И щIэинхэр хуэсакъыу яхъумэЮридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, АМАН-м и егъэджэныгъэ программэхэм яз зыгъэзэщIахэм ящыщ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен и дэIэпыкъуэгъуу лажьэ ГъукIэпщ Iэсхьэд къызэригъэпэщащ и адэшхуэ, КъБР-ми КъШР-ми я цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ, егъэджакIуэ Мэремыкъуэ Хъусен и щIэинхэм я фонд.
ЩIыналъэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм Мэремыкъуэ Хъусен теухуауэ ягъэхьэзырауэ щахъумэ нэтынхэмрэ тхыгъэхэмрэ Iэсхьэд зэхуихьэсыжащ. Радиом и фондым щахъумэ уэрэдхэм щыщ зыбжанэ иригъэтхыжу Интернетым къызэрыригъэлъхьам и фIыгъэкIэ, Хъусен и уэрэдхэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэми Iэмал иIэщ абыхэм едэIуэну. КъинэмыщIауэ, Хъусен къэзыцIыхуу щытахэм Iэсхьэд къалъыхъуэурэ кърат Мэремыкъуэм теухуауэ яIэ тхыгъэхэр. ЩIалэр щыгуфIыкIащ Къанокъуэ Баширрэ абырэ я макъкIэ ирагъэтхауэ щыта адыгэ псалъэжьи 101-м я альбомыр къызэрыIэрыхьам. Iэсхьэд и мурадщ и адэшхуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ятеухуа тхылъ къыдигъэкIыну, фильм трихыну, Налшык къалэм и уэрамхэм ящыщ зым Мэремыкъуэ Хъусен и цIэр фIригъэщыну. А Iуэху дахэхэр къехъулIэну ди гуапэщ.
Мэремыкъуэ Хъусен ипхъу Заретэ быниплI иIэщ: Iэсхьэд, Анатолэ, Денизэ, Дианэ. Анатолэ МГИМО-м дипломат IэщIагъэм щыхуоджэ. Гитарэм езыр-езыру зыхуигъэсэжауэ и адэшхуэ Хъусен игъэзащIэу щыта уэрэдхэр удихьэхыу жеIэ. Анатолэ Москва дэсыху, анэдэлъхубзэм, лъэпкъ тхыдэм, цIыхубэ уэрэдхэм нэхъри зыщигъэгъуэзащ. Зы илъэс ныкъуэ дэкIмэ, МГИМО-р къеухри, къэкIуэжу и адэшхуэм и IэщIагъэм пищэну и хъуэпсапIэщ. Куэдым гу лъатэ Анатолэ и макъыр Хъусен ейм ещхь зэрыхъуам. Денизи МГИМО-м журналист IэщIагъэм щыхуоджэ. Дианэ курыт еджапIэм щIэсщ. Дианэрэ Денизэрэ сурэт щIыным хуабжьу дахьэх икIи къохъулIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр я гуапэу зэдаIуэу щыта Мэремыкъуэ Хъусен и цIэр республикэм и щэнхабзэм, и тхыдэм къыхэнащ. Абы уэрэд 300-м щIигъу къыщIэнащи, и щIэблэм ахэр хуэсакъыу яхъумэ, иджырейхэр зэрыщагъэгъуэзэным хущIокъу. УэрэджыIакIуэм и щIэинхэм ноби щIэупщIэ яIэщ, радиомрэ телевиденэмкIэ къат.
Мэремыкъуэ Хъусен и цIэр зезыхьэ фондыр 2025 гъэм Iэсхьэд къызэригъэпэщащ. Абы и стипендиер иратынущ икIи дэIэпыкъунущ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым зэфIэкI щызиIэ и студентхэмрэ уэрэд жыIэным хуэIэкIуэлъакIуэ ныбжьыщIэхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 12:26 →
Тхыдэм и хъумакIуэ
10.03.2026 - 16:06 →
ЛэжьакIуэшхуэт Вэрокъуэ Владимир
06.03.2026 - 16:06 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъхэр ягъэбыдэ
02.03.2026 - 13:09 →
Я сюжетхэр зэмылIэужьыгъуэщ
27.02.2026 - 12:26 →
ЛIыгъэм и макъамэ
| ||




