Уахэплъэнри щхьэпэщУФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Шэрджэс Алийщ зэхуэзыхьэсыжар «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэ и тхылъым къитхыжахэр. Къыдохь адэкIи зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу.
Игъуэджэкъутэ – гущIыхьэу, игъуэ нэмысу хэкIуэда.
ИдыдыкIын – зэуэ щIэпхъуэн, шыр идыдыкIын.
Изырышхэ – ныбэхуэфI, лей зышх.
Итхъа – къэрандащкIэ е сапэкIэ иратхъа.
Ищхъэрэ вагъуэ – и пIэ имыкIыу, емыIэпхъуэкIыу, ищхъэрэм къыщыблэ вагъуэ, адыгэхэр гъуэгу щытеткIэ абы иригъуазэрт (Полярная звезда).
Куардэ – куэд хъу, бэ.
КуэбжэIут – япэм цIыху бейхэм я куэбжэм деж цIыхухэр къыщезыгъэблагъэу, езыгъэжьэжу щыта унэIут (привратник).
Куэдум – къыпцIэ.
Куэкум - адыгэ къыпцIэ лIэужьыгъуэ, хъурейуэ.
Куэтэн шэрхъ – пхъэIэщэм и шэрхъ нэхъ цIыкIу, хьэсэбэкъум дэмыту декIуэкIыу.
Куэтэныгу – чым къыхэщIыкIа гъуэлъыпIэ цIыкIу, чы гъэшахэр лъакъуэу щIэту, дэни пхьы хъууэ (нэхъыбэу зыхуащIыр сабий сымаджэхэрат, пщIантIэми дагъэувэу).
Куэщэпкъыщэ – Iэпкълъэпкъыр узу езэшын.
Кубз – зи кур ибзауэ фэбзым (болт) фIаIуантIэращ (гайка).
Кудэ – выгу, шыгухэм я шэрхъхэм зэлъэIэс я пкъыгъуэхэм, зэрамыгъэшхын, макъ ирамыгъэщIын папщIэ, щахуэ гущыхуэ (солидол хуэдэхэр).
Куейэгъу – зы куейм, зы псыхъуэм щыщхэр.
Кулакъ – шабзэм и бзэр зэрегъэубыда фэ кIапсэ быдэ.
Курмэ – зэрыдзэкIэ Iэмал.
Курмыщ – зым, и пкъыр зэфIигъащIэу, адрейм хуищI щхьэщэ щIыкIэ.
Курыбэ – махъсымэм хуагъэхьэзыра зэхэлъ гъэва.
Курыбз – кубзыр зэрырашэ (метчик для нарезания внутренней резьбы).
Курыжэ – езы щэкIым и мыфэгъу кусэ мащIэ.
Курызэ – лы зыдэлъ псыхьэлывэ цIыкIу.
Курыпс – цIыху щыпкъэ, пэж.
Кусабэ – кусэ куэд зыхэлъ (щэкIым е нэгъуэщI гуэрым).
КIаблащхьэ – жьэ бзаджэ зиIэ цIыху шэчыгъуей, угъурсыз.
КIаблэ – 1) дейм къыщIапIытIыкI псы, быдзышэ зыхуримыкъу е зимыгъуэтыххэ сабийр ирагъафэу щытащ (нарт эпос); 2) шыхэм (и нэхъыбэм) я узыфэщ, я кIэхэм цыр къыхэхуурэ блэм ещхьу пцIанэу къигъанэу.
КIапэзэгъэкIу – усэм и сатыр кIапэхэр зэщIэжьыуэмэ.
КIапцIэ узхэр – кIапцIэм (шхалъэм, ныбэм) къеуз узыфэхэр.
КIарэ – кхъуафэжьейр зэраунэтI хьэнцэ.
КIафэч – чы щабэ псыгъуэ, матэ, чий щабэ зэраху.
КIафэчий – адыгэ уэнжакъым щызэпрыу бжэгъухэм къытелъ чий щабэ, кхъуейплъыжьхэр, матэ кхъуейхэр, лы упIахэр щагъэгъуу.
КIахъуэщхьэхъуэ – зи кIэр пыхъукIа, зи фэр текIа щыгъын.
КIахъуэ – фэм хэтIысхьэ хьэпIацIэ цIыкIужьейхэм къагъэхъу фашхэ узыфэ, нэхъ зыхуэлъэ хабзэр Iэщым и кIэпкъымрэ и пщэмрэщ.
КIашэ – дзэм (зауэ щекIуэкI щIыпIэм) иужь къина и Iыхьэр зыхъумэ гупым я Iэтащхьэ.
КIащIэ – жыгым и къуэж, щхьэхуи гъумыфIи хъужауэ.
КIэбдзауэ – I) зи кIэбдз лъакъуэхэр къызыдэмыбзыж Iэщ, псэущхьэ (паралич); 2) зи кIэбдз лъакъуэхэр лъашэ.
КIэдыку – и зы лъэныкъуэр псы ежэхыу, адрей и лъэныкъуэр бжьэпэ лъагэу щыт лъахъшапIэ.
КIэдж – цIыху щхьэпсыншэ, теубыдэгъэншэ.
КIэломпI – цIыху кIэлъэф, щхьэхынэ, жьажьэ.
КIэлъыгъэхуабэ – нэхъыжь гуэр е я ныбжьэгъу гъуэгу щытехьэкIэ, абы и ежьэр тынш хъууэ узыншэу къигъэзэжын папщIэ, Тхьэ зэрыхуелъэIу ешхэ-ефэ цIыкIу.
КIэмастэ – бжьэ, хьэдзыгъуэнэ, бэдж лъэпкъхэм я шэрэз-уэулъэ (щхъухь зыхэлъ).
КIэмыщкъий – щIэпыр ятхъа нэужь, къанэ жэпкъ зэхэщащэ.
КIэнгъуэлъыпIэ – лъэрыгукIэ (ножной станок) щIа пхъэ гъуэлъыпIэ гъэщIэрэщIа (резные украшения).
КIэнжэ – кIасэ, нэхъыщIэ (адрейхэм елъытауэ, нэхъ гувауэ дунейм къытехьа, къалъхуа).
КIэнтIын – лъэмыкIын, хуабжьу гугъу дехьын.
КIэнцIикъ – жьы хъууэ, къарууншэ дыдэ хъужа цIыху.
КIэнцIыкъ – пхъэ хъурей цIыкIухэм щриджэгукIэ, ахэр гъуэм зэрырахулIэ баш (бита).
КIэнтIырашэ – вагъэбдзумэм и инагъыр зэрагъэпс пхъэIэщэ псыгъуэ.
КIэпэгъу – арщынищ хуэдиз и кIыхьагъыу кIы зыфIэлъ къамэ, лъэсыдзэхэм я Iэщэ лIэужьыгъуэ.
КIэпкъжэпкъ – цIыху пкъымызагъэ, хъындырхъыс (непоседа, егоза).
КIэплъыжь – бдзэжьей лъэпкъыгъуэ (красноперка).
КIэпIейкIэ нэф – япэм кIэпIейкIитIым, иужькIэ – кIэпIейкIэ ныкъуэм щхьэкIэ жаIэрт (грош).
КIэпсыгъуэ – «пащIэ» жыхуаIэ бдзэжьейм щыщ лъэпкъыгъуэ.
КIэрыныкъэн – кIэрыхъыжьэн, зыкIэрыщIэн.
КIэтIыгу (беслъэней) – хьэблэ, уэрам дэгу (закуток).
КIэхъумац – дэни къыщыщIидз бзылъхугъэ къэкIухьлъакъуэм хужаIэ.
КIэщуэщ: кIэщуэщ хъужмэ – зэман тIэкIу дэкIыу, Iуэхур ужьыхыжмэ.
КIеиблэ – жыгым пыс блэ лъэпкъ (древесная змея).
КIысэн – джыдэкIэ зыгуэр упсын (гудзэ, кIы).
КIыщхъун – жылэ трасар къэмыкIын, надэу къыщIэкIын.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 18:09 →
Куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ
11.03.2026 - 15:12 →
Зы хъыбар
06.03.2026 - 17:48 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
06.03.2026 - 15:40 →
ЩIыуэпсымрэ цIыхупсэмрэ
05.03.2026 - 12:17 →
Анэм и уэрэдым теухуауэ
| ||




