Тыркум щыIэ адыгэ къуажэ 800-м щIигъум ящыщщ Анталие къалэм къедзауэ псэу Елэмэ абазэхэ къуажэр. Абы дэсахэм я щыIэкIэ-псэукIэм, адыгэ хабзэу дэлъам, мы щIыналъэм щIыщетIысэхам и щхьэусыгъуэм, къуажэм дэсахэм я унэцIэхэм, цIыху Iущхэу, IэпэIэсэхэу щытахэм я гугъу Едыдж Нихьаи къыщытхуещI «Къэгъэзэгъуэ» тхылъым.
Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Унэрокъуэ Мирэщ мы тхылъым пэублэ псалъэ хуэзытхар. Абы щыщ зы пычыгъуэ:
- «Къэгъэзэгъуэ» тхылъыр адыгэ лъэпкъ щIэныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Япэрауэ, хъыбархэр къэзыIуэтэжыр а жылэм и псэукIэр зи нэгум щIэкIа цIыхущ. ЕтIуанэрауэ, хъыбарыр къэзыIуатэр гукIэщ зэрыгъуазэр. Адыгэм ящыщ абазэхэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэмрэ тхыдэм къыхуигъэфэща псэукIэм и зы пычыгъуэ лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм къриубыдэр къытхуеIуэтэж. Ещанэрауэ, езы Нихьаи и щхьэм и хъыбар къиIуатэм хуэдэу, щабэу, гущIэгъур гугъэкIэ гъэнщIауэ жылэм удегъаплъэ, ауэ жыжьэрыплъэукъым, атIэ уэри абыхэм а псэукIэр зэгуэрым ядэбгуэшауэ, ядэбгъэщIауэ, пкъынэ-лъынэкIи, акъыл щIэжкIи уащыщу къыпщегъэхъу, гум хуабагъэ гуэр къыщегъэуш.
ЩIэныгъэкIэ убгъэдыхьэмэ, зы этнограф IэкIуэлъакIуэм илъэс бжыгъэкIэ Елэмэр и кIуапIэу щытами, зэхуихьэсыну хузэфIэкIынум хуэдиз хъыбархэр Нихьаи и закъуэ къызэщIикъуэн лъэкIащ. Тхылъым и гъэпсыкIэри хъыбархэр къызэриIуатэ жьабзэри икъукIэ дахэу ипсыхьащ, зэригъэзэхуащ.
Нихьаи и тхылъ екIур щIэныгъэ лэжьыгъэкIэ узытемыукIытыхьынщ, утемызашэу узэджэнщ, - етх Унэрокъуэм.
АдэкIэ фыщыдогъэгъуазэ «Къэгъэзэгъуэм» къыхэтха зы Iыхьэм.
Анталием Адыгэ Хасэ щыдоухуэ
Къуажэр ябгынэу, нэгъуэщI къалэхэм къиIэпхъукIыу Анталие къыдэтIысхьахэр куэд хъуат, ауэ зэлъэпкъэгъухэр щызэхэсын, щызэдэуэршэрын, я гуауэ, я гуапэ щызэхуаIуэтэн зэхуэсыпIэ яIэтэкъым. Дызэхэмыхьэмэ, нэIуасэ дызэхуэмыхъумэ, ди щIалэхэм тырку пщащэхэр къызэрашэнум, ди пщащэхэри тыркухэм зэрыдэкIуэнум шэч хэлътэкъым. НыбжьыщIэхэм адыгэбзэр яIурылъыжтэкъыми, нэрылъагъут тыркухэм дазэрыхэшыпсыхьыжыр. Дызэкъуэмытмэ, абы дыпэлъэщыну Iэмал диIэтэкъым. Арати, гугъапIэу щыIэр Хасэ ухуэнрат.
Хасэ зэрыдухуэн хуейр ди нэхъыжьхэм яжесIащ, ауэ къысхуадакъым. «Хабзэм къытхуидэнкъым, лъэхъуэщым драдзэнщ», – жаIэрт, си гугъэм сыпагъэкIыну. АрщхьэкIэ Хасэ ухуэным иужь сикIакъым, си ерыщагъыр зылъэгъуа ди нэхъыжьхэр Iэмалыншэу къекIуэлIащ. 1967 гъэм Дзыбэ Мэмэт (Хасэ тхьэмадэ), Едыдж Назми (тхьэмадэ къуэдзэ), Едыдж Нихьаи (тхакIуэ), Бгъуашэ Исуф, Биданыкъуэ Алим, Бгъуашэ Хьэйрэдин, Абазэ Ниязи (исполкомым хэтхэу) дыухуэну жытIэри, полицэм лъэIу тхыгъэ щIэтлъхьащ. Куэд дэмыкIыу пэгъуэкI къытхуатхыжащ ди лъэIур къызэрытхуагъэдахэр иту. ИтIанэ Хасэр телэжьэн щIидзащ зыхуигъэува къалэнхэр игъэзэщIэным.
Анталие щыпсэухэр зыгъэгумэщIыр мащIэкъым. Зыр сымаджэщ, зым хьэгъуэлIыгъуэ дихынущ, зым лэжьапIэ игъуэткъым, зым зыщIэс унэм и бэджэнд уасэр иритыфкъым. Мис мыпхуэдэ гукъеуэ зиIэхэр Хасэм къокIуэри къыдолъэIу. Хасэм къекIуэлIам удэIэпыкъун, гъуэгу ебгъэлъагъун хуейщ. Къалэм къэIэпхъуахэр хьэблэ щхьэхуэхэм дэсщи, мыбыхэм я бзэр, я хабзэр яхъумэн щхьэкIэ дэIэпыкъуэгъу уахуэхъунри икъукIэ гугъущ. ДэркIэ псом нэхъыщхьэр ди щIалэгъуалэм тырку къамышэн, тыркум дэмыкIуэнращ. Хэшыпсыхьыным дызэрыпэувыфын Iэмал нэхъыщхьэу къэтлъытэр мырат. Мыбыи зы Iэмал къыхуэдгупсысащ: зым долъэIу, адрейм доубзэ, къэзышэр, дэкIуэр ди ныбжьэгъумэ, дыхуогубжь, дошхыдэ, дозауэ. Апхуэдэу зэрытщIам и фIыгъэкIэ ди лъэпкъэгъу, дэ нэхърэ нэхъыщIэм я нэхъыбэм адыгэ къедгъэшащ, адыгэм дэдгъэкIуащ.
Лъэпкъ Iуэху упылъмэ, хэкIыпIэу къэбгъуэтыр гъуазэ хъуми, нэгъуэщI къалэхэм дэс адыгэхэм а упщIэ дыдэхэм еплъыкIэу хуаIэми ущыгъуэзэн хуейщ. Аращи, Тыркум щаухуа Хасэхэм я лIыкIуэхэр зэхохьэ, зыгъэпIейтей Iуэхухэм щхьэихауэ топсэлъыхь, хэкIыпIэхэр къагъуэт.
Хасэр щыдухуагъащIэм къекIуалIэри къыддэIэпыкъури мащIэт, ауэ кIуэхукIэ нэхъыбэ дыхъурт, къуажэм дыкIуэж хъумэ, лIыжьхэм я гукъеуэр, зыгъэгумэщIхэр къыдахьэлIэрт.
А лъэхъэнэм Тыркум и цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэм къыздихьауэ зауэ-банэ екIуэкIырт. Тыркум щыпсэухэм ящыщу капиталист, социалист, фашист, коммунист жыхуэпIэн дуней еплъыкIэ зэпэщхьэхуэ зиIэхэм, езыхэм я гупсысэр пхагъэкIын щхьэкIэ зэрызехьэрт. Абыхэм яIэт партхэри. Къали къуажи щыпсэур зыщIэупщIэр мы партхэм нэхъ захуэр дэтхэнэрами арат. Дэ «Хэку» зэрыжытIэу, ди лъэпкъэгъухэм ягу къэкIыр адэжь щIыналъэратэкъым, атIэ СССР-рат. Абы къыхэкIыу, социализмэр зимыщIасэхэри къытпэрыуэрт. Хэкум къина адыгэхэм я псэукIэм, я хабзэмрэ я бзэмрэ теухуауэ лъэпкъ нэщэнэхэр яхэлъыж-яхэмылъыжым теухуауэ къыдэупщIхэрт, зэзыгъэщIэну хуейхэри мащIэтэкъым. Щыпкъэр жытIэнумэ, адыгэр лъэпкъыу къызэрынэну щIыкIэм игъэгузавэу мэхъухэр . Мыр Анталие къудейракъым, адыгэр щыпсэу дэтхэнэ къалэми зи гугъу щащIыр лъэпкъыр нэгъуэщIхэм яхэмышыпсыхьынырщ. ДэркIэ зы Iэмал закъуэт щыIэр – Хэкум дгъэзэжынрат.
«Хэкум дгъэзэжын хуейщ», - щыжытIэкIэ, - Арамэ, фэ нэхъапэ вгъэзэжи, дэри фи лъэужьым дытеувэнщ, – жызыIэхэр нэхъыбэ хъууэ хуежьащ. Пэжщ, «фыкIуэж, вгъэзэж», жыпIэкIэ зыри къызэримыкIыныр нахуэт. Лъэпкъым гъуэгу едгъэлъагъун, лъагъуэ хухэтшын хуейт. 1979 гъэм дыкIуащ Анкара къалэм, СССР-м и лIыкIуэм и хэщIапIэ унэм. Хэкум зыгъэзэжыну хуей унагъуэ 27-м я лъэIу тхыгъэ абы щIэтлъхьащ. 1980 гъэм Тырку къэралыгъуэм и парламентыр зэбграхущ дзэр къытеувэри, демократие псэукIэр пкIей унэм драдзеижащ, фашизмэм зиубгъури, ди лъэIу тхылъхэм я жэуап къыдатакъым, гугъапIи къытхуэнэжакъым.
Лъэхъэнэр увыIэу зы щIыпIэ иткъым, мэкIуатэ. 1983 гъэм лIыкIуэ хэдзыныр ящIри, парламентыр зэIуахыжащ, демократие теплъэ зиIэ псэукIэм дыхуэкIуэжащ. Дзэм зэхуищIыжа Адыгэ Хасэхэр щIэрыщIэу къызэIудохыж, ауэ Хасэ зехьэкIэ-Iуэху щIэкIэ хабзэхэри яхъуэжат: нэхъапэм Хасэр зытелажьэу щытар адыгэр зыгъэгумэщI Iуэхухэрамэ, иджы а лэжьыгъэр нэхъ гугъуу къыщIидзат, цIыхухэр зэхуэшэсыгъуей хъуат. Арати, уэрэдымрэ къафэмрэ утыкур ирагъэубыдащ, цIыхухэр кърашэлIэн папщIэ.
СССР-м и лIыкIуэр щылажьэу Анкара къалэм дэт унэм, куэдрэ дыщIамыгъэхьэми, зэзэмызэ ди хьэтыр къалъагъурт. Сипхъу Тамэрыс и документхэр 1989 гъэм СССР-м и лIыкIуэм хуэсхьри, Налшык щезгъэджэну сызэрыхуейр жесIащ. Си гухэлъхэр си ныбжьэгъухэми яхуэсIуэтати, сэ схуэдэу зи бын Хэкум щезыгъэджэну хуей гъусэ къысхуэхъури, Едыдж Тамэрыс, Сокъур Четин, Четинкая Олгун Налшык къэдгъэкIуащ. Зипхъу Хэкужьым щеджэну япэ дыдэу къэзыгъэкIуэжар сэращ.