Анэм и уэрэдым теухуауэ

Бзылъхугъэр усакIуэхэм, уэрэдусхэм ягъэлъапIэ, псалъэ къыхэщыпыкIахэмкIэ ягъафIэ. Анэм хуауса уэрэдхэр, усэхэр псэм щIыдыхьэр а псалъэм хуабагъэу къыпкърыкIыр къару нэрымылъагъукIэ зэрызыхэтщIэр арагъэнущ. УсакIуэ, уэрэдус, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Вындыжь Марие иуса уэрэдхэм куэду яхэтщ и анэм теухуахэр. Бзылъхугъэхэм я махуэм щIыхькIэ нобэ абыхэм къахэбгъэщхьэхукI хъунущ «Мамэ» усэр. Абы макъамэ щIэзыгъэувари зыгъэзащIэри егъэджакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэщ. Уэрэдым и псалъэхэм адэкIэ фыкъыщеджэ.

ГЪУЭТ Синэ.

                               Мамэ

Мамэ, сынэкIуэжмэ, пщIантIэр нэкIэ щIызощыкI,

Мамэ, уи макъ щабэр IэфIу пэшым къыщIоIукI.

Къуалэбзу макъамэу уи бзэр зэхызох,

Псэм ухэлъу гъащIэр кIуэну къыхызох.

 

Мамэ, бзэ сIурылъым и къежьапIэр уэрщ,

Мамэ, си гухэхъуэр, гурыфIыгъуэр уэрщ.

 

Мамэ, уи нэкIу дахэм Iэ дызолъэри сыноплъ,

Мамэ, нэ фIыцIитIыр гуапэу нэбжьыцхэм къахоплъ.

СыноплъыхукIэ, си гум IэфIу зегъэпсэху,

Дуней псор сысейкъэ, уэ усхуэпсэуху?!

 

Мамэ, бзэ сIурылъым и къежьапIэр уэрщ,

Мамэ, си гухэхъуэр, гурыфIыгъуэр уэрщ.

 

Мамэ, дыжьыныфэ хъуа уи щхьэцым ба хузощI,

Мамэ, уэркIэ анэ псоми щхьэщэ яхузощI.

Къуалэбзу макъамэу уи бзэр зэхызох,

Псэм ухэлъу гъащIэр кIуэну къыхызох.

 

Мамэ, бзэ сIурылъым и къежьапIэр уэрщ,

Мамэ, си гухэхъуэр, гурыфIыгъуэр уэрщ.

 

Мамэ, услъэгъуарэт жиIэу си гум сынешэж,

Мамэ, нэгу щIэкIахэр гъащIэм нобэ къыподжэж.

Гъэ блэкIахэм къысхуегъэзэжатэмэ,

Гугъуехьыншэу уи гуфIэгъуэр згъэбэгъуэнт.

 

Мамэ, бзэ сIурылъым и къежьапIэр уэрщ,

Мамэ, си гухэхъуэр, гурыфIыгъуэр уэрщ.

Поделиться: