ЩIалэгъуалэр зэщIагъэуIэ

Урыс географие зэгухьэныгъэм и «ЩIыуэпс шынагъуэншэ» проект хэхам хэтхэмрэ студентхэмрэ зэхуэзащ. Ахэр тепсэлъыхьащ  щIалэгъуалэм къыщалъхуа хэкур зрагъэцIыхунымкIэ щыIэ Iэмалхэм, бгыхэм шынагъуэншэу къызэрыщыпкIухьынум, нэгъуэщIхэми.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм Туризмэм зегъэужьынымкIэ и къудамэм и унафэщI Къаскъул Виолеттэ, КъБКъУ-м и ректорым и дэIэпыкъуэгъу, географие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урыс географие зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ советым хэт Шагин Сергей, университетым МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым и унафэщI Лыджыдэ Рэмэзан, Урыс географие зэгухьэныгъэм и «ЩIыуэпс шынагъуэншэ» проект хэхар къызэзыгъэпэща, зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуалэ центру республикэм щыIэм и унафэщI,  лъахэхутэ Мокаев Тенгиз, ЩIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ инновацэ лэжьыгъэмкIэ управленэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ пажэ Дыкъынэ Андзор, «Альтаир» щIалэгъуалэ клубым и унафэщI Бочаровэ Алинэ сымэ.

Бочаровэ Алинэ тепсэлъыхьащ 2017 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къызэригъэпэща «Альтаир» щIалэгъуалэ клубым и тхыдэм. Клубым и мурад нэхъыщхьэр къыдэкIуэтей щIэблэм къэралым и географиер, тхыдэр, щэнхабзэр егъэджынырщ. НобэкIэ «Альтаир»-м егъэзащIэ грант къызэрихьа проектищ: «Шынагъуэншагъэм и школ», «ТекIуэныгъэм и гъуэгухэмкIэ», «Туризмэмрэ лъахэхутэмкIэ еджапIэ».

ЗэIущIэм хэтахэр еплъащ клубым хэтхэм я зекIуэхэм теухуа видеороликхэм.

ЩIалэгъуалэр яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ Мокаев Тенгиз жиIэжа хъыбархэм, езыри и гуапэу и зэфIэкIхэмкIэ ядэгуэшащ:

  • ХъуэпсапIэхэр къохъулIэ абыхэм ерыщу уащыхуэкIуэкIэ. ЩыIэщ IэщIагъэ - цIыхухэр насыпыфIэ ищIу, и хэку цIыкIур иригъэлъапIэу. Ар гидымрэ экскурсоводымрэ я лэжьыгъэрщ. Сэ иджыри сыстуденту зыплъыхьакIуэ сыкIуэн щIэздзат. Иджы Iэмал лIэужьыгъуэ куэдым я зэманщ, Урысейри Iэмалхэм я къэралщ.

Мокаевым къыхигъэщхьэхукIащ зи ужь ит проектыр университетым, Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэм, Урыс географие зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм зэдащIэ Iуэхуу зэрыщытыр. 2017 гъэм абы Безенги гъэунэхуныгъэ лагеру щригъэжьа Iуэхуращ шынагъуэншагъэмкIэ школым лъабжьэ хуэхъуар. «Туризмэр, лъахэхутэр, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр зэпыпщIэмэ, гъэщIэгъуэн къудей мыхъуу, икIи щхьэпэу зэрыщытынур къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ. 2017 гъэ лъандэрэ ди проектым хэтащ ныбжьыщIэ мин. Ар куэдым я дежкIэ сэбэп хъуащ зыхуей IэщIагъэр къыхахынымкIи: гид, къегъэлакIуэ, географ е медик IэщIагъэхэм хуеджэну иужь ихьахэр диIэщ, - жиIащ Мокаевым.

Къапщтэмэ, проектым хэтхэр комплекснэу ирагъаджэ: къуршхэм шынагъуэншэу къызэрыщыпкIухьынум и хабзэхэр, фэбжь зыгъуэта цIыхум япэ дэIэпыкъуныгъэ зэрептынур, зыплъыхьакIуэхэм яIыгъ Iэмэпсымэхэр къызэрыбгъэсэбэпынур, нэгъуэщIхэри хохьэ. А псом къадэкIуэу, гъэсэныгъэми гулъытэ хэха хуащI. КъищынэмыщIауэ, Урыс географие зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэм хэтхэм фэеплъ пхъэбгъу Таракла бгым щагъэуващ Кавказым папщIэ екIуэкIа зауэм (1942-1943) и лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэр мыкIуэдыжын щхьэкIэ.  Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ иныр къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа апхуэдэ фэеплъ пхъэбгъу щагъэуващ Су-Акан бгъуэнщIагъми. Ахэр сэбэп мэхъу щIэблэм тхыдэ фэеплъхэм пщIэ хуащIу егъэсэнымкIэ. 

Тенгиз къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Урыс географие зэгухьэныгъэм мы гъэм къызэригъэпэщыну федеральнэ лагерхэм, абы ди студентхэр кIуэ хъунущ: Бгы лагерь (Алтай Республикэ) - мэкъуауэгъуэм и 18-25-хэм, Псы лагерь (Новгород Ищхъэрэ область) - мэкъуауэгъуэм и 29 – бадзэуэгъуэм и 5-хэм, Мэз лагерь (Карелие) — бадзэуэгъуэм и 11-17-хэм, Шэд лагерь (Томск область) - шыщхьэуIум и 16-23-хэм, Спелеологие лагерь (Башкортостан) - шыщхьэуIум и 29 - фокIадэм и 5-хэм.

ЗэIущIэр щиухым, Къаскъул Виолеттэ щIалэгъуалэр къыхуриджащ я гум жиIэр къыхахыну, гуфIэгъуэрэ сэбэпынагърэ къызыпэкIуэ дерсхэр куэду яIэну. «Быдэу си фIэщ мэхъу дяпэкIэ фэ фщыщ дэтхэнэми щалъхуа щIыналъэм и дахагъэр къызэIуихыну жэрдэм зэриIэнур. Езыр-езыру е фи ныбжьэгъухэм я гъусэу зекIуэ фежьэн хуей хъумэ, зызыхуэвгъэзэнур фощIэ иджы», - къыхигъэщащ КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэм.

Сыт хуэдэ жэрдэмми гъуэгу игъуэтынымкIэ щIалэгъуалэм зэрызыщIагъэкъуэр жиIащ Лыджыдэ Рэмэзан. Абы къыхигъэщащ еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIхэр Урыс географие зэгухьэныгъэм и проектхэм студентхэр хэшэнымкIэ щIэгъэкъуэн хъуну зэрыхьэзырыр, къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэр я пщэ далъхьэну Iэмал зэраIэр.

Мокаевым гулъытэ хуищIащ хэкупсагъэр пэжу къыбгурыIуэным мыхьэнэ зэриIэм: «Хэкупсагъэр удз гъэгъахэр фэеплъхэм телъхьэным и закъуэкъым къэзыгъэлъагъуэр. ПхъэнкIий хыфIумыдзэныр, кIэрыхубжьэрыху урихьэлIамэ, пэгуным иплъхьэныр ари хэкупсагъэщ. Уи хэкур фIыуэ щыплъагъуфынур ар фIыуэ пцIыхумэщи, ари фигу ивгъэлъ».

 Iэрыс Iэсият.

Поделиться: