Бжэныцрэ хьэцыпэу зыщызэбграпхъ

Хьэршыр гъунэгъу зыхуэщIыным хуэгъэпса NASA зэгухьэныгъэм (США) щылажьэ астрофизикхэм къызэрапщытамкIэ, уахэм и зы къуэгъэнапIэ хэгъэщхьэхукIам деж вагъуэ гуэрэнышхуэ абрагъуэу щызэхэтхэм (галактикэхэм) къахэщхьэхукIаитIым гъунэгъуIуэ зызыхуащIащ. 
ГъэщIэгъуэну къащыхъуа а къэхъугъэм и зыхъуэжыкIэм астрономхэр кIэлъыплъащ ЩIым езыр-езыру екIэрэхъуэкI спутникхэм язым хащIыхьа лъэщапIэм (обсерваторэм) хабза Хаббл телескопымкIэ. 
Лъыгъуэзахэм гу зэрылъатамкIэ, уахэ жыжьэм щызэхуэкIуэ галактикэхэр «Антеннэ» зыфIаща къинэмыщI вагъуэ Iэрамэм и гъунэгъущ. Нэхъапэм щIэныгъэлIхэм а тIур халъытэрт хьэрш пхыдзам нэхъ «зыщызымыгъэпIейтей» гуэрэн зэпIэзэрытхэм, ар я щхьэусыгъуэуи хабжат«я хьэл-щэнкIэ» ди Шыхулъагъуэм (дыщыпсэу вагъуэ гуэрэным) ещхьхэм. АтIэми, NASA зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм наIуэ къызэращIауэ, зи гугъу тщIы вагъуэ Iэрамэхэм «мамырыфэ» етплъыныр абдежым щыщыдгъэтми хъунущ. 
Астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа галактикэхэм хуабжьу «къатехьэлъащ» зэхыхьэжын Iуэхур. Щызэбгъэдыхьэм, я зэпыхьэпIэм къыдэхута вагъуэ бжыгъэу ди Дыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ зэрамыщIэхэр къахэнэ щымыIэу зэпкърыщэщащ, я хэщIапIэу щытам деж гъуэзыпшэ лъагъуэу зызыхэзыша лъэужь шынагъуэхэр къыщагъанэу. А щIыкIэм тету вагъуэ гуэрэнитIым я «щхьэлым» зыми хуумыгъэдэн теплъэ иIэу къыдэщэщыкIа кIагъэпшагъэм япэщIыкIэ плъыжьыфэ-дыщафэу, кIэлъыкIуэу щIыхуфэ зытригъэлъэдэжауэ астрономхэм закъригъэлъэгъуащ.  
ЩIым екIэрэхъуэкI спутникым хагъэбыдыхьа Хаббл телескопым уахэ жыжьэм мыпхуэдэ Iуэху телъыджэхэр зэрыщекIуэкIым гу лъимытэныр Iэмал зимыIэт, щыкIэлъыплъа дакъикъэхэми къриубыдэу хьэршым галактикитI зэрыщызэхыхьэжыр къэзыгъэнаIуэ видео-теплъэгъуэхэри, нэхум и ультрафиолет спектрым къыхиубыдыкIри, трихащ. 
Еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, хьэрш пхыдзам нэрылъагъуу зыщызэзыхъуэкI плъыфэбэр щыхьэтщ а щIыпIэм щызэIущIэ вагъуэхэр гуих дыдэу зэрыщыкIуэдым, уеблэмэ абдежым «дыгъэщIэхэри» къызэрыщыунэхум. Ауэ щыхъукIи, вагъуэщIэхэр щIыпIэ жыжьэм къызэрыщыунэхур астрономхэм къызэращIар абыхэм зыщахъуэжкIэ къапкърыпсыкI нурыбэу ультрафиолет спектрым хиубыдэхэмкIэщ. 
АтIэми, ди гуапэ зэрыхъущи, зэпымыууэ зызыужь щIэныгъэхэм ящыщщ астрофизикэри, зригъэхъулIэ къэпщытэныгъэхэр апхуэдизу куэдщ икIи зэмылIэужьыгъуэщи. Абы и щапхъэщ, уахэм зи гугъу тщIы мы и Iэхэлъахэм астрономхэм къыщахутари…  
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: