Куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ

Мысыр литературэм новеллэ жанрым и лъабжьэр щызыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ щытащ Лашын ТIэхьир Мыхьмуд. Абы и гъащIэм, и лэжьыгъэм дыщигъэгъуэзащ журналист, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

«Лашын ТIэхьир Мыхьмуд адыгэ офицер унагъуэм къыщалъхуащ 1894 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м. Инженер еджапIэр къиуха нэужь, ТIэхьир куэдрэ Iуэху щищIащ ЛэжьыгъэхэмкIэ департаментым. Абы Iэзэу ищIэрт къыдалъхуа и адыгэбзэр. Ар хэту щытащ 1935 гъэм Каир къыщызэIуаха «Адыгэ зэкъуэшыныгъэ» Хасэм. Лашын къуэшыгъэкIэ япыщIат адыгэ куэдым, Сирием, Иорданием, Тыркум щетIысэха ди лъэпкъэгъухэм. ТхакIуэ цIэрыIуэм фIыуэ ицIыхурт Амман щыщ адыгэ студентхэу Нэгуэр Наурыз, Архагъэ Хьисэ, Шурдым Ахьмэд сымэ, ХХ лIэщIыгъуэм и 40 - 50 гъэхэм Каир щеджауэ щытахэр.

Лашын ТIэхьир пасэу дихьэхащ литературэм. 1925 гъэм, нэгъуэщI тхакIуэ щIалэхэри щIыгъуу, абы къызэригъэпэщащ «ЕджапIэщIэ» хасэр икIи абы илъэситIкIэ къыдигъэкIащ «Фаджр» журналыр. Абы и напэкIуэцIхэр зыхухахыр езыхэм я IэдакъэщIэкIхэм я закъуэтэкъым, атIэ зи жьауэ щIэт инджылыз, франджы, нэмыцэ, урыс литературэхэм щыщ зэрадзэкIырти традзэрт. 1926 гъэм Исамадин Насиф щIыгъуу ТIэхьир хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Достоевский Федор и повесть «Вечный муж» жыхуиIэр.

«ЕджапIэщIэм» и лъэхъэнэм ирохьэлIэ адыгэ щIалэм и хъыбархэр щызэхуэхьэса япэ тхылъитIыр - «Бжьамийм и пыдыхьэшхыкI», «ЯIуэтэж...» зыфIищахэр - къыщыдэкIа зэманыр.

1934 гъэм Крачковский Игнатий и тхыгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щитхащ: «ТеймуритIми я IэдакъэщIэкIхэм икъукIэ куэд ялэжьащ иджырей тхакIуэхэм я лъэхъэнэм дежкIэ; иджырей хьэрып литературэм псори зыхущIэплъ жанр нэхъ зыкъизых щыхъуащ новеллэр. Абыхэм я лъэхъэнэгъуу къэдгъэлъэгъуэфынущ Убейд зэкъуэшхэр е «Бжьамийм и пыдыхьэшхыкI», «ЯIуэтэж...» тхылъхэу ауанкIэ псыхьахэр зытха Лашын ТIэхьир».

Теймур Мухьэмэди новеллэхэм и фащэкIи, и куцIкIи поджэж Лашыным и новеллэ «Къуажэм теухуа гукъэкIыж» жыхуиIэр, «ЯIуэтэж...» тхылъым итыр. Ар къызэрыщIидзэр мыращ: хъыбарыр къэзыIуэтэжыр и ныбжьэгъум щIыгъуу макIуэ къыщалъхуа, щапIа, къыщыхъуа къуажэм. Ахэр абы нос мэрем махуэу икIи я щхьэ Iуэху тIэкIу зэрахуэну хуожьэ.

Япэ псалъэхэм къыщыщIэдзауэ гу лъыботэ хабзэу къекIуэкI къуажэ гъащIэр къетхэкIыныр тхакIуэм IэщIыб зэрищIыр.

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм мысыр тхакIуэхэм хьэл яхуэхъуауэ щыта этнографие узэдыкIэм пэIэщIэщ ар. МэкъумэшыщIэ псэукIэм хэлъ сыт хуэдэ Iуэху я нэхъ жьгъейри тхакIуэм къелъытэ икIи мыхьэнэшхуэ ирет, къалэн ин игъэзэщIэн хуейуэ тхыгъэм хигъэувэурэ. МэкъумэшыщIэхэм я тхьэмыщкIагъэр нэхъ къыхэгъэбелджылыкIауэ къегъэлъагъуэ абы: щыгъынхэр фIыцIэщ икIи зэхэчэтхъащ; зэхэукIауэ, имычэзууэ жьы хъуа цIыхухэр, узым зэблишарэ пщIэнтIэпсымрэ гугъуехьымрэ зэрагъэлымпIыжа нэкIу зэлъахэр гъащIэм дощыгъуэ; фаджэу, ныбаджэу, сымаджэу зи сабиигъуэр къуажэ уэрам фIейм щызыхь ныбжьыщIэ лъамцIэрыщэхэр къамылъхуами нэхъыфIтIи жыуагъэIэу къулейсызщ. КIэщIу жыпIэмэ, Лашын сыт хуэдэ Iэмалри къегъэсэбэп хэкум илъ залымыгъэр нэхъ гущIыхьэу къигъэлъэгъуэн папщIэ. Уеблэмэ псы зэрыщIагъэлъадэ шэрхъышхуэхэр зыгъэкIэрахъуэ вы ешахэм дунейр зэрафIэмыIэфIыжри щыхьэт тохъуэ мысыр жылагъуэм зы IэфIыгъэ закъуи, зы гурыфIыгъуэ гуэри зэрыдэмылъым.

ТхакIуэм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу къигъэлъэгъуащ мэкъумэшыщIэхэм я гъащIэр зэрыщыт дыдэр. Пэжщ, абы зи гугъу ищIхэм теухуауэ «щIэн хуейр мыращ» жиIэу зыми триубыдэркъым, атIэ илъагъу псор тхыгъэкIэ игъэбелджылыуэ аращ. Апхуэдэу фIэкIа имыщIми, а къигъэлъэгъуэжыр апхуэдизкIэ Iэзэу икIи гум хыхьэу уи пащхьэ кърегъэувэри, плъэмыкIыу уогъэщIагъуэ псалъэм и къарумкIэ абы зэфIигъэкI лэжьыгъэм и инагъыр.

Лашыным зи гугъу ищIхэм я пэжагъыр пепхьэх хъунукъым реалист унэтIыныгъэщIэм тет иджы­рей тхакIуэхэу Шаркауи Абдурахьмэнрэ (I920 гъэм къалъхуащ) Идрис Исуфрэ (I927). Новеллэ зыбжанэм адыгэ тхакIуэм къыщеIэт цIыхубз гъащIэм теухуа упщIэхэр икIи абыхэм я жэуап къилъыхъуэурэ сэтей къещI бзылъхугъэм и Iуэху зыIутыр. Щапхъэ белджылыхэмкIэ дегъэлъагъу хуитыныгъэ зимыIэ щхьэлъащIэр гугъу зэрехьыр. «ЖыIэдаIуэм и унэ» хъыбарым лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт Наимэ цIыхубз щIалэщ икIи дахэщ. «Ар зэрыгуакIуэм лъабжьэ хуэхъур, - етх Лашын ТIэхьир, - мыIэрысэм хуэдэ и нэкIуркъым, шатэм хуэдэу и напэ хужьыркъым, мазэ ныкъуэм хуэдэ и набдзэ къурашэркъым, щам чыцIыбжьэхэр уигу къэзыгъэкI и пэ захуэркъым. Ар - мис а псэкупсэ дахагъ жыхуэтIэу сурэтыщIхэр къызэщIэзыIэтэ, усакIуэхэр мыжеиж зыщI дахагъэу цIыху гъэсам и унэм щIыхьэ насыпырщ». И насыпыншагъэти, Наимэ и щхьэгъусэ Мыхьмуд цIыху жьейщ, дыджщ. Абы На­имэ фызу къыщIишар унэрэ феддан зыбжанэ хъу щIапIэрэ зэриIэрщ. Наимэ и лIым дихь гъащIэр мыгъуэщ, гуныкъуэгъуэхэмыкIщ.

КъикI щымыIэми, мызэ-мытIэу абы и мурадащ апхуэдэ псэукIэм зригъэхъуэжыну, щымыхъум, Мыхьмудым къыбгъэдэкIыжащ. Ауэ абы и лIыр хуейтэкъым и фызымрэ езымрэ зэбгъэдэкIыжыну. Арати, хеящIэм унафэ ищIащ зилI дэпсэужыну хуэмей муслъымэн цIыхубзхэр здэщыIэ щIыпIэм Наимэ ягъэкIуэну.

Езыр зэрыхуейуэ зи гъащIэр зыухуэну хэта бзылъхугъэм и мурадхэр пщIыхь дахэм хуэдэу щылъэлъэжым, апхуэдэ хуитыныгъэ зэримыIэри къыгурыIуэу и гугъэр абы щыхихыжым, Наимэ къегъэзэж Мыхьмуд деж, къегъэзэж, хамэлI и гупэ хэгъуэлъхьэну къыхуихуа нэужь.

Мыхьмуд и гуфIэгъуэм гъуни нэзи иIэтэкъым икIи ар къызыхэкIар и щхьэгъусэм къызэрыригъэгъэзэжыфаратэкъым, атIэ лъэпкъ хъункIэ зыщыгугъ сабийр къыщалъхуну зэманыр къызэрыблэгъарт.

Пщащэм и гурыщIэхэмрэ адэ-анэхэм я мурадхэмрэ зэгурымыIуэу зыщызэраупсейм теухуа новеллэхэри иIэщ Лашын ТIэхьир. Абы и роман «Хьэуа зыщIымыгъу Iэдэм» жыхуиIэр 1934 гъэм дунейм къытехьащ. Ари зытеухуар егъэджакIуэ цIыхубзщ, Мысырым япэу щхьэхуит щыхъуа бзылъхугъэхэм ящыщ зыщ.

40 гъэхэм и пэщIэдзэм зэчиишхуэ зиIэ тхакIуэм тхэн щигъэтащ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари зым и дежкIи мыгурыIуэгъуэу. ТIэхьир и иужьрей тхылъу новеллэхэр щызэхуэсар, «Жьым ихь щхьэтепхъуэр» зыфIищар, 1940 гъэм Каир къыщыдэкIащ. Абы иужькIэ Лашыным тхылъ къыдигъэкIын дэнэ къэна, газетхэм, журналхэм зыри къытрыригъэдзакъым, япэм абыхэм щIэмычэу и хъыбархэр традзэу щытами.

Урыс литературовед Коцарев Николай къызэрыхигъэбелджылыкIымкIэ, «Лашын и IэдакъэщIэкIхэм хьэл нэхъыщхьэ хуэхъуахэм ящыщщ купщIэмрэ а купщIэр зыкIуэцIылъ фащэмрэ зэрызэпэшачэр. Абы и зэманым апхуэдэ ущрихьэлIэр зэзэмызэххэт. Лашын и лIыхъужьхэр икъукIэ куэд мэхъу. Абыхэм я дунейр зыхуэдэмкIэ тыншу уи нэгу къыщIэбгъэхьэфынущ зауитI зэхуаку лъэхъэнэм мысыр жылагъуэр (псом хуэмыдэу къалэ гъащIэр) зэрыщытар.

Лашыным и лIыхъужьхэм щыщ куэд гъуэгу зэхэкIыпIэм щыгупсысэу урохьэлIэ, къыхахынур ямыщIэу: е заукIыжын хуей мэхъу, е къэзыухъуреихьыр псэм темыхуэж мэхъури, ар имыбгынэу хъуркъым. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэмрэ къызэщыуныгъэ, къэщIэрэщIэжыныгъэ, е нэгъуэщI гуэру «нэхьдэ» псалъэм къиубыдхэмрэ зэтемыхуэу къилъытэрт тхакIуэм.

Лашын ТIэхьир 1954 гъэм дунейм ехыжащ. Абы и хъыбархэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Мэзкуу къыщытрадзащ «Мысыр новеллэхэр», «Хьэрып прозэ» сборникхэм. 1960 гъэм адыгэ тхакIуэм и тхыгъэ псори зэхуэхьэсауэ Каир къыщыдэкIащ. Абы пэублэ псалъэ хуитхащ мысыр новеллэтх цIэрыIуэ, литературовед икIи дипломат Хакъкъи Яхья».

 

Къэбарт Мирэ.

 

Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик