Лъэбыцэжьей и хъыбар къызжепIэн: сыт и шыфэлIыфэ?
– И шыфэлIыфэкIэ сэ схуэдэнщ, – къыжриIащ лIы цIыкIум. – Сэ нэхърэ нэхъ инкъым, нэхъ цIыкIукъым.
– И джэгукIэ, и бэнэкIэ ущыгъуазэ? – еушцIащ шур лIы цIыкIум.
– Сыщыгъуазэ къудейкъым: хэтIэхэсэ дызэдэджэгу зэпытщ.
– Дауэ фызэхуэхъурэ-тIэ?
– ДызэрытегъакIуэркъым, – къыжриIащ.
– Лъэбыцэжьей уэ къыппэмылъэщуи? – игъэщIэгъуащ нарт шум.
– ГъэщIэгъуэн щхьэ къыпщыхъуа?
– СымыгъэщIагъуэу хъурэ: Лъэбыцэжьей и хъыбар яхуэIуэтэщIыркъым, лIыгъэ-шыгъэкIэ пэлъэщын щыIэкъым жари зэхыдох. Уэ сыноплъри, пкъуэлъIауэ гу плъыстэркъым. ИтIани дызэрытегъакIуэркъым къызжыбоIэ. Ар сщIамэ, сыкъежьэнтэкъым.
– УщIегъуэжамэ, гъэзэж: Лъэбыцэжьей и лIыгъэ-шыгъэ здынэсыр аращ, – къыжриIащ лIы цIыкIум.
– Згъэзэж хъунукъым, – жиIащ нартым. – Спхынщи, псэууэ къыфхуэсхьынщ жысIэри сыкъежьащ.
– ПщIэншэрыкIуэ ухъункIэ сошынэ. ПщIэншэрыкIуэ умыхъуну ухуеймэ, сэ укъызэбэнынщи, Лъэбыцэжьей упэлъэщынрэ упэмылъэщынрэ плъагъунщ.
Шур лIы цIыкIум бгъэдэкIуэтащ, зригъэзыхри еIэдэкъэуащ: лIы цIыкIур и пIэ икIакъым.
– Сэ сылъэсщ, уэ ушущ, – жиIащ лIы цIыкIум. – Шурылъэс укъыздэджэгунумэ, сыхьэзырщ. ХэтIэхэсэ жыпIэмэ, къепсых.
Нартыр епсыхащ.
– Лъэбыцэжьей дэтхэнэм нэхъ хуэIэрыхуэ?
– Уэ узэрыхуейуэ къыбдызекIуэнущ Лъэбыцэжьей.
– Абы щыгъуэ хэтIэхэсэ дызэдэджэгунщ.
– Дызэдэджэгунумэ, сыкъэбгъуэтащ.
Нартымрэ лIы цIыкIумрэ зэрыубыдащ. ХэтIэхэсэ джэгуурэ лIы цIыкIум нартыр и пщэ гурыгъым нэс щIым хихуащ.
– Ай, емынэжьей, уи хъыбар зэраIуатэм ухуэдэщ, – къыхэпсэлъыкIащ нартыр щIым. – Сигу къеуэр си щхьэр зэрыфIэпхынуркъым. «Хэт иукIа?» жаIэмэ, «Лъэбыцэжьей иукIащ» зэрыжаIэнуращ сигу къеуэр.
Лъэбыцэжьей нартым и щхьэр фIихащ, нартым и щхьэр уанэкъуапэм ирипхыжри, и шыр иутIыпщыжащ.