Ди нобэрей щIалэгъуалэм я теплъэм, гупсысэкIэм, дуней тетыкIэм нэхъыжьхэр щIэх-щIэхыурэ топсэлъыхь, ирогузавэ. Пэжу жыпIэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ, гур хэзыгъахъуэ, гупсысэкIэ хьэлэмэтхэр зиIэ, зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэмкIэ къулейщ ди лъэпкъыр. ЗэрыжаIэу, къызыхэхъукI гъащIэм и гъуджэщ зи щIалэгъуэр. Ар пэжщ. Абы щIызгъужынщ мыри: дэтхэнэ сабийри гъащIэм зэрыхэтынур зи «IэмыщIэ икI» адэ-анэм, гъэсакIуэм, егъэджакIуэм халъхьэ хьэл-щэнхэмкIэщ.
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм зегъэужьынымкIэ лабораторэм и пашэ Щоджэн Iэминат къызэрилъытэмкIэ, жылапхъэ щIым халъхьам зэрегугъум ещхьущ дэтхэнэ балигъри сабийм и гъэсэныгъэм зэрыхущытын хуейр. КъэкIуэну гъащIэр щIэблэм щелъытакIэ, жылагъуэми дэтхэнэ балигъми я пщэ къыдохуэ щIэблэр зрикIуэну гъуэгур яхухишыну. Щоджэным зи гугъу ищI къалэнхэр дэгъуэу ягъэзащIэ Дыгулыбгъуей адыгэ къуажэжьым дэт, Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм и лэжьакIуэхэм. ЕджакIуэхэм я зэчийм зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ езыт егъэджакIуэхэм ящыщщ Нэзэр Марьянэ. Абы и гъэсэну щыта Гъубжокъуэ Марьям еджакIуэ нэхъ пашэ дыдэхэм ящыщу курыт школыр къиухащ. Еджэн и лъэныкъуэкIэ зэчий зыбгъэдэлъхэм папщIэ Бахъсэн районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм иригъэкIуэкIа «Илъэсым и еджакIуэ» зэпеуэм щытекIуауи щытащ. Марьям илъэс зыбжанэ хъуауэ усэ тхыным дехьэх, Бахъсэн къалэм, республикэм щекIуэкI зэпеуэ зэхуэмыдэхэм куэдрэ япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ. Ди газетеджэхэр щыгъуазэ сщIыну сыхуейт Марьям и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ усэ зыбжанэ.
Хуэфащэщ щхьэщэ егъэджакIуэм
ЩхъуэкIэплъыкIэщ дунейр, дахащэщ,
ЩыгъэпщкIуащ абы щэхуу IэфI куэд,
Пщэдджыжьыпэм дунейр къабзащэщ,
ЕгъэджакIуэ, уэ жыпIэр мыкIуэд.
Хэухуэнащ а псалъэхэр гъащIэм
Гъуэгущхьибл щызэхэкIым ар тетщ,
КъыщIигъалъэу Iущыгъэм и лъащIэр
ЕджакIуэхэм уи нэIэ ятетщ.
Анэ псалъэм абы къыпищэу,
ФIым Iэпэгъу хуищIыну ар хэтщ.
Псалъэ дахэкIэ гъащIэм хишэу,
Емызэшу сабийхэм яхэтщ.
ЕгъэджакIуэр сытми хуэIущщ -
Узыхуейм хуэхъуфынщ унэтIакIуэ.
Дунейм теткъым нэхъ лъапIэ, нэхъыфI
Къэбгъэнэным уи ужь лъэужь нэху.
Балигъ гъащIэм сабийхэр хишэнущ,
Гъуэгугъэлъагъуэ хъунущ и дерс.
Псалъэ Iущу жиIар зыхалъхьэнущ
ЕгъэджакIуэм фIы псори лърырес.
IэгупIэ хуэдизщ зэрыхъур гъащIэр,
А мащIэри пщIэншэу иримыхьэкI.
ЦIыхум уи сэбэп екIыныр
Хьэкъыу абы пхрокI.
БлокIыр гъащIэр къэмыувыIэу
ЕгъэджакIуэр ди гум имыху,
Гъатхэ дыгъэм дэуэршэру
ГукъэкIыжхэри къохьэху.
Дунейм дахагъэу иIэ псори
ЕгъэджакIуэм и нэгу щIрырекI.
Зыми пимыщIу щIэблэ къыщIэхъуэм
Куэдрэ ар узыншэу яхрырет!
Хуэфащэщ щхьэщэ егъэджакIуэм,
Хуэфащэщ пщIэ лей псор,
ЩрегуфIыкI ар пщэдджыжь дыгъэм
КъикIуэт зымыщIэщ ар, емызэшщ!
Япэ Президентым и фэеплъу
Гум къокIыж аргуэру, мис,
Си лъахэр зэрыпагэ адыгэлIыр,
Сэ уи хъыбару згъафIэр сыт хуэдиз
Къахьэсыжауэ си деж ди нэхъыжьыфIхэм.
Уэ уигъеинкIэ Бахъсэн иримыкъу,
Уи яужь махуэу
Нэщхъейщ къуажэдэсхэр
Нэпс ткIуэпсхэр псыхъуэм дэмыхуэж.
Уэ куэдрэ цIыхум я гум укъокIыж,
Уи псалъэ птахэр бгъэпэжащи,
Лъэпкъ уардэм къыхэкIа ЦIыху ин!
Яхэтыр дапщэ псэкIэ щIэмыхъуэпсу
Хъуэпсэгъуэу щIэблэ уэ къыпщIэтэджам?
Нэхъыжьу уахэсмэ, уабжырт нэхъыжьыфIу,
НэхъыщIэм нэхъыжьыфIу удиIащ.
Гуращэу уэ уиIам пытщэфмэ,
Пхуэфэщэн щIэблэ дыпхуэхъуау аращ.
Сурэтым соплъри - унэщхъейщ,
Дунейри хъуащ нэщхъей,
Лъэпкъым нобэ уахэмытыжми,
Дыщыхуэмыхункъым,
ЩIы уи фIэщ, уи пащхьэ.
Адыгэ фащэр уэ пхуэфащэщ,
Ар уи Iэпкълъэпкъми йокIущэ!
Ди насыпщ уэ пхуэдэ зиIа лъэпкъым,
Ди гуфIэгъуи гуауи къыддэбгуэшт.
Ар уи гум, уи псэм - псоми уи Iэпкълъэпкъым
Лъыуэ щIэт псомкIи пщIырт къабыл.
Гур зыхузыр…..
(Си анэм и фэеплъу)
Дуней гъащIэр гущIэгъуншэщ:
Бынри къегъэнэф зеиншэу.
ЗыхуэпщIар уи гъащIэр тыхь
Къыпщымысхьу хьэршым ехь.
Адэ-анэр щызэкъуэтым
Сыт нэхъ фIыгъуэ щыIэ мы дунейм?!
ГъащIэ дахэр жыжьи нэмысауэ,
Сядэм дунейр къытеункIыфIащ.
Анэ лъапIэу ущызиIэт мы гъащIэм
Си жэщ пщIыхьым урихьэщIэт,
«Мамэ!» - жысIэу уи цIэр згъафIэу
Си гухэлъхэм уащIт фIэрафIэ.
Ди гум илъхэр зэдэдгуэшу,
ТIури зыкIи демызэшу,
ЗэжетIэнхэр дгъуэтт гъунэжу.
Сэри, зикI, зыпщызмыгъэнщIу.
Ауэ узри гущIэгъуншэщ,
УещIыр занщIэу къарууншэ,
Мазэ бжыгъэм мамэ и фэ дахэм
Уз Iейм къыхинар зымащIэщ.
СыноплъыхукIэ, си псэ закъуэм,
Хъуам уи теплъэм къызетыр гухэщI.
Пасэу уи узыфэр дэ къэтщIамэ,
ЩIэх мыпхуэдэу умыхъунт уэ, мамэ!
ЗэIутхащ ди куэбжэр…
Анэ бгъеин нэхъ Iей сыт щыIэ?!
Сыту хьэлъэ, гур ехузыр,
КъиутIыпщыжынкIэ сымыгугъэ.
ГъащIэр уэрыншэу йокIуэкI, си анэ!
Си адэ, сыт пхуэтщIэжын?
СощIэ, бынхэм тхуэмыдэу,
Анэм и гуауэр уэ къохьэлъэкI.
Си гупсысэм гур хегъэщIыр.
СощIэр, зыми сыкъимыщIэу.
Щэхуу уи цIэр къызопсэлъ,
Си гур нэпсу шыугъэм хэлъщ…