Адыгагъэм хелъагъуэ къабзагъэ
- ФатIимэ, уи лэжьыгъэмкIэ къыщIэдгъадзэт. - Пэжым ухуеймэ, къэрал къулыкъум сыпэрытыным сызэрыцIыкIурэ сехъуапсэрт. Си ныбжьэгъу цIыкIухэр дохутыр, егъэджакIуэ, пщафIэ хъуну щыщIэхъуэпсым, сэ а IэщIагъэхэм сыдахьэхыртэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым юрист IэщIагъэр щызэзгъэгъуэтащ, магистратурэм щызджащ налогхэм епха экономикэр. Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм республикэм щиIэ IуэхущIапIэм сыщолажьэ. ЩIыналъэм и экономикэм сэбэп узэрыхуэхъур щызыхэпщIэм деж, уи лъэр щIэкIыу Iуэхум упэрытщ. - Уэ икIи упшынауэщ. Къулыкъу щIэнымрэ пшынэ еуэнымрэ зэхуэхьыгъуейщ. - Илъэситхум ситу си анэм сишауэ щытащ фортепианэм щыхуагъасэ макъамэ еджапIэм. Абы щыгъуэм пшынэми сыхуеплъэкIыу щIэздзащ. Си анэм и щIалэгъуэ сурэтхэм яхэтт пшынэ иIыгъыу зытригъэхауэ щытахэр. Пшынэр зэриIыгъыр зыкIэ езгъэкIурти! Къапщтэмэ, ди унагъуэм щIэсхэм псоми макъамэр фIыуэ ялъагъу. Си адэм адыгэ уэрэдыжьхэр фIэфIщ, си дэлъху нэхъыжьитIыр макъамэм хуеджащ – зыр пшынэм, адрейр – бэрэбаным. Фортепианэм щыхуагъасэ еджапIэр къэзуха нэужь, пшынэм сеуэфу зезгъэсэну си гуращэу сыхыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Къуэдз Абубэчыр и гупым. Нэхъапэхэми си дэлъхум сыщыздишэ къэхъурт абы и деж, езыр хэтти. Къуэдзым и гупыр зы унагъуэ хуэдэу дызэхущытт. Пшынэм дыхуигъасэ къудей мыхъуу, адыгэгуу дипсыхьырт. Адыгэ хабзэм, нэмысым, нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэм, цIыху хэтыкIэм къытхутепсэлъыхьырт куэдрэ. ЦIыху 40 хуэдиз хъу ансамблыр пшынэ зэдригъэуэфырт – ар егъэлеяуэ гугъущ. Ди гъэсакIуэм хузэфIэкIащ зи нэм имылъагъу хъыджэбз цIыкIур фIы дыдэу пшынэ еуэу игъэсэн. Къуэдзым и гупым сыхэтащ сфIэфIу, концертхэм, фестивалхэм куэдрэ дишэрт абы. Къуэдз Абубэчыр цIыху гъуэзэджэщ. Апхуэдэхэращ «щэджащэщ», «и псэм еблэжыркъым» зыхужаIэр. Си насып кърихьэкIауэ къызолъытэ, абы и зэфIэкIыр, и цIыху щIыкIэр сэ зэрызыхэсщIар. - Нэхъ пасэмрэ нобэмрэ адыгэ пшынэ еуэкIэм зэтехуэу е зэщхьэщыкIыу сыт яхэлъыр? - ЗыгуэрхэмкIи зэщхьэщокI пасэм щыIа пшынэ еуэкIэмрэ иджырейхэм я макъамэ къигъэкIыкIэмрэ. Бзэрабзэр нэхъ халъхьэ хъуащ ди зэманым. Пшынэ еуэным теухуауэ IэмалыщIэхэр къызэрагупсысари Iуэхум къыхэлъытапхъэщ. Иджырейхэр тогушхуэ къафэ-уэрэд зэхалъхьэну. Пшынауэ нэхъыжьхэм гугъу ехьу зэрагъэгъуэта, яхъума IэщIагъэщ мыр. ЖысIэнуращи, ди зэманым куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ макъамэр пшынэм къибгъэкIыну. Жыжьи дыIэбэнкъым, псоми ди жыпым илъ телефоныр лъэщу къосэбэп пшынэр бгъэбзэрабзэу зебгъэсэнымкIэ – зэрызыбгъасэ теплъэгъуэхэм уеплъ мэхъу е гуфIэгъуэ Iуэху ухэту зыгуэрым и пшынэ еуэкIэр уи гум дыхьамэ, абы видео тепхыу а макъамэр къибгъэкIыу зебгъасэ мэхъу. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна пшынэбзэрщ дэ диIэр, ауэ ар бгъэщIэращIэ, уи гупсысэ хэплъхьэ мэхъу. - Иджырей адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм теухуауэ сыт хуэдэ гупсысэхэр уиIэ? - ХьэгъуэлIыгъуэр щхьэж зэрыхузэфIэкIым е къызэрыгурыIуэм хуэдэу ирегъэкIуэкI. Си гум нэхъ дыхьэр хьэтиякIуэ зыхэт джэгурщ. ЗэрегуакIуэу утыкум къимылъадэIауэ джэгу ухэтыныр нэхъыфIщ. - Бзэм и гугъу дыгъэщI. ЩIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъынымкIэ хэт къалэныр нэхъыщхьэу къызытехуэр? - Бзэр хъумэнымкIэ япэ дыдэу жэуап зыхьыр унагъуэрщ. Си жагъуэщ адыгэхэр урысыбзэкIэ зэпсалъэу щызэхэтым деж. Анэдэлъхубзэр нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ Iэмал имыIэу зэIэпахын хуей хъугъуэфIыгъуэщ. Аращ дэ лъэпкъ щхьэхуэу дунейм дытезыгъэтыр. - Сыт хуэдэ тхылъ нэхъ узэджэр? - Нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр художественнэ тхыгъэхэрщ. Псом япэ къыхэзгъэщынут Айтматов Ченгиз. Абы и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхышащ цIыху гъащIэр зэрылъапIэр, цIыхугъэр пфIэкIуэд зэрымыхъунур, щIыуэпсым къабзэу ухэпсэукIын зэрыхуейр. «Плаха» романыр къытезгъэзэжурэ щIызоджыкI. Мыри къыхэзгъэщынут: тхыгъэ щхьэхуэм электронэ жыпхъэмкIэ седжэну сфIэфIкъым, езыр тхылъыр сIэщIэлъын хуейщ. - Адыгэм и шыфэлIыфэ нэхъыщхьэр сыту пIэрэ… - Ар зы псалъэкIэ къыпхуэгъэлъэгъуэну къысщохъу. Къабзагъэ!
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 12:26 →
ЩIалэгъуалэр зэкъуэзыгъэувэ Iуэху
12.08.2026 - 18:53 →
Ахупс – Афыпсыпэ
10.08.2026 - 12:49 →
ЩIэныгъэм зэрызиужьым и нэщэнэу
07.08.2026 - 17:00 →
ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр
24.07.2026 - 12:40 →
Чэнджэщрэ щапхъэкIэ яунэтI
| ||





Мэшыкъуэ ФатIимэ федеральнэ налог къулыкъущIапIэм республикэм щиIэ и IуэхущIапIэм налогхэмкIэ и инспекторщ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэщIагъэм къыдэкIуэу ар икIи пшынауэщ. Нэхъыщхьэжращи, адыгэпсэщ, лъэпкъым и щэнхабзэм, гъуазджэм, хабзэ-нэмысым, зыIыгъыкIэм теухуауэ и гупсысэхэм арэзы укъащI. Дыхуейщ ФатIимэ къыджиIам фыщыдгъэгъуэзэну.