Гъатхэм дэщIэрэщIэну![]() ЩIалэгъуалэм я унэм щагъэлъэпIащ Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр. Зэхыхьэ гуапэр къызэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ гушыIэ дахэ зыхэлъ ныбжьыщIэхэу ГъущIо Салимрэ Бишэн Миланэрэ. МакъамэкIэ, къафэрэ хъуэхъукIэ гъэнщIа концертым зэхуишэсат егъэджакIуэхэр, студентхэр, университетым и хьэщIэхэр.
Университетым и ректор Щхьэгъэпсо Заурбий и лэжьэгъу бзылъхугъэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи фIыщIэ яхуищIащ щIэныгъэ зэрабгъэдэлъым, егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ теухуауэ зэфIэкI зэраIэм папщIэ. Абы бзылъхугъэхэм яритащ щIыхь тхылъхэмрэ удз гъэгъарэ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ студентхэмрэ ирагъэблэгъа артистхэмрэ. Зэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ цIыхубэ къафэхэу «Насып», «Къэсей гуп» ансамблхэм, уэрэджыIакIуэхэу Хъыжьырокъуэ СулътIан, ЦокIыл Азэмэт, Еуаз Азэмэт, Хьэрэдурэ Динэ, Даур Иринэ, Джамалдинов Нурлан, Замаевэ Лейлэ, Бий Аслъэн, нэгъуэщIхэми.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
| ||





