КъБКъУ-м и къудамэ щхьэхуэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ хэхам теухуа куратор сыхьэтхэр. Апхуэдэу Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ институтым и 2 - 4-нэ курсхэм щIэс студентхэм папщIэ иджыблагъэ екIуэкIащ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным хухэха куратор сыхьэт.
Абы къыщыпсэлъащ Университетым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБКъУ-м Граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ и центрым и унафэщI, дзэ Iуэху хэхам и ветеран, КъБР-м и Парламентым и ебланэ зэхуэсыгъуэм и депутат Шевчук Герман Алексей и къуэр.
Герман Налшык щыщщ, курыт еджапIэ №6-р къиухащ, Пятигорск къэрал университетым юрист IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. Иджыпсту зыпэрыт IэщIагъэр къыхихынымкIэ гъуазэ хъуар и анэ офицерырщ, 2005 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхъумэхэм IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэр къащытеуам Герман и анэм уIэгъэ хъуа спецназ зауэлIхэр къригъэлауэ щытащ икIи абы папщIэ къэрал саугъэт къахуагъэфэщат.
«Сэ зауэлIхэм я унагъуэм сыкъыщыхъуащ, абыхэм я щапхъэри куууэ зыхэсщIэу сыкъыдэкIуэтеящ, - жиIащ Шевчук. - Университет нэужьым дзэм къулыкъу щысщIэну сыкIуащ, япэщIыкIэ - илъэскIэ, итIанэ сыкъэнэну мурад сщIащ».
И ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуу Герман и гъащIэр зыхъуэжа мурад быдэ ищIащ - Таджикистан Республикэм къулыкъу щищIэну кIуащ. Илъэситху щигъэкIуащ Афганистаным и гъунапкъэм, япэщIыкIэ снайперу, иужькIэ дзэ тIасхъэщIэх снайпер гупым и командиру.
«Школым алгебрэр, физикэр, химиер щыслъагъу хъуртэкъым, - пыгуфIыкIыу зыкъеумысыж Герман. - Таджикистаным щIэрыщIэу сыщеджэн хуей хъуащ: физикэр – фочышэр щылъатэкIэ и псынщIагъыр хьэуам и Iувагъым зэрелъытар къэзбжыфын папщIэ, химиер – къагъауэ пкъыгъуэхэр згъэхьэзырыфын папщIэ, алгебрэр – баллистикэ къэбжыкIэхэр зэзгъэщIэн папщIэ. А псори видео-дерсхэм сеплъурэ, езыр-езыру зэзгъэщIэжын хуей хъуащ», – жеIэ щIалэм.
2022 гъэм дзэ Iуэху хэхам кIуащ Шевчук. Ар хэтащ зэхэуэ нэхъ гуащIэхэм я курыкупсэм. «Зы махуэр махуищу къыпщыхъурт, - игу къегъэкIыж абы. - Псом хуэмыдэу хьэлъэт Новоселовкэ къуажэр хуит къэщIыжыным папщIэ екIуэкIа зауэр».
IэщэкIи къарукIи мыхьэнэншэ хъуа зауэлIхэр зы жэщ-махуэкIэ зэпымыууэ пэщIэтащ бийм, езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ хъум. ЩытыкIэр шынагъуэ щыхъум, командованэм унафэ къищтащ икIуэтыжыну. Ауэ абы щыгъуэми, куэд хэкIуэдэнут. Илъэс 26-рэ зи ныбжь щIалэщIэм унафэ ищIащ и гъусэ гупыр икIуэту щIыпIэ шынагъуэншэм зыщагъэпщкIуну, апщIондэху бийхэр езым зэтриIыгъэну. И закъуэу пулемётрэ снайпер фочрэ иIыгъыу унэ зэтетым щIэтIысхьэри, бийм шэр тригъэлъалъэурэ зэманыр игъэкIуащ.
ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, и гупым унагъуэ къызыпэплъэ адэхэр, щхьэгъусэхэр хэтт. Ар хуейтэкъым зыгуэрым и щхьэгъусэр фызабэ хъуну, и бынхэр адэншэу къэхъуну.
Герман зыщIэс унэм бийм и лагъымыр къытехуэри, зэтрикъутащ. Къутахуэхэм я лъабжьэм къыщIэхута щIалэр мэхащ, и Iэпкълъэпкъыр зэхимыщIэж хъуащ. Зы жэщ-махуэкIэ щIэлъащ ар абы, бийхэр къызэреуэм щхьэкIэ, и ныбжьэгъухэм къамыщтэжыфу. КъащыIэрыхьэжам Шевчук зэхихыртэкъым икIи псэлъэфыртэкъым. И узыншагъэр зэрызэтригъэувэжар етIуанэ лIыгъэу жыпIэ хъунущ дзэлIым:
«Сымаджэщым и щхьэгъубжэм сыдэплъырт: щIыбым гъащIэ щекIуэкIырт, зэщхьэгъусэхэм къакIухьырт, сабийхэр гуфIэрт, дыгъэр къепсырт. Сэ кIыхьу сыщылът. КъызгурыIуар зыщ: апхуэдэу иух хъунутэкъым си гъащIэр. Нэхъ мащIэ дыдэмкIэ къыщIэздзащ, узми, нэпс къригъакIуэми, си Iэпэхэр згъэхъеин щIэздзащ, схузэфIэкIыр арати. ИтIанэ коляскэм сыкъикIри, щIакъуэ баш къэсщтащ. Сыджалэрт, сыкъэтэджыжырт, ауэ медикхэм жаIэр си фIэщ хъурт. Нэхъыщхьэжрати - сэ езым си фIэщ хъуащ сыкъэтэджыжын зэрысхузэфIэкIынур».
Иджыпсту Герман и тхьэкIумэ сэмэгум и закъуэщ зэхэзыхыр, ауэ итIани гъащIэм жыджэру хэтщ. Абы игъэва гугъуехьхэр къызэнэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн хуэхъуащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр, ныкъуэдыкъуагъэ зэрыбгъэдэлъымкIэ дэфтэрхэр хузэрагъэпэщащ, лэжьапIэ къыхуагъуэтащ. 2024 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Шевчук Герман КъБъКъУ-м и ректор Алътуд Юрэ иригъэблэгъащ Граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ центр къызэIуахати, абы и унафэщIу ягъэувыну.
Апхуэдэу зи гъащIэр къекIуэкIа лIыхъужьым щIалэгъуалэр къыхуриджащ университетым щагъакIуэ илъэсхэм пщIэ хуащIыну:
«Сынывохъуапсэ. Ахэр нэхъ гукъеуэншэу гъащIэм хэт зэманщ. Сэ Пятигорск сыщыщеджэм спорт комитетым и унафэщIу сыщытащ, зэхьэзэхуэхэр къызэзгъэпэщырт, фIыуи седжэрт. Фэри зыIэщIэвмыгъэкI а фIыгъуэхэр», – жиIащ хьэщIэм.
Куратор сыхьэтыр щIэблэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Студентхэм Герман упщIэхэр иратащ и къулыкъум, и узыншагъэр зэрызэфэувэжам, хэкупсагъэм теухуауэ. ЩIалэм псоми жэуап яритащ, псалъэ хэIэтыкIахэр мыхъуу, Хэкур фIыуэ лъагъуным, хуэпэжыным, и Iуэхухэр дэIыгъыным и гугъу яхуищIащ.
Куратор Беслъэней Зерэ къызэрыхигъэщамкIэ, студентхэм гурагъэIуэну хуейщ хэкупсэ нэсыр махуэ къэс зи щIыналъэм пщIэ, Iуэху щхьэпэ, лъагъуныгъэ къыхуэзыхьыр, къыхуэзылэжьырауэ зэрыщытыр.