Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъхэр ягъэбыдэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ творческэ гупышхуэ хэтащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр Белгород областым къыщыщызэIуаха зэхыхьэм.

Белгород областым и щыхьэр Белгород къалэм махуэшхуэр концерт гукъинэжкIэ къыщызэIуахащ. Абы хэтащ езы щIыналъэми и артистхэр. ХьэщIэ лъапIэхэм ящыщт Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэу Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэ курыххэр зыгъэлъэгъуахэр. Концертыр ягъэдэхащ республикэр зэрыгушхуэ, дуней псом къыщацIыхуа «Кабардинка», «Балкария» къэрал къэфакIуэ ансамблхэмрэ уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэмрэ.

Лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр зыщыгъ артистхэм пшыхьыр ирагъэжьащ Бирюков Эдуард игъэзащIэ «Люди – Родина моя» уэрэдымкIэ.

Белгород щыпсэухэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ Белгород областым и губернаторым и къуэдзэ Пономарёв Илья. Абы жиIащ къэралым и тхыдэм уриплъэжмэ, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр - зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ зыужьыныгъэмрэ я лъабжьэу зэрыщытыр, Хэку зауэшхуэ зэманым Урысейм ис лъэпкъ щэ бжыгъэхэр зэкъуэувэу бийм зэрыпэщIэтам и фIыгъэкIэ, Белгород щIыналъэр 1943 гъэм щхьэхуит къызэращIыжауэ щытар, ноби зи щхьэ къэзыIэта нацистхэм апхуэдэ дыдэу зэрапэщIэтыр. Пономарёв и псалъэм щIигъужащ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр къэралым и зыужьыныгъэм щыхьэт зэрытехъуэр, Белгород областыр зыхуэныкъуэ псомкIи Урысейр зэрыдэIэпыкъур, мы зэман мытыншыр къызэранэкIын папщIэ.

 - Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и цIэкIи, си щхьэм къыбгъэдэкIыуи белгороддэсхэм фи махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу! – жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. – Къэралыр зыгъэлъапIэр, зыгъэиныр, абы зезыгъэужьыр и цIыхухэрщ. Мы щIыналъэм щыслъэгъуащ зи нэгур зэIухауэ гуфIэ, зи псэр дахэ цIыху гуапэ куэд.   Къумахуэ Мухьэдин Iуащхьэмахуэ къызэрыщ сурэтыр Пономарёв Илья иритащ. Абы и жэуапу тыгъэ къыхуащIащ Белгород и щIыуэпс дахэр къыщыгъэлъэгъуа сурэт.

 Концертым и япэ Iыхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Белгород областым щIыхь зиIэ и къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ. Пшыхьыр игъэдэхащ «Голос» проектым щытекIуа ныбжьыщIэ, «Матушка-Земля» уэрэдыр гум дыхьэу зыгъэзэщIа Кареевэ Машэ. ЕтIуанэ Iыхьэм утыкур хуит хуащIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа хьэщIэхэм. Бысымхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ ансамблхэм я артистхэм.

 Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Белгород областымрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ зэпыщIэныгъэ быдэхэр яку дэлъу къокIуэкI, ди республикэм и санаторэхэм я сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ. Ди щIыналъэм икIахэр махуэшхуэм зэрыхэтар щхьэпэнущ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, щэнхабзэ IуэхукIэ зэхыхьэным. Къэралым и къару нэхъыщхьэр абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ, 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу игъэуващ. Мы илъэсым къэралым къыщызэрагъэпэщыну зэхыхьэхэмкIэ я къалэнщ лъэпкъи 190-м, бзэ, диалект 277-м ирипсалъэхэм яку дэлъ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ ягъэбыдэну, щэнхабзэ, бзэ лIэужьыгъуэхэр яхъумэну. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу, мы гъэм япэу ягъэлъэпIэнущ УФ-м щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм я махуэмрэ (мэлыжьыхьым и 30-м), УФ-м ис лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэмрэ (Гамзатов Расул къыщалъхуа фокIадэм и 8-м).

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться:

Читать также: